Хьэуам теухуауэ

-        Махуэм къриубыдэу цIыхум мин 22-рэ жьы жьэдешэ. Ар кубометр 12-м ноблагъэ. Хьэуауэ жьэдэтшэм и Iыхьэ плIанэм ди щхьэкуцIыр егъэнщI.

-        Хьэуам лъышэу (кислороду) хэтым нэхърэ азоту хэтыр зыкъомкIэ нэхъыбэщ. Азотыр процент 78-рэ, лъышэр - процент 21-рэ мэхъу. Хьэуам хэтщ нэгъуэщI газ лIэужьыгъуэхэри: углекислый газ, неон, водород. Ауэ ахэр мащIэ дыдэщ.

-        Къапщтэмэ, хьэуар газщ. Ауэ абы хэтщ нэгъуэщI пкъыгъуэ цIыкIущэхэр. Абыхэм аэрозолкIэ йоджэ. Языныкъуэ аэрозолхэр, псалъэм папщIэ, сабэмрэ шэжыгъэмрэ (пыльца) хьэуам хозэрыхь, жьы къыщепщэм деж. Хьэуам хихьэурэ зэбгрокI ар фIей зыщIхэри: кIэгъуасэр, Iугъуэр, автомобилхэм къриху газхэр, нэгъуэщIхэри. Хьэуам ахэр куэдыщэу хыхьа нэужь, я зэран йокI къэкIыгъэхэми псэущхьэми.

-        Хьэуар гъэкъэбзэным нэхъыбэ дыдэу хэтщ Сыбырым и мэз Iувхэмрэ Амазонкэм и мэзхэмрэ. Мэзхэм щхьэкIэ «дунейм и тхьэмбыл» жаIэ.

-        ГъэщIэгъуэнщ: хьэуам псыи хэтщ. ПсыIагъэр къызэрапщым психрометркIэ йоджэ. Хьэуар нэхъ псыIэ дыдэ щыхъур уэшх къешхыну зыкъыщызэщIищIэм дежщ.

-        ЦIыхум нэхъ лъагэу зиIэтыху, хьэуам и щытыкIэм зехъуэж. Хьэуар псынщIабзэу къыпщохъу, ауэ ар щIы щхьэфэм къытохьэлъэф. Бгыщхьэ щыгум деж, псалъэм папщIэ, хьэуар нэхъ щыпсынщIэщ. ЗыпIэта нэужь, хьэуам и хьэлъагъым зэрызихъуэжым къыхокI кхъухьлъатэ ущисым деж тхьэкIумэхэр  зэрикудэр, зэрывур.

-        Псым Iэзэу есхэм нэхъыбэрэ яхуошэч хьэуакIэ мыбауэу. 2010 гъэм псы есынкIэ Iэзэ Серверенсен Стиг псы щIагъым мыбауэу щIэсащ дакъикъэ 20-кIэ.

-        Хьэуар дунейм и хъумакIуэщ. Абы щIылъэр егъэлеяуэ мыдийуэ е егъэлеяуэ къэмыплъу щигъэтщ. Озоным дыщехъумэ дыгъэ бзийм и зэраным.

-        Хьэуар псом нэхърэ щынэхъ къабзэу къалъытэ Швейцариер, щынэхъ фIейр - Китайрщ.

ХЬЭГЪЭБАНЭ Залинэ.

Поделиться: