ЗэфIэкIышхуэ зиIа адыгэлI

Фэеплъ

КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я ТхакIуэхэми Режиссёрхэми я зэгухьэныгъэхэм хэта, тхыдэтх, экономикэ, философие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, кинорежиссёр, сценарист, продюсер, композитор, уэрэдус, дирижёр, псапащIэ Къандур Мухьэдин и ныбжьыр илъэс 86-м иту иджыблагъэ дунейм ехыжащ. Хэт и гугъэнт зы мащIэкIэ узэIэбэкIыжмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым зи илъэс 85-р щызыгъэлъэпIа нэхъыжьыфIым теухуа фэеплъ тхыгъэ теддзэну?!

Къандур Мухьэдин Иорданием и къалащхьэ Амман къалэм дэс адыгэ унагъуэм 1938 гъэм къыщалъхуащ. И адэ Иззэт Хьэсэнрэ и анэ Шыд Зэкиирэ XIX лIэщIыгъуэм Кавказ Ищхъэрэм (Тэрч районым хыхьэ ХьэпцIей къуажэм) иIэпхъукIа адыгэхэм къатехъукIыжащ. 
Къандур Мухьэдин Урысей Федерацэм, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Японием, Германием, нэгъуэщI къэралхэми я саугъэт лъапIэу къыхуагъэфэщар куэд мэхъу. Ар хагъэхьащ илъэс миным и цIыху нэхъ цIэрыIуэ дыдэу къалъытэ 500-м. Гуапэщ къыхэбгъэщыну КъБР-м и Архив IуэхущIапIэм жылагъуэ-политикэ тхылъхэмкIэ и Управленэм Къандур Мухьэдин и фонд щхьэхуэ къызэрыщызэрагъэпэщар. Абы хагъэхьащ ди лъэпкъэгъу цIэрыIуэм и гъащIэмрэ гуащIэмрэ къыщыгъэлъэгъуэжа лэжьыгъэхэмрэ и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэмрэ. Апхуэдэщ томищым щызэхуэхьэса и «Кавказ» («Чеченские сабли», «Казбек из Кабарды», «Тройной заговор») романыр, «Черкесы. Балканская история», «Революция», «Легенда», «Опасная связь» тхылъхэр, инджылызыбзэкIэ, тыркубзэкIэ, урысыбзэкIэ къыдэкIа и «Мюридизм» монографиер, «Воскрешение Богини Сатинай» нотэ Iэрытххэр, «Кавказ» кончертэр, абы и гъащIэмрэ гуащIэмрэ теухуауэ газетхэмрэ журналхэмрэ къытехуа тхыгъэхэр, интервьюхэр, письмохэмрэ телеграммэхэмрэ, абы и адэ, Иорданием и армэм и генерал Иззэт Хьэсэнрэ и щхьэгъусэ усакIуэ Бэлагъы Любэрэ ятеухуа тхыгъэхэр. 
Адыгэхэм я къекIуэкIыкIар гъуджэм хуэдэу къыщыгъэлъэгъуэжа тхыдэ романхэр, урысыбзэкIэ, инджылызыбзэкIэ, тыркубзэкIэ тха монографиехэр, макъамэхэм я нотэ Iэрытххэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа Къандур Мухьэдин 1995 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым Дунейпсо Адыгэ фонд къыщызэригъэпэщащ. Абы и зэфIэкIхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщалъытэри, 2008 гъэм фIащащ «КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ» щIыхьыцIэр. 
Урысейм и Кинематографистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Михалков Никитэ Къандур Мухьэдин «цIыху телъыджэут» къызэрилъытэр. Абы кином щиIэ зэфIэкIым щыхьэт тохъуэ Иорданием и пащтыхь унагъуэм щыщ принц Али Бен Аль-Хъусейни и жэрдэмкIэ, Къандурым 2009 гъэм Иорданием щытриха «Шэрджэс» фильмым Монако щекIуэкIа кинофестивалым дамыгъэ нэхъыщхьэхэр къызэрыщыхуагъэфэщар, «МелыIыч» саугъэтыр, «Илъэсым и кинорежиссёр нэхъыфI», «Илъэсым и сценарист нэхъыфI» щIыхьыцIэхэри щIыгъужу. Лэжьыгъэр щагъэлъэгъуащ Берлин, Тыркум, Дубай, Париж, Малайзием, Филиппины, Японием, нэгъуэщI щIыпIэхэм щекIуэкIа кинофестивалхэм. «Аватар» фильмым щIыгъуу ар утыку кърахьами, щIэупщIэ нэхъыбэ абы зэриIар ехъулIэныгъэшхуэу къалъытащ. Апхуэдэу Иорданием щекIуэкIа кинофестивалми а лэжьыгъэм саугъэт нэхъыщхьэр къыщихьащ. Москва дзэ кином ехьэлIауэ щрагъэкIуэкIа дунейпсо кинофестивалым щагъэлъэгъуа и «Потерянная в Чечне» (е «Потерянная в горах») и фильмым папщIэ абы диплом щхьэхуэ къратащ. 

Ди лъэпкъэгъум япэщIыкIэ щIэныгъэ щызэригъэгъуэтащ Палестинэм (Раммал) щыIэ «Friends Boys School» школым. И ныбжьыр илъэсибгъу щрикъум ар и гъэсэнт американ скрипач, егъэджакIуэ цIэрыIуэ Ренельдс Делберт. ИужькIэ абы и щIэныгъэм щыпищащ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм щыIэ Эрхлам колледжым макъамэмкIэ и факультетым классикэ музыкэм и теориемкIэ и къудамэм. ЗэфIэкI зиIэ, щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэ студентым къихь стипендие щхьэхуэм Iэмал къритырт хамэ къэрал зы илъэс щеджэнуи, и щIэныгъэм щыхигъэхъуэну къыхихар Германием и Драйбург университетырщ. Ар зэуэ философиемрэ экономикэмрэ щыдахьэхым, 1960 гъэм Калифорнием и Клэрмонт университетым щIэтIысхьащ. Къандур Мухьэдин абы къыщызэригъэпэщащ езыр зи художественнэ унафэщI адыгэ макъамэ ансамбль икIи гупым и япэ альбомыр къыдигъэкIащ. Абы къыдэкIуэу и лэжьыгъэ купщIафIэхэр традзащ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я щIэныгъэ, литературэ къыдэкIыгъуэ цIэрыIуэхэм. КъищынэмыщIауэ, ар дэзыхьэх композитор лэжьыгъэри IэщIыб ищIакъым. Фильм зыбжанэм макъамэ яхуитхащ. ЕджапIэр ехъулIэныгъэ иIэу къыщиухым, япэщIыкIэ философиемрэ тхыдэмкIэ, иужькIэ экономикэмкIэ и доктор диссертацэхэр пхигъэкIащ. Апхуэдэу дунейпсо къэхутэныгъэхэмкIэ магистр, иужькIэ тхыдэ, экономикэ унэтIыныгъэхэмкIэ доктор нагъыщэхэр къыхуагъэфэщащ. Абы щыгъуэ Къандурым и Iэдакъэ къыщIэкIащ «Мюридизм» зыфIища и япэ щIэныгъэ лэжьыгъэр, аращ и доктор диссертацэм лъабжьэ хуэхъуари. Академическэ тхылъхэр университетхэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ яфIэхьэлэмэтмэ, нэхъыбэр художественнэ тхыгъэхэм дахьэх. Къандурыр хущIэкъурт адыгэм и тхыдэм и лъэпкъэгъухэр щигъэгъуэзэну. «Кавказ» роман-трилогием ар иужь ихьащ университетым щыщеджэм. Абы къыщигъэлъэгъуэжащ Урыс-Кавказ зауэм щыгъуэ адыгэм и щхьэм кърикIуа гузэвэгъуэр. «Кавказ» трилогиер и кIэм нигъэса нэужь, щIыпIэ жыжьэхэм къикIыу, уеблэмэ Австралиери хыхьэу, абы къыхуатхырт романыр къазэрыщыхъуар. Языныкъуэ тхылъеджэхэм жаIэрт нэхъапэIуэкIэ шэрджэсхэр яцIыхуу зэрыщымытар икIи абыхэм я гъащIэм, я псэукIэм нэхъ зыубгъуауэ хигъэгъуэзэну щIэлъэIухэрт. А лэжьыгъэм папщIэ щыIащ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Инджылызым, Урысейм. Тхылъхэр зыбжанэрэ Ливани, Урысейми, Тыркуми къыщыдагъэкIащ хьэрыпыбзэрэ тыркубзэкIэ зэдзэкIауэ.
КIэщIу жыпIэмэ, кинор, литературэр, классикэ макъамэр фIыуэ зылъагъухэр щыгъуазэт абы и Iэдакъэ къыщIэкIа документальнэ, художественнэ фильмхэм, тхыдэ романхэм, гум дыхьэ макъамэхэм. Композиторым цIыхушхуэ зэкIуалIэ и концертхэр Урысейм, Инджылызым, Японием, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щитащ. 
Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм Налшык къалэ къыщыдэкIащ Къандур Мухьэдин Кавказым ис лъэпкъхэм я тхыдэр къыщызэщIикъуэжа и «Дети диаспоры» тхылъыр. Ар томих хъу, «Сабля Чечни», «Казбек», «Тройной заговор», «Балканская история», «Революция» романхэр зыхыхьэ «Черкесская сага» серием и иужьрей Iыхьэщ.
Дуней псом щыпсэу адыгэ куэдым яцIыхуу щыта Къандур Мухьэдин Урысеймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ пыщIэныгъэ быдэ яхуиIэу къэгъуэгурыкIуащ. 
Гуауэщ апхуэдэ цIыху лъэпкъым зэрыфIэкIуэдар, ауэ и лэжьыгъэхэр уахъьыншэ зэрыхъунум ущегупсыскIэ, езыри адыгэм зэращымыгъупщэнум шэч къытепхьэркъым.
 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: