ИлъэсыщIэм теухуауэ дымыщIэхэр

ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу псейр ягъэщIэрэщIэн хабзэр къыздикIар дэнэу пIэрэ? Сыт абы хьэпшыпхэр щIыкIэращIэр? Езы жыгыр щIэпсейр? И щхьэм вагъуэ щIытрагъэсыр? 
 Мыбы теухуауэ хъыбар пэж къэдгъуэтыжыну гугъэшхуэ диIэкъым. Ауэ къедмыгъажьэмэ, дымыщIэм хэщIынукъым, аращи, пасэрей кельтхэм, нэмыцэ лъэпкъхэм я къежьапIэм догъэзэж. Абыхэм пасэ зэманым зэрахьэу щыта диныжьымкIэ псейм и кум Мэзытхьэр щыпсэууэ къалъытэрт. Абы и ней къыпщымыхуэн папщIэ, цIыхухэмрэ псэущхьэхэмрэ я Iэпкълъэпкъым щыщ Iыхьэхэр тыхь хуэщIын хуейти, жыгым кIуэцIфэцIхэр кIэращIэрт. ЩIымахуэмрэ щIыIэмрэ зи унафэм щIэт, Ищхъэрэ ЛIыжьым дежу жаIэ иджырей Уае Дадэр къыщежьар. Абы цIыхухэр нэрымылъагъуу унагъуэ-унагъуэкIэрэ къызэхикIухьу къафIэщIырт, тезыр зытелъхьапхъэмрэ зыри зимылажьэмрэ зэхигъэкIыу. Иджырей щэнхабзэм Уае Дадэм тыгъэ къыщрихьэкI щхьэкIэ, кельтхэм я лIыжьым сабийхэм тыгъэ яхуихьу аратэкъым, илъэсым и кIыхьагъкIэ къратын хуея тыхь щIыхуэр къаIихыжырт. Сытми, а хьэщIэ шынагъуэр уи унэм къеблэгъэныр зыми узэрыхуэмыупсэн гужьеигъуэт, уи щIыхуэ темылъуи ухуэзэнутэкъым, налог хэзыххэм ещхьу. «Морозко» жаIэри таурыхъ дахэ гуэр щыIэщ, Толстой Алексей итхыжауэ. Хъыджэбз зеиншэр анэнэпIэсым мэзым щIегъэтIысхьэ щIыIэм иригъэсынуи, Уае Дадэм абы дыщэрэ дыжьынрэ зыдэз пхъуантэрэ джэдыгу хуабэрэ къретри къеутIыпщыж. ИужькIэ езым и пхъур мэзым иша щхьэкIэ, и бзаджагъэм къыпэкIуэ «тыгъэ» фIэкIа къылъысыркъым. КъызэрыщIэкIымкIэ, а таурыхъыр мащIэу ягъэщабэу, кельт хабзэжьхэм къытращIыкIа хъыбарщ. Абы къыбгурегъаIуэ «Снегурочкэ» жыхуаIэ, Уае Дадэм дэщIыгъу хъыджэбзыр къыздикIар. ЦIыхухэр щIыIэм иримыгъэсын папщIэ, Уае Дадэм хъыджэбз хуашэу, тыхь хуащIын хуейт. Абы мэзым къыхущIана «снегурочкэр» зы жэщ-махуэм щтымэ, Уае Дадэм къурмэныр къабыл ищIауэ арати, цIыхухэм я гур псэхужырт. 
 Европэм щыпсэухэр хуэмурэ чыристан диным ихьащ, ауэ узэсэ сэгъейкъэ - мажусий хабзэжьхэр ягу щыпымыкIым, ахэр хъуромэм (рождество), бегъымбар лъапIэ Хьисэ дунейм къыщытехьа махуэм ирапхын щIадзащ. Пэжи пцIыи, ауэ псейр Хьисэ къызэралъхуам щыгуфIыкIа хуэдэти, гуфIакIуэ кIуэну ежьащ. АрщхьэкIэ адрей жыгхэр абы къыщыдыхьэшхащ, IэнэщIу гуфIакIуэ хэт кIуэр, жаIэри. Арати, гукъэкI дахэ зыщIа псейр мелыIычхэм ямыгъэщIэхъуу, цIуугъэнэхэр къыкIэращIащ. И щхьэм вагъуэ зэрыфIагъэтIысхьари «хъуромэ вагъуэ» жыхуаIэу, Хьисэ дунейм къызэрытехьам и дамыгъэу аращ. Псей гъэщIэрэщIам абы лъандэрэ кIуэцIфэцIхэр кIэрамыщIэжу, абдж шэрыбхэр фIащIэ. КIуэ, щIыпIэм и щIыIагъ-хуабагъым елъытауэ, жыгхэри абы кIэращIэ хьэпшыпхэри зэтехуэркъым. 
 Германием хабзэ куэд щызыхъуэжа Лютер Мартин теухуа хъыбар гуэрхэри къащIэж защIащ, ар чыристан хабзэ ящIын папщIэ. А лIы цIэрыIуэр унэм кIуэжрэ пэт, 1513 гъэм, хъуромэм и пэ къихуэ жэщым, вагъуэхэр апхуэдизкIэ дахэу уэгум иту илъэгъуати, щIыхьэжа нэужь, и унэм псей щигъэщIэрэщIащ. Хъуромэм и дамыгъэу, и щхьэкIэм вагъуэ пигъэтIысхьэжащ. Абы Хьисэ лъапIэр къыщалъхуа бгъуэнщIагъым хуэкIуэ лъагъуэр къигъэнэху хуэдэу арат. 
 Къежьэ псори хабзэ зыщIыжыр унафэракъэ? Урысейм хъуромэм ирихьэлэу псей ягъэщIэрэщIэн хьэлыр къезыгъэжьар нэмыцэ щылъхуу щыта Романовхэрауэ жаIэ - тахътэм иса псоми ар я сабиигъуэм Европэм щалъэгъуакIэт. XVIII-XIX лIэщIыгъуэхэм псей гъэщIэрэщIэныр Германиеми, Инджылызми, Австриеми, Чехиеми, Голландиеми къыщекIуэкIырт хабзэу. Америкэм ар нэзыхьэсар абы Iэпхъуа нэмыцэхэрщ. Урысейм Европэм щызекIуэ хабзэхэр къигъэIэпхъуэнкIэ ерыщу щыта Пётр Езанэми щыцIыкIум илъэгъуат псей гъэщIэрэщIаи, и унафэм щIэт къэралыр а насыпым хиныфакъым. 
 «Зызыужьа Европэм ещхьу», илъэсыщIэм ирихьэлIэу псей ягъэщIэрэщIэныр пащтыхьым унафэкIэ иукъэдият. Езыр дунейм ехыжа нэужь, яIэщIэхужри, Павел и къуэ Николай пащтыхьышхуэм нэмыцэ нысащIэ къишэху къащтэжакъым. Ар къыщыхъуар 1817 гъэрт. Шарлоттэ илъэсыщIэ Iэнэр псей къудамэкIэ игъэщIэращIэрти, иужькIэ и щхьэгъусэ пащтыхьым ар жыг псэууэ иригъэгъэуващ. Абы щыгъуэщ хабзэм зыщиубгъупар. 
 Япэ дунейпсо зауэр къэхъея нэужь, Николай ЕтIуанэм и лъэхъэнэм нэмыцэхэм езауэ урысхэм зэманкIэ зыханащ «бийхэм я хабзэр». ИужькIэ ар Совет властым къищтэжри, аргуэру зыкъомрэ илъэсыщIэ псейр ягъэщIэрэщIащ. ИтIанэ дин хуэIухуэщIэ зыпыщIа дауэдапщэр ямыдэж хъуащ. 1926 гъэм щегъэжьауэ, псейр бгъэщIэрэщIэныр щIэпхъаджагъэу щыщытащ Совет къэралым. Хъуромэри ягъэлъапIэртэкъым. Ауэ 1935 гъэм «Правда» газетым тхыгъэ гуэр къытехуэри, абы иужькIэ Сталиным и фIэщ ящIащ Iуэхум дин щэнхабзэр хэпхыу, совет хабзэ пщIы зэрыхъунур. Абы лъандэрэ урысей илъэсыщIэм псей гъэщIэрэщIа хэмытынкIэ Iэмал имыIэу къокIуэкI. Ауэ щыхъукIэ, лажьэ зимыIэ жыгхэр зэрыраупщIыкIыр зигу темыхуэхэм а хьэлыр хуэмурэ зыханэ.  
 

 

ЧЭРИМ Марианнэщ.
Поделиться: