Макъамэм и фIыпIэмкIэ къытхуэупса композитор![]() ДифI догъэлъапIэ Урысей Федерацэм, Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм я цIыхубэ артист, Абхъаз Республикэмрэ Краснодар краймрэ щIыхь зиIэ я артист, УФ-мрэ Адыгэ Республикэмрэ я Къэрал саугъэтхэм я лауреат, Адыгэ Республикэм щыщу композитор IэщIагъэм япэу хуеджа, СССР-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм хэт (1985 гъэ), Краснодар щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмкIэ и къэрал университетым щIыхь зиIэ и профессор, АР-м и Iэтащхьэм щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и чэнджэщэгъу, «Адыгейм и щIыхь» медалыр зыхуагъэфэща Нэхей Аслъэн и ныбжьыр илъэс 80 ирокъу.
Нэхей Аслъэн Къасым и къуэр 1943 гъэм щэкIуэгъуэм и 18-м Адыгэ Республикэм хыхьэ Джиджихьэблэ къуажэм къыщалъхуащ. Пасэ дыдэу адыгэ макъамэм, пшынэм, усэ тхыным дахьэха щIалэр етхуанэ классым щыщIэсым и къуэшым тыгъэ лъапIэ – гитарэ - къритат. КъыкIэлъыкIуэу пианинэм еуэу, накъырэ епщэу зригъэсащ. Абы щыгъуэ макъамэм хуеджэну триухуати, Краснодар щэнхабзэмкIэ и къэрал институтым щIэтIысхьэри, 1976 гъэм къиухащ. 1978 гъэм ар щIэтIысхьащ Тбилиси и къэрал консерваторэм и композитор факультетым. 1983 гъэм ар диплом плъыжькIэ къиухащ. 1992 - 1996 гъэхэм Адыгэ Республикэм и Композиторхэм я зэгухьэныгъэ къызэрагъэпэщам и унафэщIу лэжьащ. 1991 гъэм щыщIэдзауэ УФ-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ.
Поделиться:
Читать также:
29.11.2023 - 16:00 →
Страдивари и скрипкэ телъыджэхэр
16.11.2023 - 11:57 →
Афэрым, Идар!
13.11.2023 - 14:19 →
ПсапащIэ концертхэр
05.11.2023 - 12:00 →
И щIэинхэр фIыуэ зылъагъухэр
05.11.2023 - 11:32 →
Псэм и щэхухэр зыщIэ
|