Зэрыджэгу куэзырым хэтщ «король», «дамэ», «валет» жыхуэтIэхэр плIырыплIу. Абы тет сурэтхэр тхыдэм хэт цIыху щхьэхуэхэм тращIыкIащ. «Париж шаблоным» тет куэзырхэр XVII лIэщIыгъуэм къэунэхуащ. Ахэр тращIыкIащ сурэтыщI де Труа Гектор и лэжьыгъэхэм. Франджы куэзырхэм къыщыгъэлъэгъуа сурэтхэм лIыхъужь хъыбар ящIыгъущ.
Король трамэ фIыцIэр пащтыхь Давид жыхуаIэрщ. Израилым тетыгъуэр щиIыгъащ илъэс 40-кIэ. Ди эрэм ипэкIэ илъэс 1005 хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ тетыгъуэр иубыдри, ди эрэм ипэкIэ 965 гъэ пщIондэ иIыгъащ. Король трамэ плъыжьыр КъухьэпIэм и япэ пащтыхь Карл Иным (Великий) (742 е 747- 814 гъгъ.) тращIыкIащ. Франкхэм я пащтыхьу иригъажьэри, Карл Иныр езэуащ лъэпкъ куэдым. Абыхэм ящыщщ саксэхэр, итальянхэр, бавархэр, авархэр, лютичхэр, нэгъуэщIхэри. Абы пащтыхьыгъуэр иIыгъыху Франк къэралыгъуэм и гъунапкъэхэм егъэлеяуэ зригъэубгъуауэ щытащ. Король лэкъумыр тращIыкIащ пасэрей урым дзэзешэ Цезарь Гай Юлий (ди эрэм ипэкIэ 100 - 44 гъгъ). Цезарь къизэуащ Галлиер, и унафэм щIигъэуващ Франджыр, Британием и хытIыгухэр щIыгъуу. Цезарь Гай Юлий и IуэхущIафэхэм КъухьэпIэ Европэм и щэнхабзэ, политикэ щытыкIэм куэдкIэ зригъэхъуэжащ. Король жорыр Македонский Александр (ди эрэм ипэкIэ 356 – 323 гъгъ.) тращIыкIащ. Ар пащтыхь хъуауэ щытащ илъэс 20-м иту. Илъэс 13-м къриубыдэу Македонием и гъунапкъэхэр фIыуэ игъэбыдащ, Алыджыр, Къэжэрыр къизэуащ, къалэ куэд иухуащ.
Куэзырым хэт «дамэхэм» ящыщу трамэ фIыцIэр акъылым и гуащэу ялъытэу щыта, пасэрей алыдж тхьэпэлъытэ гуащэ Афинэм ирагъэщхь. Трамэ плъыжьыр – библием къыхэщыж Юдифу хуагъэфащэ. Лэкъумыр – библием къыхэщыж Рахилщ. Жорыр пасэрей алыдж IуэрыIуатэм (миф) хэт Аргинэу къыхагъэщ.
Валетхэм ящыщу трамэ плъыжьыр – франджы дзэзешэ де Виньоль Этьен тращIыкIауэ жаIэ. Ар нэхъ цIэрыIуэ хъуауэ щытащ Гир Ла цIэмкIэ. Трамэ фIыцIэр – франджы IуэрыIуатэм хэт Датчанин Ожьещ. Лэкъумыр – троян дзэзешэ Гектор тращIыкIащ. Чрестыр – Ланселотщ, пащтыхь Артур и лIыхъусэжьхэм ящыщщ.