Блий Iэюб Шлемышхуэм и медалыр къехь

Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ Олимп джэгухэм хэтыфынухэр къызэрыхах зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэн бэнакIуэ Блий Iэюб икIи ещанэ увыпIэр къыщихьащ.
2024 гъэм Париж щрагъэкIуэкIыну Олимп джэгухэм зи зэфIэкI къыщызыгъэлъэгъуэфынухэм халъытэн папщIэ, ди щIалэр яхэхуэн хуейщ, зэIущIэм къарикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь абы нэхъыфIу къыщалъыта дзюдоист 30-м икIи Блийм ар хъарзынэу зригъэхъулIащ.
Килограмм 60 зи хьэлъагъхэм я деж домбеякъ медалым щхьэкIэ абы къыпэщIэтащ Узбекистаным и бэнакIуэ Бахтиеров Камолиддин, ауэ адыгэ щIалэм ар зыIэщIигъэкIакъым. 
Къыхэдгъэщынщи, Блий Iэюб дунейпсо утыкушхуэхэм щригъэкIуэкIа зэхьэзэхуэхэм мыр и япэ ехъулIэныгъэшхуэу щытщ. ЩIалэм илъэс 26-рэ мэхъу. 
«Iэюб зэхьэзэхуэм щытекIуащ Испанием щыщ бэнакIуэ, дуней псом и чемпион Гарригос Францискэ. Блийр абы лъэщу ебэнащ икIи техникэфI къигъэлъагъуэу тридзащ. ЩIалэр адрей бэнакIуэ ехьэжьахэм къакIэрыхуркъым и IэзагъкIи и зэфIэкIкIи», - къыхигъэщащ Блийм и тренер Псэун Мурат. 
Ди жагъуэ зэрыхъущи, Урысей Федерацэм и спортсменхэр мы зэIущIэми хэтащ зыщыщ къэралыр къэмыгъэлъэгъуауэ.
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:

Читать также: