Къуажэр зыгъэунэхуа

«Къуажэр зыгъэунэхуа» - апхуэдэу пхузэдзэкIынущ къали 163-м къыщагъэлъэгъуэну хуиту, иджыблагъэ яутIыпща «Испытание аулом» фильмыр. Нэгъуеибзэрэ урысыбзэкIэ ар щытрахащ Къэрэшей-Шэрджэсым. Мыр икIи япэ фильм кIыхьщ, а республикэм щытрахауэ.

Урысейм щыпсэу лъэпкъ цIыкIухэр зы гукъеуэшхуэкIэ зэтохуэ: ар дэтхэнэ зыми и иджырей щIэблэм хамэбзэр къызэрытекIуэрщ, сабийхэм анэдэлъхубзэр зэрамыщIэрщ. КъинэмыщIауэ, хабзэжьхэр къызыдэгъуэгурыкIуэ кавказ лъэпкъхэм я нэхъыжьхэр иджырей сабийхэр зэрыIуэхуншэм, хабзэ зэрахэмылъым егъэгузавэ. Ар тегъэщIапIэ ищIри, фильмыр тезыха Сатыров Ислъам лIыхъужь нэхъыщхьэ ищIащ илъэс 11-м ит къалэдэс щIалэ цIыкIу Тимур. Ар къуажэм щыпсэу адэшхуэмрэ анэшхуэмрэ я деж ягъакIуэри, езыри нэгъуэщI цIыху мэхъу, зыкъом щIауэ зэмыпсалъэ и адэшхуэмрэ езым и адэмри зэрегъэкIуж.

УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр дэIэпыкъуэгъу яхуэхъури, фильмыр щытрахащ «Домбайфильм» киностудием. «Башкортостан» фильм техыпIэри къадэIэпыкъуащ, ауэ псори щытрахар Къэрэшей-Шэрджэсырщ.

КъШР-м щызэуIуа кинематографием и лэжьакIуэхэм я унафэщI, фильмым лэжьыгъэшхуэ езыхьэлIа Найманов Магомет-Алий игу къызэригъэкIыжымкIэ, абы япэщIыкIэ фильм кIэщI трихыну и гугъащ. АрщхьэкIэ Гергоковэ Хьэлимэтрэ Саитов Вадимрэ сценарийр зэхалъхьа иужь, фильмыр нэхъ кIыхь зэрыхъунур къагурыIуэри, ар нэхъ купщIафIэ ящIын папщIэ, ялъэкI къагъэнакъым. БзитIыр къызэрыщагъэсэбэпри фильмым зэрыбгъэдыхьа гупсысэ куум и щыхьэтщ.

Нобэми къуажэдэс щIалэ цIыкIуу зыкъэзылъытэж Сатыровым нэхъ пасэу къигупсыса теплъэгъуэ зыбжанэ мы фильмми хигъэхьащ. Режиссёрым игу къегъэкIыж лэжьыгъэм нэхъ гугъуу хэта Iыхьэр абы текIуэдэну мылъкур къигъуэтынрауэ зэрыщытар. Iуэхум фIыуэ хэлэжьыхьащ КъШР-м щэнхабзэмкIэ и министр Дулатов Азэмэт.

Фильмым щIэлъ хъыбарым и гугъу тщIымэ, блогер хуэдэу инстаграмым ис, илъэс 11-м ит Тимур цIыкIу и адэр къигъэгубжьри, тезыр папщIэу къуажэм ирагъэшащ. Ар КъШР-м хыхьэ Нэгъуей щIыналъэм щыщ Кызыл-Тогъай къуажэрщ. Нэгъуей лъэпкъым теухуа щхьэкIэ, мыбы ди щхьэ хуэдмыхьыфыну куэд къызэрыхэмыхуэнур IупщIщ. Тимур къуажэм ныбжьэгъуи жагъуэгъуи мымащIэу къыщегъуэт, Ася хъыджэбз цIыкIум и гур кIэропщIэ, шым тесу къежыхь - сытми, ди нэгум щыдгъэщIэращIэ кавказ теплъэгъуэкIэ гъэнщIащ. Фильмыр зэрытрахар урысыбзэщ, ауэ нэгъуеибзэр куэдрэ къыхохуэ, и лъабжьэм урысыбзэ зэдзэкIыгъэхэр кIэщIэту. Фильмым хъарзынэу «щагъэджэгу» дадэм «ар нэгъуеибзэкIэ дапхуэдэу?» зэрыжиIэри, щIалэ цIыкIум «урысыбзэкIэ къызжеIэ» псалъэхэр зэрыжьэдэмыкIри. Тимур инджылызыбзэр урысыбзэми нэгъуеибзэми япэ ирегъэщ, апщIондэху игу ирихь хъыджэбз цIыкIур къыщодыхьэшх: «Уи щхьэм зы бзэ фIэкIа имыхуэу ара?». Къуажэдэс хъыджэбз цIыкIум и анэдэлъхубзэр фIыуэ зэрилъагъум, абы и фIыгъэкIэ Тимури нэгъуеибзэм зэритхьэкъужым фильмыр гъэщIэгъуэн ещI. КъызэщIэубыдауэ уеплъмэ, ар теухуащ укъызыхэкIар, уи къежьапIэр пхъумэн зэрыхуейм, Iыхьлыгъэмрэ благъагъэмрэ я мыхьэнэм.

«Къуажэм игъэунэхуа» фильмыр щагъэлъэгъуащ Казань щекIуэкIа Дунейпсо муслъымэн кинофестивалым. НыбжьыщIэхэм ягу зэрырихьари, къыкIэлъыкIуэ сериехэр трахын зэрыщIадзари Сатыровым и фильмыр къызэрехъулIам и щыхьэту къоув. Фильмыр игу зэрырихьар къыхигъэщу, ар зыгъэува режиссёрым ехъуэхъуащ ди республикэм пщIэ щызиIэ, «Узлы» фильмымкIэ иджыблагъэ утыку къихьа Хьэмокъуэ Олег.

АдыгэбзэкIи фильм зыбжанэ утыку къихьащ иужьрей зэманым. КIахэбзэкIэ ягъэува «Пщы Марыхъур» фильм кIыхьщ. ЛIыхъужь нэхъыщхьэр Мысыр къикIыжа адыгэпщщ, Хэкум жагъуэгъу щикуэдщ, ауэ псоми ятокIуэ, хъыджэбз нэхъ дахэу яIэри къыдехьэх. Шыхэр, Iэщэ-фащэр, адыгэбзэр, тхыдэр - а псоми, дауи, адыгэмэ къакIэрех, ауэ зэхэзыгъэувам и мурадар мыращ пхужыIэн хуэдизу, купщIафIэу зэхэлъхьа хъуакъым. Пэжыр жыпIэмэ, аращ я дагъуэ нэхъыщхьэр «адыгэбзэкIэ тетхащ» зыхужаIэ фильм псоми. Махуэ зыбжанэ ипэкIэ, диплом лэжьыгъэ хуэхъуа и фильм кIэщIыр интернетым кърилъхьащ ДыщэкI Мухьэмэд. Ари «Пщы Марыхъум» ещхьу, адыгэ хуэIухуэщIэкIэ зэгъэпэщащ, и сюжетыр илъэс зыбжанэ ипэкIэ дунейм къытехьа, ЕмкIуж Анзор и «Хей» («Невиновен») жыхуиIэм зыгуэркIэ ещхьщ: щIалэ гуэр джэгум щыIэщIэукIэу къыщIэпхъуар зэрымыщIэкIэ иукIам и адэм егъэпщкIури, кърегъэл. ИужькIэ гъуэмылэ иретри еутIыпщыж.

ЩIэх-щIэхыурэ теплъэгъуэ кIэщIкIэ утыку къихьэ «Дыгъэ бзий» гупым «Унагъуэ» и цIэу фильм кIэщI цIыкIу трахащ. Адыгэбзэм зыщызыгъэнщIа щыIэ, псом хуэмыдэу ар фильмым щылажьэмэ?! ИтIани, сюжетхэр къызэрыгуэкIыу, узыхуаущийм уи тхьэкIумэр хуэдэгуу къагъанэ хуэдэу мэхъу, ди жагъуэ зэрыхъущи, а теплъэгъуэхэр. Абы и щхьэусыгъуэр псоми зэгъусэу зэхэдгъэкIын хуей къыщIэкIынщ. Дауи, мы зи гугъу тщIахэр зытетыр куэдкIэ нэхъ гъуэгу захуэщ, хьэлыншэнымрэ зызэкIэщIэшынымкIэ цIыхубэм я гулъытэр къэзыхьэхуну хуежьахэм елъытауэ.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: