Афэрым, Идар!

Зэпеуэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ, КъБКъУ-м уэрэдымрэ къафэмкIэ и «Амикс» уэрэджыIакIуэ гупым хэт Куэцэ Идар Урысей Федерацэм и цIэкIэ хэтыну къыхуагъэфэщащ сабийхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Ди щIэблэр» лъэпкъыбэ зэпеуэм. 
Урысейм и цIэкIэ лъэпкъыбэ телевизионнэ зэпеуэм хэтыну Куэцэ Идар жиIэнущ езым итха «Вы со мной» уэрэдыр.
- Иджыри къыздэсым си фIэщ хъуркъым апхуэдиз лъэпкъ щыпсэу ди къэралышхуэм и цIэкIэ зэхьэзэхуэм сызэрыхэтынур. Жэуаплыныгъэ мы Iуэхум зэрыхэлъым къыдэкIуэу, гушхуэныгъи зыхызощIэ! Дзыхь къысхуэзыщIахэр зэрызмыгъэщIэхъунум сыхущIэкъунущ, си насып кърихьэкIыу а зэпеуэм хэтыну уэрэджыIакIуэ 13-м сащыхэхуакIэ, - жеIэ Идар. 
УэрэджыIакIуэм папщIэ зэпэIэщIэу фи Iэр фIэт икIи фыкIэлъыплъ хъунущ щэкIуэгъуэм и 16-м сыхьэт 22-м щIидзэу щIэкIуэгъуэм и 18-м сыхьэт 14.00-м иухыну зэпеуэм. Абы папщIэ мы Iуэхугъуэхэм упхыкIын хуейщ: www.ourgeneration.tv сайтыр къызэIупхыу, уи пощтымкIэ уихьэн хуейщ; зэхьэзэхуэм хэтхэм я уэрэдхэм уедэIуэн, Куэцэ Идар папщIэ Iэ пIэту (Урысей), иджыри къэралиплIым я лIыкIуэхэр къыхэбгъэщын хуейщ, зэпеуэм узэрыкIэлъыплъар къалъытэн папщIэ.
Зэпеуэм и кIэух концертыр щэкIуэгъуэм и 18-м «Москва» концерт тыпIэм щекIуэкIынущ. Абы и хьэщIэнущ Iуэхур къыхэзылъхьа Билан Димэ, уэрэджыIакIуэ Zivert  щIыгъуу. НТВ телеканалымкIэ къатынущ зэпеуэм и иужьрей Iыхьэр. КъищынэмыщIауэ, зэхьэзэхуэм хэтхэр зыщыщ къэралхэм я телеканалхэмкIи къатынущ ар. Ди республикэм икIыу абы зыкъыщызыгъэлъэгъуэну щIалэ цIыкIум и насып текIуэну ди гуапэщ!
«Ди щIэблэр» зэхьэзэхуэр «Сабий Евровиденэ» зэпеуэм хуэдэу япэу яублэ. Ауэ ар абы къыщхьэщокI щэнхабзэ лъапIэныгъэ инхэм, щIэныгъэм, гъэсэныгъэм зэрытраухуамкIэ, политикэ Iуэху зэрыхэмытынумкIэ. Китай, Бразилие, Азербайджан, Маврикий, Къыргъызстан, Монголие, Армение, Беларусь, Къазахъстан, Узбекистан, Таджикистан, Африкэ Ипщэ Республикэ - ахэм я лIыкIуэ хэтынущ мы зэпеуэм. 
Куэцэ Идар нэхъапэIуэкIэ хэтащ икIи щытекIуащ Николаев Юрий и музыкэ академием къызэригъэпэща «Пщэдджыжь вагъуэ» дунейпсо зэпеуэ зэIухам. УэрэджыIакIуэр щытекIуащ усэ, прозэ къеджэнымкIэ «Зажигаем новые звёзды» етхуанэ дунейпсо фестиваль-зэпеуэм (Сочэ), Крутой Игорь и академием къызэригъэпэща «Академия талантов» урысейпсо фестивалым (Краснодар), «Твой голос» дунейпсо фестиваль-зэпеуэм (Москва), «Радуга над Нальчиком» дунейпсо зэхьэзэхуэм (Налшык), «Золотой голос России» дунейпсо фестивалым (Москва), нэгъуэщI зэхьэзэхуэхэми. 

БЖЬЫХЬЭЛI Розэ.
Поделиться: