Мейкъуапэ щагъэлъагъуэ

Гъуазджэ

Адыгэ Республикэм и Сурэт галереем щагъэлъагъуэ АР-м щIыхь зиIэ и художник, «Институт культурного наследия и развития» лъэпкъ щэнхабзэ центрым и къызэгъэпэщакIуэ икIи и унафэщI, модельер-дэрбзэр Сэралъп Мадинэ и лэжьыгъэхэр щызэхуэхьэса «Зэманым и псыежэх. Адыгэ фащэм теухуа къэхутэныгъэ» выставкэр. 
КъыжыIапхъэщ, мы гъэлъэгъуэныгъэр нэхъапэIуэкIэ Санкт-Петербург и къэрал художественно-промышленнэ академие Штиглиц Александр и цIэр зезыхьэм прикладной гъуазджэхэмкIэ и музейм, Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэм Туганов М. и цIэр зезыхьэ и художественнэ музейм, Налшык Сэралъп Мадинэ и арт-центрым зэрыщагъэлъэгъуар. 
 Сэралъпым и Iуэхум хэтыну зэхуэсат гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я цIыху цIэрыIуэхэр, Адыгэ Республикэмрэ Краснодар краймрэ щыпсэухэр, АР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, гъуазджэм, музейхэм, библиотекэхэм я лэжьакIуэхэр, егъэджакIуэхэр, художникхэр, студентхэр. 
Гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьащ адыгэ цIыхубз, цIыхухъу лъэпкъ фащэхэр, иджырей гъащIэм а фэилъхьэгъуэхэм щаубыд увыпIэр къыщыгъэлъэгъуа сурэтхэр щIыгъуу. Мы гъэлъэгъуэныгъэм къызэщIеубыдэ 2020 - 2022 гъэхэм модельерым игъэхьэзыра адыгэ лъэпкъ фащэ 15-м щIигъу, ахэр къызэрыщ сурэт 40. Нэхъыбэм я плъыфэр хужьрэ фIыцIэу зэхэлъщ. Мы Iуэхур адыгэ фащэм и тхыдэм ехьэлIауэ Сэралъпым иригъэкIуэкI къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм пызыщэщ. Абыхэм я фIагъыр лъагэу къалъытащ модэм, этнографие, гъуазджэ щIэныгъэ зиIэхэм. КъищынэмыщIауэ, мы выставкэм хагъэхьащ Мадинэ ипхъу дизайнер, художник Сэралъп Ликэ и лэжьыгъищ.
- Тхыдэ хъугъуэфIыгъуэм къыгуэхыпIэ зимыIэ лъэпкъ хабзэм, щэнхабзэм, гъуазджэм я иджырей щыIэкIэхэр къэзыгъэщI, щIэх-щIэхыу зызыхъуэж модэм, дахагъэм и хабзэм къытемыкIыу, дэгъуэгурыкIуэф ди IэщIагъэлIхэм я зэфIэкIым и мыхьэнэр къыпхуэмыIуэтэнщ, - жеIэ Урысей этнографие музейм и щIэныгъэлI, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Дмитриев Владимир. – Зи лэжьыгъэфIхэм илъэс зыбжанэ хъуауэ дыкIэлъыплъ цIыху IэпщIэлъапщIэ зырызхэм ящыщщ Сэралъп Мадинэ. ЦIыхубэ фащэхэм я гъэхьэзырыкIэм и хабзэми, фэилъхьэгъуэхэм я пкъыгъуэхэми, зэманым къигъэщI дахагъэм и щIэупщIэми пэджэж художник-модельерым и IэрыкIхэм я фIагъым зэрыхигъахъуэр нэрылъагъущ.
- Адыгэ бзылъхугъэ фащэр хьэгъуэлIыгъуэ е гуфIэгъуэ зэхыхьэ щыкIуэкIэ щатIагъэущ нэхъыбэр зэресар, - жеIэ Сэралъпым. – Лъэпкъ фащэм и къэхутэныгъэщIэхэм тету, и щэкIкIи и теплъэкIи иджырей зэманым зэрызепхьэным фэилъхьэгъуэхэр къезэгъыу къэдгъэщIэрэщIэным долэжь. 
Сэралъп Мадинэ зэрыжиIэмкIэ, лъэпкъ фэилъхьэгъуэхэм къакIуа тхыдэ гъуэгуанэм ириплъэжыным, зэман-зэманкIэрэ фащэхэм ягъуэта зэхъуэкIыныгъэхэр къихутэным щIэдзапIэ хуэхъуар XIX лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэмрэ XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэмрэ траха сурэт хьэлэмэтхэрщ. 
Гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуихым къэпсэлъащ Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэу щыта, социологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор ТхьэкIушын Аслъэн, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ и министерствэм щэнхабзэ-нэгузыужь IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI ХьэщIэмыз Ланэ, Сурэт галереем и унафэщI, Адыгэ Республикэм и цIыхубэ сурэтыщI, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Берсыр Абдулыхь, адыгэ арджэнхэр гъэхьэзырынымкIэ IэпщIэлъапщIэ, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ГъукIэ Замудин, художник-модельер, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ СтIащ Юрэ, гъуазджэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, егъэджакIуэ нэхъыжь КIэдыкIуей Нафисэт, АР-м и цIыхубэ художник Хъуажь Рэмэзан, нэгъуэщIхэри.
Къэпсэлъахэм нэхъыщхьэу къыхагъэщаращи, Сэралъп Мадинэ адыгэм дахагъэмрэ екIумрэ къазэрыгурыIуэу щытам тет, абы зезыгъэужь цIыху IэпщIэлъапщIэщ, и лэжьыгъэхэм блэкIам пыщIэныгъэ быдэ зэрыхуаIэр нэрылъагъущ, зэманым и псыежэхым ахэр здахьын дэнэ къэна, къагъэщIэращIэ, нобэрей махуэм сыткIи дэгъуэгурыкIуэфу. 
Модельер-дэрбзэр цIэрыIуэр Адыгейм ирагъэблэгъащ Мейкъуапэ и къэрал технологие университетыр илъэс 30 зэрырикъур щагъэлъапIэм ирихьэлIэу. А еджапIэм щIэсхэм щхьэкIэ Мадинэ мастер-класс иррагъэкIуэкIащ. 
- Ди республикэм и щэнхабзэм и къэхъукъащIэ гуапэу къыдолъытэ Сэралъп Мадинэ и лэжьыгъэхэм деплъыну Iэмал дызэриIэр. Ар дахагъэм и махуэшхуэ хъуащ. Дахагъэм дунейр къызэрырагъэлынур уи фIэщ ящI гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьа сурэтхэм зи теплъэ зэкIужыр къищ, лъэпкъ фащэхэр екIуу къызыщыпс адыгэ хъыджэбзхэм! – жиIащ Адыгэ Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Щхьэлахъуэ Светланэ.
- Сэралъпхэ Мадинэрэ Ликэрэ адыгэ модэм и махуэшхуэ тыгъэ къытхуащIащ! Лъэпкъ фащэ гъуазджэмрэ адыгэ арджэн гъуазджэмрэ зэрымыщIэкIэ зэтехуащ, къамылымрэ шыкIэпшынэмрэ я макъамэ щабэ щIэту. Апхуэдэ выставкэр сэркIэ хъуэпсапIэ щэхути, нахуапIэ хъуащ! Мадинэ и лэжьыгъэхэр гукъыдэж къозытщ, – жиIащ ГъукIэ Замудин. – «Атлас черкесского (адыгского) шикапшина», «Черкесский (адыгский) камыль» си лэжьыгъэхэр Налшык Сэралъпхэ я арт-центрым, япэу утыку къызэрыщрахьари си дежкIэ лъапIэщ. 
Сэралъп Мадинэ и лэжьыгъэ зыбжанэ Урысейм и музейхэм я гъэтIылъыгъэхэм хэлъу яхъумэ. Германием, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Тыркум, Иорданием щыпсэууэ модельерым и лэжьыгъэхэр фIыуэ зылъагъухэм абы и фэилъхьэгъуэхэм щыщхэр хуэсакъыу зэрахьэ. ЖыпIэнурамэ, зи IэрыкIхэр куэдым ягу дыхьэ дэрбзэрым и лэжьыгъэхэм дуней псом щIэупщIэ щаIэщ. 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: