КъатиплIу зэтет телъыджэ

 «Семирамидэ и хадэ кIэрыщIахэр» пасэрей Вавилоным бгъэдэлъа зэфIэкIышхуэм и дамыгъэу къэнащ. Хъыбар куэд зиIэ а хадэ къызэрымыкIуэр Вавилоным и тепщэгъуэр зэманкIэ зыIэщIэлъа Навуходоносор ЕтIуанэм и щхьэгъусэ Семирамидэ и цIэм ирапх. 

 Пащтыхь нысащIэр зыщыщыр Мидие щIыналъэрт, и цIэр Амидист. Вавилоным Ассирие къэралыгъуэр къезауэ зэпытти, Мидием и пащтыхь Киаксаррэ Навуходоносоррэ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIэри, благъи зызэхуащIащ. Езыхэм я бзэмкIэ хъыджэбзым и цIэр Шамураматт, аращ алыдж къэпсэлъыкIэ Семирамидэр къыздикIар. ПащтыхьитIыр зэгъусэу Ассирием текIуэщ, щIыналъэр тIууэ зэхуагуэшыжри, тхъэрэ псэууэ къэнэжат. Ауэ хъыджэбзым пшахъуалъэу щыт Вавилоным къэкIыгъэ зэрыщымащIэр щIэх-щIэхыурэ къыдригъэжейрт. 
Арати, нысащIэм Вавилоным игу щригъэгъэтIылъын папщIэ, пащтыхьым хадэшхуэ хухисэну мурад ещI. Ар лъагэу кIэрыщIауэ ягъэкIын хуей щIэхъуар щIыр нэгъуэщIыпIэ къызэрырашар арагъэнщ, вавилоныщIыр зэрысабалъэм къыхэкIыу. КъэкIыгъэхэр унэ кIуэцIым щIэт удз гъэгъахэм ещхьу, ягъэхьэзыра ашык абрагъуэхэм хасэри, блынхэм трагъэзэгъэжащ. 
 Тхылъхэм къызэрырахыжамкIэ, Семирамидэ и хадэхэр къатиплIу зэтетт, метр 25-рэ зи лъагагъ мывэ пкъохэм яIыгъыу. Езыр пирамидэм ещхьт, и лъабжьэ зэпэплIимэр зы лъэныкъуэмкIэ метр 42-рэ хъууэ, нэхъ бгъузэ лъэныкъуэр - метр 34-рэ хъууэ. Псы щIагъэлъадэр къыщIэмыжын папщIэ, хадэм и лъэгум псыпцIэ къамыл иралъхьэрт, итIанэ абы удзхэр, къэкIыгъэхэр, жыгхэр хасэжырт. Зэи мыгъуалэ хадэм щIагъэлъадэ псыхэр ахэр зыIыгъ пкъохэм я кIуэцIым ит бжьамийхэмкIэ зэбграшырт. 
 Блын задэхэм тету къагъэкIа а хадэр апхуэдизкIэ къызэрымыкIуэти, «дунейм и телъыджэ еянэ» фIащащ. Дуней жэнэтым и щапхъэу къалъытэ а щIыпIэм ирагъэщхьу, хадэ куэд къагъэкIащ абы лъандэрэ. Семирамидэ и цIэр зезыхьэм ит къэкIыгъэхэм къалэр ягъэщIэращIэ къудейтэкъым, къыпыкIэхэр яшхырт. Езыр апхуэдизкIэ Iэмал гъэщIэгъуэнкIэ зэгъэпэщати, а лъэхъэнэм архитектурэри псы щIэгъэлъэдэкIэ Iэмалхэри жыжьэ зэрынэсам и щыхьэту къэнащ. 
 Вавилон къалэр нэгъуэщI зыгуэркIи цIэрыIуэщ. Псоми ящIэ Тхьэр къагъэгубжьу, бзэхэр щIызэхагъэзэрыхьыжа цIыху къызыфIэщIыжахэр а къалэм зэрыдэсар. ЦIыхуу дунейм тетыр зы бзэкIэ псалъэу щытати, вавилон пащтыхьым уафэм нэс чэщанэ дрищIеину мурад ищIри, нэлатыр къытехуащ. Абы лъандэрэ бзэкIи дуней тетыкIэ хабзэкIи дызэтехуэжыркъым. Ар хъыбар къудей къыщIэкIынщ. Ауэ тхыдэджхэм ятххэм уриплъэмэ, Фурат (Евфрат) псым и Iуфэм деж япэ унэхэр щаухуэн щIадза нэужь къэунэхуа пасэрей къалэщ Вавилоныр. И къару илъыгъуэр Аккад пащтыхьыгъуэм ирапх, хуэгъэфэщауэ ди эрэм ипэкIэ илъэс 2200-м. А зэманым къалэр икIи къэрал хуэдэу арати, Вавилон пащтыхьыгъуэм и щыхьэр хъужа мы щIыналъэм цIыху мин 200 хуэдиз дэсащ. 
 Тхыдэм нэхъ къыхэщ напэкIуэцIхэм язщ Хаммурапи пащтыхьым и унафэ зехьэгъуэр, ди эрэм ипэкIэ 1792 гъэм ятхар. «Хаммурапи и хабзэ» жыхуаIэр иджырей конституцэхэм я адэжьу къалъытэ. 1901 гъэм пасэрей Вавилоным иубыду щыта щIыпIэм Хаммурапи и хабзэхэр мывэм теIущIыхьауэ къыщагъуэтыжри зэрадзэкIащ. 
 МетритI зи лъагагъ мывэ блыным тет хабзэ 282-р лIэужьыгъуэ зыбжанэу игуэшырт: граждан хабзэ, щIэпхъаджагъэу къалъытэр, щIыр гуэшын зэрыхуейр, къинэмыщIхэр. Пасэрей Месопотамиерат Вавилоныр зыхыхьэри, псори а щIыпIэм щызекIуэ аккад бзэмкIэщ зэрытхар. 
Псалъэм папщIэ: «Зыгуэрым нэгъуэщIым ищI къиубыдмэ, укI тезыр къытохуэ». «ПщылIым и пщыр иукIмэ, укI тезыр къытохуэ». 
 Вавилоным нэхъ пащтыхь гущIэгъуншэу дэсахэм язу жаIэ ищхьэкIэ зи цIэ къыщитIуа Навуходоносор ЕтIуанэр. Абы и лъэхъэнэрщ къалэр быдапIэ щыхъуари нэхъ зыщиужьари. 
 Зызэман Вавилоным Персиер къебгъэрыкIуэри къытекIуащ. Ауэрэ Македонский Александр утыкум къихьэри, абыи мы къалэр и унафэ щIэтхэм хигъэхьауэ щытащ. Нобэрей картэмкIэ Вавилон къалэжьым и къутахуэхэр Багдад километр 88-рэ хуэдизкIэ пэжыжьэу хуагъэфащэ. Ухуэныгъэхэр, дауи, итыжкъым, ауэ щIэх-щIэхыурэ хьэпшыпыжьхэр къыщIахыж. Ди къежьапIэр зэтпх хьет/хьэт къэралыгъуэр нобэ зи гугъу тщIы Вавилоным гъунапкъэкIэ екIуалIэу щытащ. 
 Мы пасэрей пащтыхьыгъуэр иджыри унэ ухуэкIэ гъэщIэгъуэнкIэ цIэрыIуэт. 1892 гъэм къагъуэтыжа ухуэныгъэхэр мывэ хэмытыххэу, ятIэ чырбыш защIэкIэ зэтралъхьауэ къыщIэкIащ. Блынхэр дыщэм хуагъадэ мывэ щIыху лъапIэкIэ къищIыкIат. Унэ нэхъыбэм зы пэш закъуэ хэту арат. Нэхъ бейхэм ар къэкIыгъэ зэрыт кхъуэщынхэмкIэ, жэщ уэздыгъэхэмкIэ ягъэщIарэщIэрт. Вавилон деж къыщагъуэтыжащ сабийхэр зэрыджэгуу щыта ятIэ джэгуалъэхэри, балигъхэм нобэми зэрахьэ кIэнхэри. Вавилон и медицинэми фIыуэ зиужьат. Пасэрей тхыгъэхэм кърахыжа хъыбархэм зэрыжаIэмкIэ, мы къалэм дэт бэзэрхэм сымаджэхэм папщIэ къуэгъэнапIэ щхьэхуэ хэтти, бэзэрым техьахэр абыхэм ябгъэдыхьэурэ ягухэр дахэ хуащIын хуейт. Чэнджэщ фIэкIа иумытми, сымаджэм ущIэупщIэныр хабзэт. Езы сымаджэхэр тхьэелъэIупIэхэм кIуэну хагъэзыхьырт. Абы щылажьэ духьэшыхэм цIыхур и гъащIэм щIагъэгупсысыжырт, тхьэ нэлат къыщIытехуэнкIи хъуну щхьэусыгъуэхэр игу къигъэкIыжыным ирахулIэу. ЦIыхум IэщIэщIамкIэ зыкъиумысмэ, узри IукIуэту къалъытэрт. Тхыдэджхэм Вавилон къыщагъуэтыжа тхыгъэхэм хущхъуэ зэхэлъхьэкIэхэри хэтауэ жаIэ. 
 Дунейр ди япэкIи щыIащ, адэкIи къызэрыхуиухам хуэкIуэнущ. Дигу хэзыгъэщI къэхъукъащIэхэм дамыгъэгужьеин, фIым дыщыгугъыфу дыкъэнэн папщIэщ мы тхыдэ напэкIуэцIхэр къыщIызэтеддзыр. ЩIэныгъэ зыбгъэдэлъыр хъыбарыщIэм къигъапцIэркъым. 
 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: