НэгъуэщI къару хэхыпIэ гуэр иIэ?

Адыгэбзэр хъумэным, егъэфIэкIуэным теухуауэ псалъэмакъ Iэджэ къаIэтащ, ирагъэкIуэкIащ. Ахэр зэмылIэужьыгъуэ куэд мэхъу. А псалъэмакъхэм нэхъыщхьэу IуэхугъуитI къахонэхукI. 
Зыр – нобэрей адыгэр и анэдэлъхубзэм зэрыхущытым, хуищI пщIэр зыхуэдэм, щIалэгъуалэр и анэдэлъхубзэм щIэпIыкIыным, ныбжьыщIэм адыгэбзэ Iурылъхьэжыным хуэгъэза псалъэмакъырщ. ЕтIуанэр – адыгэбзэр нобэ зэрыт щытыкIэм, абы и псалъэхэм я къулеигъэр зыхуэдэм, а къулеигъэр къызэгъэпэщыным ехьэлIа Iуэхугъуэхэрщ. 
Бзэм и къулеигъэм теухуауэ. Адыгэбзэр пасэм къулейсызауэ пхужыIэнукъым. Ауэ гъащIэр и пIэм иткъым, ар кIуэтэху, щIэныгъэм зиужьыху, гъащIэм къыщыхъу IуэхугъуэщIэхэм мыхьэнэщIэхэри къагъэщIри, ахэр къэзыIуатэ псалъэщIэхэри бзэм къыхохьэ. Апхуэдэ псалъэхэм, тхыбзэ зимыIа адрей бзэхэми хуэдэу, адыгэбзэри хуэныкъуэ мэхъури, псалъэхэр а къызэрахьа дыдэм тету и бзэм хегъэхьэ. Ар мыхьэнэщIэ иIэу гъащIэм къыхыхьа псалъэщIэхэрщ. Ауэ щыIэщ адыгэбзэм нэхъапэм хэтауэ, ноби гъащIэм щызекIуэ мыхьэнэхэм езэгъ псалъэхэу дахэ-дахэу къамыгъэсэбэпыжхэр. Мис апхуэдэ псалъэжьхэр къэгъэщIэрэщIэжыным и телъхьэхэми, абыхэм дахуэмейуэ зыукъуэдийхэми уахуозэ. Адыгэм IэщIэхуж хуэдэ хъуа псалъэхэр бзэм къыхэгъэхьэжыным и телъхьэхэм къалъытэ яIэщIэхужа а псалъэхэр къыдэхыжыным анэдэлъхубзэр къигъэберычэтыжыну. 
Апхуэдэ псалъэхэр зымыдэхэм къагъэув ахэр къыщIэплъыхъуэжын щымыIэу, абыхэм я пIэкIэ нэхъапэIуэкIэ нэгъуэщIыбзэм кърахауэ нобэ къэдгъэсэбэпхэм къатенэжыпхъэу. Иужьрей зэманым псом япэу абыхэм фIэгъэнапIэ ящIыр мазэцIэхэр адыгэбзэкIэ тхыныр къыдахыжыну яужь зэритырщ (псалъэм папщIэ, «Адыгэ псалъэ» газетым ахэр адыгэбзэкIэ итхыу къызэрыщIидзар гуапэ ящыхъуакъым). Апхуэдэуи ахэр хуейщ адыгэбзэкIэ ятх мазэцIэхэр къарыкI мыхьэнэкIэ мытэмэм хуэдэу къыщIрагъэдзыну икIи абы щхьэкIэ къагупсысхэр гурыIуэгъуэкъым. Къэтщтэнти мазэцIэхэм ящыщ зым: «мэкъуауэгъуэм» ехьэлIауэ языныкъуэхэм мыпхуэдэу зэраукъуэдийр: сыт «щIэмэкъуауэгъуэр»? – мэкъу а мазэм къриубыдэ лъэхъэнэм и мызакъуэу, нэгъуэщI зэманхэми уеуэ хъунущ. Пэжщ, хъунущ, еуэ мэкъу, а мазэм и пэ къихуэуи, а мазэр икIа нэужьи, ауэ апхуэдэ мэкъуауэкIэм щIумыдзэ щIыкIэ мыпхуэдэу егупсысыпхъэщ: ди япэм ита нэхъыжьыфIхэу гъэм а и зэман пыухыкIам мэкъуауэгъуэ мазэ фIэзыщахэм мэкъуауэным IэджэкIэ нэхъыбэ хащIыкIыу щытагъэнукъэ, «мэкъуауэгъуэм» пэщIэувауэ нобэ езауэхэм нэхърэ? Ди нэхъыжьхэм илъэс куэдкIэ ягъэунэхуагъэнт а зэманым ирихьэлIэу удзыр дыгъэпскIи псыкIи ирикъуауэ и фIыгъуэ дыдэ зэрыхъур, нэхъ пасэу пыбупщIмэ, кIынкIэ иримыкъуа удзым къытекIынур зэрынэхъ мащIэр. Е, бгъэкIасэмэ, гъужын щIэзыдза удзым мэкъуфI къыхэкIынутэкъым – ар и дыгъэлагъкIи, и къэуаткIи, и фIагъкIи куэдкIэ нэхъыкIэнут. АтIэ а щхьэусыгъуэ псори лъэныкъуэкIэ ебгъэкIуэтэкIыу, нэхъыжьхэм къыхаха псалъэр IэщIыб пщIыныр тэмэм? 
Ещхьыркъабзэу пхужыIэнущ адрей мазэцIэхэми ехьэлIауэ. МазэцIэхэр адыгэбзэкIэ тхыныр зымыдэхэм, апхуэдэурэ кIуэмэ, махуэцIэхэми адыгэбзэкIэ дахуейкъым, ахэри нэгъуэщIыбзэкIэ зэратхым хуэгъэкIуапхъэщ, жаIэу къагъэувыныр зыхуэIуа щыIэкъым. 
Ди бзэр хъумэным ехьэлIа псалъэмакъым мыпхуэдэ зы Iуэхугъуи гулъытэншэ щамыщIыныр сфIэтэмэмт. Ар адыгэ фIэхъус тыкIэхэрщ. Абыхэми мазэцIэхэм я ужьыр ирамыгъэху щIыкIэ, яхуэфащэ гулъытэ ягъэгъуэтыжыпхъэт. Адыгэ фIэхъус тыкIэхэр цIыхухэр щызэхуэза зэман, зэрызэхуэза щIыкIэ, щызэхуэза щIыпIэ елъытауэрэ куэду зэщхьэщедз. Адыгэ фIэхъусхэм ди щIэныгъэлIхэри хъарзынэу тетхыхьащ (псалъэм папщIэ, Бгъэжьнокъуэ Барэсбий, МафIэдз Сэрэбий, нэгъуэщIхэри). Сыт атIэ иджыпсту абы нэхъ узыгъэгузавэу хэлъыр? ФIэхъус тыкIэхэм я нэхъыбэр зэраIэщIэхурщ. Иджыпсту цIыхуитI зэхуэзамэ, щызэхуэза щIыпIи, зэмани, нэгъуэщIи емылъытауэ, фIэхъусыр «здрасти», «дэсиданэ» псалъэхэмкIэ икъукIэ тыншу зэфIагъэкIри, йожьэж. 
Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм адыгэ фIэхъусхэм яхэлъ дахагъэ, гупсысэ, купщIэ, мыхьэнэ телъыджэхэр ягъэкIуэдым и мызакъуэу, бзэр егъэфагъуэ. Зыкъом щIауэ ди лъахэм, псом хуэмыдэу къуажэхэм щыIэ еджапIэхэм хабзэу ягъэувауэ къыщекIуэкI мыпхуэдэ зы Iуэхугъуэм ехьэлIауэ дызыщIэгупсысыжыну игъуэ мыхъуауэ пIэрэ? ЕгъэджакIуэхэр классым щIыхьа нэужь еджакIуэ цIыкIухэм фIэхъус зэрырахыр дауэ? Пщэдджыжьым щIыхьамэ, «фыузыншэмэ» е «фи пщэдджыжь фIыуэ» жаIэныр егъэджакIуэхэм яфIэемыкIуу, хьэмэрэ я щхьэ трамылъхьэу ара? ЕгъэджакIуэм «здрастикIэ» цIыкIухэм фIэхъус ярихынщи, адэкIэ урокыр (псалъэм папщIэ, адыгэбзэр) егъэджын щIидзэнщ. Мыр хабзэу щыувар нобэкъым икIи дыгъуасэкъым. Аддэ зэ, зы зэман гуэр а лъэхъэнэм екIуэкIа идеологием апхуэдэу нэхъ ирагъэзэгъа, ди «хабзэжьхэм я щIэину» зэгуэр къалъытауэ щыта адыгэ псалъэхэм я пIэ «хабзэщIэм» иригъэува псалъэр игъащIэкIэ зэпхъуэкIыж, абы и пIэ адыгэ псалъэр ибгъэувэж мыхъуну зыгуэрхэм къыщIалъытэри щIаукъуэдийри сыт? Классым щIыхьа егъэджакIуэм адыгэ фIэхъус имытми къыбгурыIуэнущ, ар лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къахэкIа сабийхэр зыщIэс къалэ еджапIэмэ. Ауэ адыгэ защIэ зыщIэс къуажэ еджапIэм апхуэдэуи убгъэдыхьэныр езэгърэ? Хьэмэрэ, псэлъэн зэрыщIидзэххэу, нэгъуэщIыбзэкIэ фIэхъус тыныр сабийм и щхьэм ирумыгъэубыдэмэ, ар иужькIэ ныбжьыщIэм хузэмыгъэщIэжынкIэ шынагъуэ яIэу ара? Мис апхуэдэ упщIэхэри а зы Iуэхугъуэ закъуэм къегъэув. ИкIи а упщIэхэм я жэуапыр куэдым хьэзыру яIэ зэпытщ, атIэми, жэуапыр адыгэбзэр хъумэным, сабийм Iурылъхьэжыным хуэмылажьэу, зэран хуэхъуу. «Дыхуейкъым, цIыхухэм къащтэжынукъым, яхузэгъэщIэжынукъым», – аращ абыхэм я жэуапыр. 
Ди адыгэ псалъэ хъарзынэхэр ди бзэм апхуэдэурэ хэдгъэкIуэдыкIмэ, и куцIри, и къэуатри щIэкIынурэ, ар къарууншэ дыдэ хъунущ. АтIэ зи бзэр къарууншэ, куцIыншэ хъу лъэпкъым, узыншэу къызэтенэн папщIэ, бзэм нэмыщI, нэгъуэщI къару хэхыпIэ гуэр иIэ? 
 

 

Уэрэзей Афлик. 2013 гъэ
Поделиться: