Ди бзэкIэ дывгъэгупсысэ

         Бзэращ лъэпкъым и лъынтхуэр, абы и «лэжьэкIэм» куэдкIэ елъытащ  и псэукIэр зыхуэдэнури. Адыгэбзэм и гъащIэр кIыхь хъуну щIэхъуэпс щIэныгъэлIхэм, IэщIагъэлIхэм я мащIэкъым абы теухуа гурыгъузхэр. Абыхэм щIэх-щIэхыурэ утыку кърахьэ абы и зыужьыныгъэм теухуауэ щыIэ гугъуехьхэри ахэр зэфIэхынымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэри. Апхуэдэ зы Iуэху еплъыкIэщ фи пащхьэ итлъхьэ тхыгъэм къыщыгъэлъэгъуари. Ар зи IэдакъэщIэкIыр адыгэбзэкIэ усэ купщIафIэ куэд зи къалэмыпэм къыщIэкIа, усакIуэ Уэрэзей Афликщ.

         «Совет лъэхъэнэм языныкъуэ республикэхэм комиссэ щхьэхуэхэр яIэт. ГъащIэм къыхыхьа мыхьэнэщIэр къэзыгъэлъагъуэ псалъэ бзэм хэмытмэ, комиссэр зэчэнджэщырт, я бзэм нэхъ хэзэгъэну псалъэ тэмэмыр яубзыхурти, псалъэщIэр а лъэпкъым и бзэм къищтэрт. Ауэ апхуэдэ комиссэхэр автоном республикэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрри яхэту, щыIэтэкъыми, псалъэщIэхэр ахэр къахуэзыхьам къызэрихьа, къыздикIам къызэрикIа дыдэм ещхьу бзэм кърагъащтэрт. Апхуэдэхэм я нэхъыбэр «интернациональнэ» жыхуэтIэхэрщ. Ахэр ди бзэм къыхыхьэри абы и зы Iыхьэ хъуащи, нэгъуэщIкIэ пхузэхъуэкIыжынуи, щIызэпхъуэкIыжын щыIэуи къыщIэкIынкъым.

         Апхуэдэ псалъэхэр бзэм IэмалыншагъэкIэ къищтащ. Адыгэбзэм къигъэтIэсэгъуейуэ къытщыхъу адрей псалъэхэми «дэни къызэрыщапсэлъыр апхуэдэущ» жыпIэу, зумыгъэлIэлIэныр, дауи, нэхъ тыншщ. АтIэми, адыгэбзэм ехьэлIауэ захуагъэу къыщIэкIынкъым бзэм и хабзэхэм тету къыпхуэгъэщIыну псалъэхэри, джэдылIэм здихьа бабыщу, абыхэм ядэбгъэкIуэныр.

         Мыпхуэдэ Iуэхуми емыгупсысыпхъэу пIэрэ?

         МазэцIэхэр адыгэбзэкIэ итхыну «Адыгэ псалъэм» къызэрырихьэжьэжар зыфIэмыфIхэм ар щIамыдэм и щхьэусыгъуэхэм ящыщ зыуэ къагъэув а псалъэхэр адрей адыгэ лъэпкъхэм зэтемыхуэу къапсэлъу зэрыщытар. ПэжынкIэ хъунщ, къапсэлъу щытагъэнщ, пыухыкIауэ а мазэм щхьэж езым и къэпсэлъыкIэрэ зэреджэ псалъэрэ иIэжу. «ЗэгъунэгъуитI я мэл бжыкIэ зыкъым», жыхуиIэращ, ауэ зэгъунэгъуитIым я мэл бжыкIэр зэрызэтемыхуэм щхьэкIэ мэл бжыгъэм зихъуэжу е мэл мыхъуу нэгъуэщI Iэщ гуэр ябжауэ къыпхущIегъэдзынукъым. Апхуэдэу щыщыткIэ, мы Iуэхур зэдауэ кIыхьрэ псалъэмакъ лейрэ щIепшэжьэн щхьэусыгъуэ пщIы нэхърэ нэхъ щхьэпэнт, къэпсэлъыкIэ зэхуэмыдэхэри псалъэхэри къахутэжурэ, адыгэ псоми я дежкIэ нэхъ тэмэмхэр къагъуэтамэ. СхужыIэнукъым нобэ «Адыгэ псалъэм» тхын зыщIидзэжа мазэцIэхэм лъабжьэ хуащIар зы къэпсэлъыкIэ закъуэу. Газетым иджыпсту итх мазэцIэхэм къытеувыIэн ипэ, нэгъуэщI адыгэ щIыналъэхэми къыщагъэсэбэп, нэгъуэщI адыгэ лъэпкъхэми жаIэ псалъэхэри къапщытащ. Бзэм, тхыдэм елэжь щIэныгъэлIхэр щIэмыакъылэгъу, щIэмыарэзы гуэрхэр мы Iуэхум  хэтмэ, а псалъэхэм джатэ къихакIэ уапежьэ нэхърэ нэхъыфIкъэ, уэ нэхъ пфIэзахуэр убзыхуауэ адыгэбзэм и пащхьэм къиплъхьэныр?

         Тепсэлъыхьыпхъэщ ди бзэм къыхагъэхьэжу хуежьа языныкъуэ псалъэхэми, ахэр зыфIэмыфIхэм «IэрыщIщ», «адыгэбзэкъым», «къарыкIыр гурыIуэгъуэкъым» жыхуаIэхэм – «гъуазджэ», «щэнхабзэ», «щIэнгъуазэ», абыхэм ещхь нэгъуэщI гуэрхэри адыгэбзэм къыщагъэщIа псалъэщIэхэу щытми, бзэм и хабзэхэмрэ и псалъэ къэхъукIэхэмрэ езэгъыу хоувэ. Сэ сукъуэдийркъым бзэм къыхагъэхьа апхуэдэ псалъэ псори арэзы узытехъуэн защIэу. Пэжщ, яхэтщ абыхэм арэзы ущIэмыхъуни. Абы къыхэкIыуи, мыбдежми узэгупсысынрэ къэхутэн хуейхэмрэ щыгъунэжщ. Апхуэдэхэр цIыхухэм хъарзынэу къызэращтэфынум и щапхъэу къэсхьынщ «щIэнгъуазэ» псалъэр. Илъэс заул ипэкIэ къыдагъэкIыу щытащ «ЩIэнгъуазэ» зыфIаща газет. Псалъэр псынщIэу икIи тыншу япхъуэтащ, сыту жыпIэмэ, газетыр куэдым яIэрыхьэрт, щIэх-щIэхыурэ а псалъэм къеджэрт, ар ялъагъурт, зэхахырти. Ауэ щыхъукIэ, Iуэхур здэщыIэр апхуэдэ псалъэхэр къамыщтэжыфыныркъым, атIэ ахэр цIыхухэм я деж тэмэму нэхьэсынырщ. КъимыдэкIэ, зыми шэч къытрихьэну си гугъэкъым культури искусстви адыгэхэм пасэми зэраIам, атIэ ахэр щаIакIэ, а мыхьэнэхэр къэзыIуатэ псалъэхэр щымыIауэ фIэщ щIыгъуейщ. Щхьэусыгъуэ гуэрхэм я зэранкIэ бзэм хэкIуэдыкIыжамэ, сыт ди щIэныгъэлIхэм ахэр къалъыхъуэж щIэмыхъунур? Апхуэдэ лэжьыгъэхэм бзэр яхъумэнт, къагъэберычэтыжынт.

        

         Ди бзэр сыт хуэдизкIэ къэдгъэщIэрэщIэжыну, къулей тщIыну яужь димытми, зыри къикIынукъым, а бзэр зыIурылъын хуейхэм я гупэр абы хуагъэзэжыху, уи анэдэлъхубзэр бгъэпуд зэрымыхъунур къагурыIуэу, я бзэр быдэу яубыдыжыху. Зи анэдэлъхубзэм и пщIэр зыгъэпудым и щхьэм пщIэ хуищIыжу схужыIэнукъым.

         Ди бзэм и пщэдейр, и натIэ хъунур зэлъытар ар ди щIалэгъуалэм зэраIурылъ щIыкIэрщ.

         Пэжщ, нобэ куэд иротхьэусыхэ икIи тогузэвыхь анэдэлъхубзэм пэIэщIэ ныбжьыщIэхэр зэпымыууэ нэхъыбэ зэрыхъум, щIалэгъуалэр ягъэкъуаншэ я бзэр фIыуэ зэрамыщIэжымкIэ. Ауэ тэмэму пIэрэ абыкIэ къуаншагъэр ныбжьыщIэхэм я закъуэ ятетлъхьэныр. Сэ ар сфIэзахуэкъым. Къуаншагъэр псом япэу щылъагъупхъэри здэщыIэри нэхъыжьхэм я дежщ.

         Зыуэ къызэщIэпкъуэжмэ, ди адыгэбзэм узэгупсысынрэ узэлэжьынрэ ди зэманым къолыж икIи и мазэцIэхэр, мыдрейуэ нэгъуэщIыбзэм къыхэтха языныкъуэ псалъэхэр адыгэбзэм къигъэтIэсэн лэжьыгъэр IэщIыб тщIыкIэ Iуэхур зэфIэкIынукъым.

         Адыгэбзэр тхъумэн, абы зедгъэужьын папщIэ Нало Заур жыхуиIауэ щыта гупсысэри зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым: нэхъыщхьэр адыгэбзэкIэ укъеджэным, утхэным, упсэлъэным я закъуэкъым. Псом я щхьэжыр адыгэбзэкIэ гупсысэнырщ. Ди бзэмкIэ дыгупсысэу зедмыгъэсэжмэ, адрей псоми я мыхьэнэр тфIэкIуэдынкIэ шынагъуэщ. АтIэ жыдвгъэIэт: адыгэбзэкIэ дыгупсысэу зедгъэсэжыфыну?»

 

Поделиться: