Хьэрфхэр зэтехуа къудейщ

Италием щыIэ Аппенин хытIыгуныкъуэм и ипщэкIэ, Альпы бгы гупым и лъапэм деж щылъщ нобэ зэдгъэцIыхуну щIыналъэр нэмыцэхэмрэ урымхэмрэ я зэхуэдэ хэкуу къалъытэ Трентэ-Альтэ-Адиджэ автономиер. ЗыгуэркIэ ди лъэпкъым епхауэ пIэрэ а щIыналъэм кIуэцIрыж Адиджэ, языныкъуэхэм къызэрапсэлъымкIэ, Адиге псыежэхым и цIэр?

Италием кIыхьагъкIэ щыетIуанэ псыежэхщ Адиджэр. Шекспир и IэдакъэщIэкIхэмкIэ тцIыху, Ромеорэ Джульеттэрэ къыщыхъуа Веронэм кIуэцIрыж псышхуэщ. ЩIыналъэм и тхыдэм тепщIыхьмэ, а щIыпIэр ди эрэм ипэкIэ кельтхэм, е языныкъуэхэм зэрыжаIэмкIэ, этрускхэм тIысыпIэ яхуэхъуауэ щытащ. Европэм щекIуэкIа зауэхэм яужькIэ гъунапкъэхэр зэрахъуэжым елъытауэ, зэм Австрием, зэм Италием Iэрыхьэурэ, Япэ дунейпсо зауэм иужь псыежэхым зыщиубгъуа Трентэ-Альтэ-Адиджэр иужьрейм къыхуэнэпащ.

Мы псыежэхым щIыналъэр игъэщIэращIэ къудей мыхъуу, щIыпIэр псыкIи уэздыгъэ гъэсыныпхъэкIи къызэрегъэпэщ. Езыр Альпы къуршхэм къыщожьэри, Адриатикэ хым холъэдэж. Мыбдежым къалэшхуитIым я цIэхэр нэхъ къыщраIуэ: Трентэрэ Больцанэрэ. Трентэр урым къалэщ, Больцанэ нэмыцэхэр щынэхъыбэщ. ЩIыпIэм и цIэм къыхэщ «Трентинэ» цIэр латиныбзэм хуахь. «Альтэ Адиджэ» псалъэ зэпхам «Адиджэ псыежэхым и ипщэ Iыхьэ» жиIэу къокI.

Больцанэ къалэр ди эрэм ипэкIэ 63-нэ гъэм щIыпIэр зыубыдауэ щыта урым император Октавиан Август и къуэм и цIэджэгъущ. А лъэхъэнэм Больцанэ щIыпIэр иджыри псыпцIэт, ущыпсэу мыхъуну, ауэ гъунапкъэхэр нэхъ быдэ хъун папщIэ, къыкIэлъыкIуэу тепщэгъуэр зыIэрыхьа Клавдий Нерон Адиджэ, Исаркэ псыежэххэм я Iуфэхэм Iус жылэр и унафэм щIигъэувэри, плъырыпIэ щиухуауэ щытащ абдежым.

Мы щIыпIэр зи дахагъым пасэрей лъэхъэнэхэм щыщIэдзауэ, гъущI къызыхащIыкI пкъахуэхэр къыщыщIах, абы и фIыгъэкIэ экономикэми фIыуэ зеужь. ЩIымахуэр зэрыщIыIэм, къуршхэм уэс Iув зэрытелъым и фIыгъэкIэ, Трентэ-Альтэ-Адиджэр альпинистхэм я кIуапIэщ. Езыр зэрыщыту бгылъэщ, псыхъуэ щхъуантIэхэм, гуэлхэм, Iуащхьэ зэмыфэгъухэм ягъэщIэращIэу. А псори туризмэм зиужьынымкIэ щхьэпэ мэхъу.

НэгъуэщI щIыпIэ узыщримыхьэлIэ жызум лIэужьыгъуэхэр щагъэкI мы щIыналъэм. МыIэрысэр, шагъырыр, былымылыр, гъэшыр щыкуэдщ. Мы щIыпIэращ щыхахыр «Гранэ паданэ», «Азиагэ» кхъуей лIэужьыгъуэхэр.

Австрием, Италием, Германием зэпаубыду къекIуэкIа Альтэ-Адиджэ автономием нэмыцэхэри урымхэри хъарзынэу щызозэгъ, уеблэмэ щэнхабзэрэ пщэфIэкIэ IэзагъкIэ зэхъуажэу, щIыуэпс къызэрымыкIуэр зэгъусэу яхъумэу. ЦIыхубэм я процент 66-р урымыбзэкIэ мэпсалъэ, процент 33-м нэмыцэбзэр нэхъ къащтэ, проценти 4 хуэдизыр нэгъуэщIыбзэкIэ мэпсалъэ. БзэкIэ зэтемыхуэ щхьэкIэ, нэмыцэхэри урымхэри я динкIэ чыристан католикщ. 2011 гъэм екIуэкIа къыхэтхыкIым тепщIыхьмэ, мыбдежым щыпсэу цIыху бжыгъэр зы мелуаным щIегъу.

Мы щIыпIэр Италием нэхъ щызекIуэгъуейхэм хеубыдэ, ауэ зэрыдахэм къыхэкIыу, шынэм куэд къигъэувыIэркъым. ЩIыналъэм епха IуэрыIуатэми цIыхугур абы ирашалIэ. Абыхэм язщ Контуринэ хъыджэбзым и хъыбарыр.

Контуринэ зи цIэ пщащэр и мылъхуанэм ипIырт, езым и пхъуитIыр и гъусэу. Ауэ хъыджэбз зеиншэр и шыпхъуитIым нэхърэ нэхъ дахэт, абыхэм IущагъкIи ятекIуэрт. Контуринэ лъыхъухэр къыхузэпещэрти, езым ипхъухэр нэхъ пасэу иригъэшэн щхьэкIэ, и мылъхуанэм унафэ къыхуищIащ бзагуэрэ делэу фэ зытригъэуэну, езыми апхуэдэ хъыбар игъэIуащ. Ар сэбэп щымыхъум, анэнэпIэсым Контуринэ бгыщхьэм тет чэщанэм щIиубыдащ. Хъыджэбзым иджыри къелыну Iэмал иIэт, илъэсиблым и кIуэцIкIэ зыгуэрым фIыуэ къилъагъуу ишамэ. Ауэ хэтыт зигу къэкIынур пщащэ тхьэIухудыр бгыщхьэм тет чэщанэм щIэсу? Арати, Контуринэ цIыкIур апхуэдэу гущIэгъуншэу къурш кIуэцIым икIуэдэжащ. Арагъэнщ бгым ихьэ псоми хъыджэбзым и макъ дахэр зэхахыу къащIыфIэщIыр.

 Трентинэ-Альтэ-Адиджэ деж щызэхэт къуршхэм «доломит» жыхуаIэ мывэ лIэужьыгъуэ защIэу зэтелъ гуэр яхэтщ, «бгы фэншэкIэ» еджэу. Абы и хъуреягъкIэ щекIуэкIа хуэдэу зэхалъхьа хъыбархэм пасэрей лъэпкъыжьхэр псори зыгуэркIэ зэщхьу зэрыщытам ухуешэ. Зи пIалъэ иджыри фIыуэ имыгъэунэхуа щIыуэпсым, Уафэмрэ ЩIылъэмрэ щилъагъу къару мыцIыхухэм апхуэдэурэ къыщIэкIынщ цIыхур зэресар. Дэ Iэдииху и Iэблэм нэху идзу зэрыщытам шэч къытетхьэркъым. Урым псысэм къыхэщыж Мазэ къыщхьэщих нурыр апхуэдизкIэ инти, и псэлъыхъум дэкIуэну арэзы хъуа пэтми, пащтыхьыкъуэр къыбгъэдыхьэфыртэкъым.

Къуршым ис пащтыхьым и къуэрат Мазэр зэгуэкIуар. НыбжьыщIэхэм я гухэлъ зэтехуэри, я хьэгъуэлIыгъуэри дахат, ауэ хъыджэбзым и нурым щIалэр имылыпщIын, и нэр нэхум щIимысыкIын папщIэ, зэпэIэщIэу псэухэрт. Мэз кIыфIхэмрэ бгы фIыцIэ шынагъуэхэмрэ зигу кърамыгъэхьэ Мазэми зэризакъуэр къехьэлъэкIырт, и насыпым гузэгъэгъуэ къримыту. Арати, а къуршым гномхэр щыпсэууэ къыщIокI, дэ испыкIэ дызэджэ цIыху лъэпкъыгъуэм зыгуэркIэ ещхьу, нэщыпхъуэзехьэ къару ябгъэдэлъу. Уасэ папщIэу, гномхэм пащтыхьыкъуэм паубыдащ сытым дежи зрагъэгъусэну. Ар идэрэ и псалъэм тетыжмэ, Мазэмрэ езымрэ зэгъусэ ящIыну къагъэгугъащ. ЩIалэр зыхуеиххэр арати, гномхэм Мазэм и нэхур зэхуахьэсри, абыкIэ бгы фIыцIэхэр ираIащ. ЩIалэм и нэхэм иджы нысащIэм къыхуэна нэхур яхуэшэчынути, щауэмрэ пщащэмрэ зы защIыну Iэмал ягъуэтащ. Къурш фIыцIэ шынагъуэхэм абы лъандэрэ «бгы фэншэкIэ» йоджэ.

Тхыдэм и щыхьэт гъэщIэгъуэну Трентинэ къыщагъуэтыжащ хьэдэмыфхэр (мумиехэр), гъущI щагъэткIу хьэкухэр, нэгъуэщIыпIэ щамылъэгъуа ухуэныгъэ къызэрымыкIуэхэр. А псом къегъэлъагъуэ мыбдежым цIыхур ижь-ижьыж лъандэрэ зэрыщыпсэуар. Рим къэралыгъуэм ипэжкIэ, IV лIэщIыгъуэм щыхатIащ мыбдежым япэ бжэгъур. Урымхэм зи бзэри зи щэнхабзэри зрапх «раэти» этруск лъэпкъыр я лъабжьэу къалъытэ Трентинэ щыщхэм.

Урым империер лъэлъэжа нэужь, мы щIыналъэр бийхэр зэбгъэрыкIуэ гъунапкъэу щытти, япэу бавар лъэпкъым яубыдащ. Абыхэм къатехъукIыжа нэмыцэхэрщ Больцанэ щыпсэур.

А псори щIызэдгъэщIар «Адиджэ» фIэщыгъэр зыгуэркIэ ди лъэпкъым епхауэ пIэрэ жытIэри арат, сыту жыпIэмэ, тхыдэм къыхощыж Кърым хытIыгуныкъуэр зи жьауэм щIэта генуэз урым лъэпкъ къудамэм адыгэхэм пыщIэныгъэ зэрыхуаIар. Ауэ мыбдежым щIыпIэм и цIэр зэратх хьэрфхэр зэрымыщIэкIэ ди лъэпкъыцIэм техуа къудейуэ худогъэфащэ. И IукIэ-тхыкIэр нэ къудейкIэ едгъэщхьын фIэкIа, «Адиджэ» псыежэхым худиIуэхуIауэ къытфIэзыгъэщIын тегъэщIапIи зэкIэ дрихьэлIакъым.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: