Кавказ псом щапхъэ къытрахырт

Фащэр лъэпкъ напэщ, и щэныр япэу уэзыгъэлъагъущ. Адыгэм лIэщIыгъуэ куэдым къыпхиха и фащэм тетхыхьари мащIэкъым, щапхъэ абы тезыхыу къэзыщта нэгъуэщI лъэпкъхэри нобэ къыддогъуэгурыкIуэ. Ди лъэпкъ фащэм и дахагъэм и закъуэкъым гу зылъыптэр, атIэ нэрылъагъущ ди япэ итахэм фэилъхьэгъуэм и плъыфэмрэ тхыпхъэмрэ гупсысэ, щIагъыбзэ куу зэрыщIалъхьар. 
ТхакIуэ Зиссерман Арнольд итхыгъауэ щытащ: «Адыгэхэр зы лъэныкъуэкIэ франджыхэм хуэбгъадэ хъунущ - Кавказ псом абыхэм я Iэщэ-фащэм, шы гъэсэкIэм щапхъэ щытрахри». Шэрджэсхэм ятеухуа апхуэдэ гупсысэхэр тхыдэм къыханащ дунейм щыцIэрыIуэ куэдым. ПщIэрэ щIыхьрэ зыгъуэта адыгэ фащэр нобэ махуэ къэс зедмыхьэми, иIэ гулъытэм зытедгъэгусэ хъуну къыщIэкIынкъым. 2012 гъэм щегъэжьауэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ ягъэлъапIэ Адыгэ фащэм и дунейпсо махуэр. 
Адыгэ фащэм зэфIэувэн щыщIидза зэманыр VI  лIэщIыгъуэм ирапх. Ар тохуэ адыгэхэм алыджхэмрэ византийхэмрэ нэхъ япэгъунэгъу къахуэхъуу, чыристан диныр къащтэу щыщIадзам. Ауэ фащэм и лъэ щытеувэпар XVIII - XIX лIэщIыгъуэхэрщ. Апхуэдэ фэилъхьэгъуэхэр нэхъ хъумауэ къыщагъуэтыжауэ щытащ Лабэ хэхуэж Балъкъ псы цIыкIум деж.
Адыгэ фащэм «черкесска»-кIэ еджэу урысыбзэм щыхыхьар 1861 гъэм щэкIуэгъуэм и 27-м тохуэ. 1828 гъэм ди фащэр къащтащ къэзакъхэм. ЗэратхыжымкIэ, Кавказ линэм и генерал-лейтенант Эмануэль къэзакъхэм я щыгъыныгъуэ зэхэтхъуар игу темыхуэжу псоми адыгэ фащэ зэрахьэну унафэ ищIауэ щытат. Илъэсищ дэкIри, урыс пащтыхь Александр II абы Iэ щIидзат.
Адыгэ фащэм къыгуэхыпIэ имыIэу лъэпкъ щэнхабзэр къигъэлъагъуэу къэгъуэгурыкIуащи, ар дыщIэпагэн щхьэусыгъуэшхуэхэм ящыщ зыщ. Ди нобэрей дакIуэ-бзакIуэхэм а лъэпкъ фIыгъуэр зэрахъумэным, зэрызрагъэужьыным иужь зэритми уегъэгушхуэ. Абыхэм я IэдакъэщIэкIхэр псыхэкIуадэ зэрымыхъур къегъэлъагъуэ нысащIэ бостейр къыщыхахкIэ, нобэ езыхэм я IэкIэ ямыдыжми, лъэпкъ фащэр нэхъ къэзыщтэр, ар езыгъэдыр нэхъыбэ зэрыхъужам. 
Дуней псом яфIэтелъыджэ адыгэ фащэр нобэ ди къэфакIуэ гупхэм ягъэлъагъуэ, утыку ирахьэ. Иджырей IэмалыщIэхэмрэ щэкI лIэужьыгъуэхэмрэ зэрефIэкIуар къэплъытэмэ, адыгэ фащэм и лIэщIыгъуэм зэрыпищэнум шэч хэлъкъым.
АдэкIэ къыдохь ди нэхъыжьыфI, Адыгэ унэ» тыкуэныр къызэIузыха IутIыж Мэжид лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэм ятеухуа и гупсысэхэр:
- Фащэр адыгэ унагъуэ къэс илъын хуейщ, - жеIэ абы. - Ар лъэпкъым ди теплъэщ, ди мыхьэнэр, ди псэукIэр къэзыIуатэщ. Дэтхэнэ адыгэри пщэдджыжьым гъуджэм щиплъэкIэ зэупщIыжыпхъэщ: «Сыт сэ си щхьэм, сыкъызыхэкIа унагъуэм, лъэпкъым яхуэсщIэфыр? - жиIэу. Абы и псэм хьэкъыу пхыкIын хуейщ зыщыщымрэ зищIысымрэ. Пщэдейрей махуэ диIэн щхьэкIэ ди купщIэр щIэблэм къагурыгъэIуапхъэу къызолъытэ. «Абы дызыкIэлъегъэплъыж. Ди блэкIар къыдегъэщIэжри, дызыхегъэплъэж. Си фIэщ хъуркъым адыгэ фащэр зэмыкIу лъэпкъым къытхэкIыну. Ар щыптIэгъамэ, уи зыIыгъыкIэри цIыху хэтыкIэри нэгъуэщI мэхъу, нэхъ лъагэ уещI. Фащэм мыхъумыщIагъэ уигъэлэжьынукъым, адыгэ нэмысым, хабзэм утету упсэуну къыпхуегъэув. Сыту жыпIэмэ, абы узэрыадыгэр къеIуатэ икIи ухуэфэщэн хуейщ.
Дыщэпс IуданэкIэ хэдыкIауэ
- Бзылъхугъэ фащэм хыхьэрт: щIагъщIэлъ, джанэ, бгъэщIыIур, абыхэм я щхьэм къытелъ бостейр, пыIэр. Адыгэ цIыхубзым и Iэпкълъэпкъым щыщ къыщIигъэщыныр емыкIут. Абы и дахагъэр и бгы псыгъуэрт. ЦIыхубз фащэм и пкъыгъуэ нэхъыщхьэр пыIэрат. Ар Iэмал имыIэу дыщэпс IуданэкIэ хэдыкIауэ щытын хуейт. Куэду зэхедз ар. Тэтэр пыIэкIэ зэджэр щхьэгуэу, лъахъшэу щIахэрщ. А зэманхэм а лъэпкъым пыщIэныгъэ гуэрхэр хуаIэрти, абыхэм ейм еплъри, ар къытращIыкIауэ арат. 
Къэбэрдей цIыхубзхэм я пыIэр лъагэщ, кIахэхэм ейр лъахъшэщ, нэхъ бгъузэщ. 
Уагъэ-щагъэхэр дэтхэнэ хъыджэбзми ищIыфу щытащ. «Дунейпсо модэ» жаIэри иджыпсту абы лъэщIыхьэным куэдыр хуопабгъэ. Адыгэр абы икъукIэ хуэсакъыу щытащ. Зэреджэр «модэу» ящIагъэнтэкъым, ауэ апхуэдизкIэ ди япэ итахэр щатIагъэм кIэлъыплъырти, псори зэгъэкIуат, псори къехъуапсэрт. Ар наIуэу сурэтыжьхэм къощ. ЦIыхубзым и фэ вакъэри фащэм и плъыфэм, зэхэлъыкIэм елъытауэ къыхахырт. 
ЦIыхухъум и зыхуэпэкIэри апхуэдэ дыдэт. Псалъэм папщIэ, и лъейр щхьэрыхъуэным плъыфэкIэ екIуу къыхихынт. 
Зыхуэдэ щымыIэ фэилъхьэгъуэ
- Цейр цIыхухъум и Iэпкълъэпкъым итIысхьауэ щытын хуейщ, лей зыри хэмылъу. ЦIыхухъуми цIыхубзми я Iэпкълъэпкъыр зэщIэкъуауэ, абы фащэр екIуу щытыпхъэт. Ди лъэпкъ фащэр цIэрыIуэ щIэхъуар апхуэдэ купщIэ хэлъти аращ. Сыт хуэдэ щыгъынми хуэдэтэкъым ар. ЗэрыжысIауэ, щыптIэгъамэ, узэрыхуейм хуэдэу уэрамым утет хъунутэкъым, хуэфэщэн зыIыгъыкIэ уиIэн хуейт. Адыгэ цIыхухъу фащэм и Iыхьэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ бгырыпхыр. Абы сэшхуэр, кIэрахъуэр, къамэр кIэрылът, къищынэмыщIауэ, Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэхэри (дыд, сэ цIыкIу хуэдэхэр) кIэрагъэзагъэрт. Ауэ зэманым зихъуэжурэ ахэр «аксессуар» хъужащ, я пIэкIэ фэм къыхэщIыкIауэ зэрагъэдахэ Iэмал ящIащ. 
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: