Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Урысей Федерацэм и цIыхухэр 2024 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм дзэ учётым пэщIэдзэу щыгъэувыныр къызэгъэпэщыным теухуауэ лэжьыпхъэхэм я IуэхукIэ

«Дзэм къулыкъу щащIэну я пщэ дэлъ къалэнымрэ дзэ къулыкъумрэ я IуэхукIэ» Федеральнэ законым ипкъ иткIэ унафэ сощI:

  1. Мы Указым щIыгъухэр къэщтэн:

Урысей Федерацэм и цIыхухэр дзэ учётым гъэувынымкIэ муниципальнэ районхэм, къалэ округхэм я комиссэхэм хэтхэр;

Урысей Федерацэм и цIыхухэу 2024 гъэм дзэ учётым пэщIэдзэу ягъэувыну къызытехуэхэм дохутырхэр якIэлъыплъыныр, абыхэм еIэзэныр къызэзыгъэпэщыну медицинэ IуэхущIапIэхэр зыхуэдэр.

2. Урысей Федерацэм и цIыхухэр дзэ учётым гъэувынымкIэ муниципальнэ районхэм, къалэ округхэм я комиссэхэм 2024 гъэм щIышылэм и зым къыщыщIэдзауэ гъатхэпэм и 31-р къэсыху дзэ учётым пэщIэдзэу ягъэувын хуейщ 2007 гъэм къалъхуа цIыхухъухэр, апхуэдэу дзэ учётым щытыну къызытехуэ, ауэ щымыт нэхъыжьхэр.

3. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ  и министерствэм  иубзыхун хуейщ Урысей Федерацэм и цIыхухэу дзэ учётым пэщIэдзэу ягъэувыну къызытехуэхэм я узыншагъэм щыхьэт техъуэ медицинэ тхылъхэр ягъэхьэзырыным медицинэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр къызэрыхашэну хабзэмрэ къыщыхашэну пIалъэхэмрэ.

4. Яхуэгъэлъэгъуэн:

ЩIыпIэ самоуправленэм и органхэм, IуэхущIапIэхэм 2007 гъэм къалъхуа цIыхухъухэр, апхуэдэу дзэ учётым щытыну къызытехуэ, ауэ щымыт нэхъыжьхэр дзэ учётым пэщIэдзэу ягъэувын папщIэ и чэзум екIуэлIэнымкIэ Iэмалыр къыхузэрагъэпэщыну;

Къэрал Iуэху кIуэцIхэмкIэ министерствэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм, езым и зэфIэкIым къызэритIасэм хуэдэу, щIэгъэкъуэн яхуэхъун хуейщ Урысей Федерацэм и цIыхухэу дзэ учётым пэщIэдзэу ягъэувыным зыпыIузыдзхэр къэлъыхъуэнымкIэ.

5. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм Урысей Федерацэм и цIыхухэр дзэ учётым пэщIэдзэу гъэувыным ехьэлIа Iуэхухэр цIыхухэм хъыбар зэрырагъащIэ  IэнатIэхэм къыщагъэлъэгъуэныр къызэрагъэпэщыну.

6. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм

и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек

 

Налшык къалэ

2023 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м

№141-УГ

 

Поделиться: