Иджырей сурэтыщI

Зеущэ Арсен сурэтыщI Iэзэщ.   Грозный Иванрэ Мариерэ  я фэеплъу «Акрополь» уардэунэм щIэтыр аращ зи IэдакъэщIэкIыр.  
Арсен езым и дуней иIэжу къызэрекIуэкIыр нэрылъагъущ. Арагъэнщ абы и лэжьыгъэхэм куэду зэтепщIыкI гупсысэхэм ущIыхуашэфри. 
ЩIалэщIэм зэрыжиIэмкIэ, дунейм дахагъэ хэлъэгъуэным ехьэлIауэ Леонардэ да Винчи къигъэсэбэпу щыта Iэмалхэм тетщ. «Дунейм фIыуэ зыщыфплъыхь, фыпкърыплъыхь, абы къыщывгъуэтынущ фи гупсысэм зэи къыхуэмыгъэщIын образ телъыджэхэр», - яжриIэрт Леонардэ и гъэсэнхэм. Сыт хуэдэ гупсысэ-тIэ Арсен дунейм къыпкърихыр? - жаIэу щIэупщIэни щыIэщ. Абы и жэуап мы тхыгъэм щеттыну яужь дитынщ. 
Зеущэм и лэжьыгъэ  псоми я лейщ испы цIыкIухэм ятрищIыкIа гуащэ телъыджэхэр. «Къопсэлъэным» хуэдэщи, зэпэпплъыхь пэтми защыбгъэнщIыркъым. 
- Сурэт щIыным сыщыдихьэхари къысхуэщIэжыркъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, сурэт щызмыщIа къысхуэгубзыгъыжыркъым. Ар дапщэщи си гъащIэм хэтащ, - жеIэ абы и IэщIагъэм зэрыхуэкIуам теухуауэ ущеупщIкIэ.
- Лэжьыгъэ и IуэхукIэ лъэныкъуэ куэдым зэрызупщытым гу лъыстащ. Сыт ар къызыхэкIыр? 
- Пэжщ, си творчествэм жыпхъэ пыухыкIа гуэр иIэкъым. Псалъэм папщIэ, академизмэм жыпхъэ иIэщи, абы утекI хъунукъым, ар сэ къызэзэгъыркъым. Сэ сызэреплъымкIэ, цIыхум сыт хуэдэ Iуэхум зрипщытми и гупсысэр жыпхъэ пыухыкIа гуэрым иригъэзэгъэну хущIэкъункIэ Iэмал иIэкъым. Гупсысэр тэмэму къэкIуэн папщIэ, шэщIауэ, хуиту убзыхун хуейщ. Армыхъу гупсысэм щыщ гуэр Iэмал имыIэу кIэрыхунущ, ар гупсысэм и купщIэрауи щытынкIэ хъунущи, абы хуэсакъын хуейуэ къысщохъу.
- Дэнэ щыбгъэлъагъуэрэ уи IэдакъэщIэкIхэр?
- Курыт еджапIэм сызэрыщIэсрэ зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм сыхэтащ, щIыхь, фIыщIэ тхылъ куэд дыдэ сиIэщ. Гъэлъэгъуэныгъэ зыбжанэ Бахъсэнрэ Налшыкрэ щысщIащ.
- Сытым утригъэгушхуэрэ уи лэжьыгъэм? 
- СурэтыщI цIэрыIуэ Шемякин-Къардэн Михаил упщIэ иратати, «Музэ симыIэмэ, сытхэфыркъым жызыIэхэр делэуращ», - жиIауэ щытащ (мэдыхьэшх). Сэ сызэреплъымкIэ, цIыхухэм я зэфIэкIыр зэрызэхуэмыдэм хуэдэу, я гупсысэкIэри Iуэху бгъэдыхьэкIэри зэтехуэркъым. Си щхьэкIэ сыхуейщ сигурэ си псэрэ езышажьэ. Лэжьыгъэм сыхуэзыгъэушым, си гупсысэ къезыгъэблхэм ящыщщ пасэрей сурэтыщIхэм я Iуэху бгъэдыхьэкIэр, Iуэху еплъыкIэ гъэщIэгъуэн къытхуагъэнахэр. Апхуэдэу зи лэжьыгъэкIэ зызмыгъэнщIхэм ящыщщ Брейгель Питер (нэхъыжьыр), Босх Иероним. Скульпторхэм ящыщу Антокольский Марк, Микеланджелэ Давид сымэ, нэгъуэщIхэри. Сыт и лъэныкъуэкIи зэщхь сыхъуну сызыщIэхъуэпс сурэтыщI сиIэкъым. Зи цIэ къисIуахэм псоми я IэдакъэщIэкIхэм сфIэфI, спэгъунэгъу хэтщ, ауэ сэ езым си творческэ гъуэгу сиIэжщи, абы сытетынущ.
- Таурыхъ лъахэм къикIа хуэдэ, уи гуащэ сурэтхэр гъэщIэгъуэн сщыхъуащ. Я сюжеткIэ ахэр зэщхьщи, таурыхъ тепхыну бгъэхьэзыру гугъэ уагъэщI. 
- Пэжыр жыпIэмэ, ар си хъуэпсапIэщ, къызэхъулIэмэ, арэзы сыхъунут. Ауэ зэкIэ а мурадым сыхуэкIуэу аркъудейщ. Гъэ зэмылIэужьыгъуэхэм зэпеуэ куэдым сыхэтащ. Къыхэзгъэщынут а зи гугъу пщIы лэжьыгъэхэр зыми зэрытезмыщIыкIар. А образхэр сэ къэзгупсысри, сщIауэ аращ.
Къезгъэжьар зищIысыр къызгурымыIуэу, ауэ сылэжьэну сыхуейуэ, сурэт щIын щIэздзэурэ а таурыхъ лIыхъужь цIыкIухэр къыхэкIащ. Лэжьыгъэ хьэзыру сиIэм нэхърэ къезгъажьэу хыфIэздзэжар куэдкIэ нэхъыбэщ. Сэ сымыарэзыуэ зыри дунейм къысхутегъэхьэнукъым, сыт хуэдиз зэманрэ къарурэ абы езмыгъэхьми, лэжьыгъэр си гум зэрилъым нэзгъэсын хуейщ.
- Грозный Иванрэ Мариерэ я теплъэр уэ къэбгупсыса хьэмэрэ ари зыгуэрым тепщIыкIа? Псом хуэмыдэу сфIэгъэщIэгъуэн хъуар Марие и теплъэращ. Ар нэхъ ипэкIэ слъэгъуахэм къащхьэщокI.
- Мыбыхэм я теплъэр зэфIэзгъэувэн папщIэ дэфтэр куэд дыдэ щIэзджыкIащ. Марие и сурэту зы закъуэ фIэкIа къызэрымынам Iуэхур гугъу ищIырт. Абы къыхэкIыу сэ сыхущIэкъуащ Марие и теплъэу ятхыжахэм нэхъ пэгъунэгъуу сщIыну. Сызэджахэм си щхьэм щызэфIагъэува теплъэрщ нобэ флъагъур. Ауэ, Грозный Иван зэрыс шэнтжьейр къэзгупсысакъым, Москва Iэщэ (Оружейнэ) палатэм щIэтым тесщIыкIыжауэ аращ.
- Арсен, зэман гъунэгъум выставкэ пщIыну уи мурад?
- Солажьэ, къызэхъулIэр зызогъэтIылъэкIри, сызыхуэарэзыхэм я бжыгъэр ирикъуауэ къыщысщыхъум деж згъэлъэгъуэнущ. Ди сурэтыщI ныбжьыщIэхэм я гъусэу гъэлъэгъуэныгъэ сщIыну, ахэр нэхъыбэу, нэхъыфIу къэсцIыхуну сыхуейт. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, дэ дызэрыцIыхуну Iэмал диIэкъым. Моуэ дыщызэхуэсын, дыщызэпсэлъэн, дыщызэчэнджэщын щIыпIэ диIэну сыщIохъуэпс. Ар ди зыужьыныгъэм хуэщхьэпэну къысщохъу.
- Уи мурадхэм дыщыбгъэгъуэзэн?
- Мы зэманкIэ испы цIыкIухэм солэжь. ЗэкIэлъхьэпыту зы гуп сщIыну сыхуейщ, ауэ сщIынум и бжыгъэр жысIэфынукъым. Сурэт щIыным нэхъыбэу селэжьыну си мурадщ.
- Къыхэпха IэщIагъэр тыншу къыпщыхъурэ? 
- Тыншкъым, ауэ абы и IэфIагъри гугъу зэрызыдебгъэхьым елъытащ. Дэтхэнэми зэфIэкI иIэу дунейм къытехьэр пэжу къыщIэкIынущ, ауэ абы игъуэтыну зыужьыныгъэр цIыхум а IэщIагъэм зэрызригъэлIалIэм куэдкIэ елъытащ. Творческэ IэщIагъэм гурыфIыгъуэ хэплъэгъуэн папщIэ, уи псэри уи къарури хэплъхьэн хуейщ. Лэжьыгъэр сызэрыхуейм хуэдэу хъуамэ, гугъу сызэрыдехьар сщогъупщэж.
- Уи IэдакъэщIэкIхэм лъэпкъ нэщэнэ яхэлъщ. УэркIэ уадыгэныр сыт?
- Шэч хэмылъу, срогушхуэ сызэрыадыгэм, ауэ езыгъэлейхэм сащыщкъым.
Адыгэхэр лъэпкъ щхьэхуэ зэрыхъурэ псы куэд ежэхащ, ауэ нобэми уадыгэнумэ, Iэмалыр гъунэжщ.
Епсэлъар Щомахуэ Залинэщ.
Поделиться: