Бланэ щалъху мэкIуэж

Гъэш Жаннэ КъБР-м и Лъэпкъ музейм и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъ пажэхэм ящыщщ, экскурсоводщ, зэдзэкIакIуэщ. Апхуэдэуи ар ящыщщ, гъэунэхуныгъэхэм пхыкIыу, зи Хэку, зи лъапсэ зыгъуэтыжахэм.

Жаннэ Сирием и къалащхьэ Дамаск къыщыхъуащ, япэ дыдэу Хэкум 1999 гъэм къэкIуат мыбы щеджэну. КъБКъУ-м инджылызыбзэмкIэ и къудамэм илъэсиплIкIэ щеджауэ, абы игъэзэжын хуей хъуа щхьэкIэ, 2011 гъэм Сирием зауэр къыщыхъейуэ, абы щыпсэухэр хэт ЕвропэмкIэ, хэти нэгъуэщI щIыпIэхэмкIэ Iэпхъуэу щыхуежьэм, Жаннэ тегушхуащ адыгэхэм я Хэкум къэкIуэжыпэну.
ЕтIуанэу къыщигъэзэжам, Гъэшым къиухащ Москва экономикэ институтым и къудамэу Налшык дэтым ЩэнхабзэмкIэ менеджментым и факультетыр. 
- Сирием щыIэ адыгэхэр нэхъ зэпэгъунэгъуурэ хьэблэ-хьэблэхэм дэсщ. Ди адэ-анэр зэпымыууэ хущIэкъуащ ди анэдэлъхубзэр тщамыгъэгъупщэнымрэ лъэпкъ хабзэхэр дагъэщIэнымрэ. Псалъэм папщIэ, Дамаск щыIэ Адыгэ Хасэм и къэфакIуэ гупым сэ илъэс 15-кIэ сыхэтащ. Къафэм къищынэмыщIа, адыгэ уэрэдхэри дгъэзащIэрт, спектаклхэр дгъэхьэзырт. Ахэр гъэмахуэ къэс къалэку дыдэм ит театрым щыдгъэлъагъуэрт. Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я щэнхабзэхэр утыку къыщрахьэ апхуэдэ пшыхьхэр махуищкIэ екIуэкIырти, абы дытемыпыIэу дыпэплъэрт, - игу къегъэкIыж Жаннэ.
ЯпэщIыкIэ хъыджэбзыр адэ-анэм я гъусэу Хэкум къэкIуэжащ. Мыбдеж и дэлъхури щеджащ. Иджыпсту и анэмрэ (Журтхэ япхъущ) абырэ Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм щопсэу, езым и хъыджэбзитIыр и гъусэу Налшык щыпсэумэ нэхъ къищтащ. 
- Пэжыр жысIэнщи, Хэкум, адыгэ хабзэм, анэдэлъхубзэм, къапщтэмэ, лъэпкъ Iуэхум нэхъыбэу хуэнэхъуеиншэу щытар ди адэ тхьэмыщкIэрат (Рамадант и цIэр). Абы ди тхьэкIумэм иригъэкIыртэкъым: «Фи Хэку, фи хабзэ, фи бзэ фщIэжын хуейщ» - жиIэу. Школыр къыщызухым, си дэлъхур мыбыкIэ щыIэгъэххэти, къызэупщIащ: «Хэкум ущеджэну ухуей?», - жиIэри. Сыщыарэзым, езыхэри си гъусэу къэкIуэжат, - жеIэ абы.
Хъыджэбзым и адэр абазэхэщ, Адыгейрат зыщыщыр, и анэр - (Зухра) къэбэрдейщ. Нэхъыжьыр щыпсэум лъэпкъыр нэхъ зэкIэлъыкIуэу щытащ, Жаннэ зэрыжиIэмкIэ, Къэбэрдейми Гъэшхэ щыIэщ.
- Дэтхэнэ хэхэсым и дежкIи Кавказыр жэнэт щIыналъэщ. Нэхъыжьхэр ди Хэкум щытепсэлъыхькIэ, ар таурыхъ пэлъытэущ уи нэгу къызэрыщIэувэр. Пэжуи, сыкъэкIуэжа нэужь, ар сэ езым згъэунэхуащ. Ди щIыуэпсым хуэбгъэдэн щыIэкъым. Си насып кърихьэкIри, си Iуэхухэр псори зэхуэхъуащ. Гугъу сехьауэ жысIэфынукъым. Куэд щIэгъэкъуэн къысхуэхъуащ, - дыщегъэгъуазэ абы. - Си анэдэлъхубзэм къищынэмыщIа, инджылызыбзэр, хьэрыпыбзэр, урысыбзэр зэрысщIэм, апхуэдэуи щэнхабзэм ехьэлIа IэщIагъэ зэрызэзгъэгъуэтар зрихьэлIэри, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Лъэпкъ музейм сыкъащтащ сыщылэжьэну. ЕтIанэгъэ илъэсипщI хъунущ абы лъандэрэ. Музейм къакIуэ зыплъыхьакIуэхэр ди гъэлъэгъуэныгъэхэм хэзгъэгъуазэу, хамэ къэрал къикIахэр зэдзэкIакIуэ хуеймэ, садэлажьэу аращи, пэжыр жыпIэмэ, IэнатIэ гугъущ, ауэ сфIэфIщ. Урысыбзэр зэзгъащIэу Сирием сыкIуэжауэ щытати, илъэс зыбжанэкIэ ар «зэрызмыгъэлэжьам» къыхэкIыу, етIуанэу сыкъыщыкIуэжам мащIэу гугъу сехьащ. Ауэ музейм и унафэщIми лэжьакIуэхэми фIыщIэ яхузощI си Iуэхур къызэрыздаIыгъам, сызэрытрагъэгушхуам папщIэ.
Жаннэ зэрыжиIэмкIэ, музейм нэхъыбэу цIыху щиIэр гъэмахуэращ. Швецием, Финляндием, Китайм, Японием, Тыркум, Сирием, Иорданием, Венгрием, нэгъуэщI къэралхэми къикIа куэдым IуэхущIапIэм зыщрегъэплъыхь, ди щэнхабзэм ахэр щегъэгъуазэ. ХьэщIэхэм куэд къахокI Лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликс иригъэкIуэкI мастер-классхэм едэIуэну зыфIэфI. Апхуэдэхэм деж жаIэр зэдзэкIын хуей хъумэ, Жаннэ дэIэпыкъуэгъу мэхъу. 
- Псалъэм папщIэ, иджыблагъэ ди хьэщIащ Тайвань къикIа цIыху гупрэ Судан къикIа зэщхьэгъусэрэ. Апхуэдэуи музейм зыщедгъэплъыхьащ Сириемрэ Иорданиемрэ я сабийхэм щыщу ди республикэм и зыгъэпсэхупIэхэм щыIахэм, абыхэм хьэрыпыбзэкIэ сахутепсэлъыхьащ ди IуэхущIапIэм ихъумэхэм. 
Жаннэ и хъыджэбзхэм я гугъу къытхуищIыну дыщелъэIум, къыджиIащ нэхъыжь Карлэ епщыкIузанэ классыр мы гъэм къызэриухар, нэхъыщIэ Дианэ ебгъуанэ класс хъуащ. 
- Пэжыр жысIэнщи, щыцIыкIум щегъэжьауэ тIуми урысыбзэр нэхъ тыншу къащтащ. Зэпымыууэ сэ сыхущIэкъуащ адыгэбзэкIэ абыхэм сазэрепсэлъэным, лъэпкъ хабзэхэм я мыхьэнэр сыт щыгъуи къагурызгъэIуэну сыхэтащ. Анэдэлъхубзэр къагуроIуэ, ауэ ирипсалъэркъым. ЩIыпIэ зэмыщхьхэм укъыщыщыхъукIэ, ухуей-ухуэмейми, уи гупсысэкIэр нэгъуэщI мэхъу, щызэтемыхуэ щыIэщ. Дэ хьэрып щэнхабзэм ижь мащIэу къытщIихуамэ, апхуэдэ дыдэу хэкурысхэми урыс щэнхабзэм гулъытэ нэхъ хуащI хуэдэу щытщ. Ауэ, гу зэрылъыстэщи, си хъыджэбзитIыр иджы нэхъ къызэупщI хъуащ лъэпкъым теухуауэ, ди хабзэхэм ехьэлIауэ нэхъыбэ къащIэну хуейуэ. Абы сыщогуфIыкI. 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: