ГукъэкIыжхэм я лъахэм

Журналистым и лэжьыгъэр псом япэу гъэщIэгъуэн зыщIращи, IэщIагъэ зэхуэмыдэхэр зиIэ цIыху цIэрыIуэхэм уахуэзэну Iэмал къузэритырщ. Апхуэдэхэм сэри сарихьэлIащи, си насып кърихьэкIауэ къызолъытэ. Гукъинэж сщыхъуа интервьюхэм ящыщщ УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Молэ Владимир сызэрепсэлъауэ щытар.
ЦIыхур зыхущIэкъур къехъулIэ хабзэщ, ерыщу, гугъу зыдригъэхьу, къару ирихьэлIэу абы еувалIэмэ. Молэ Владимир цIыху насыпыфIэу зибжыжырт, адэ-анэм я лъагъуныгъэр, унагъуэм и IэфIагъыр, ныбжьэгъухэмрэ лэжьэгъухэмрэ я пэжагъыр нэсу зыхищIауэ къилъытэрти.
 …Къыспежьат Молэр нэфIэгуфIэу. НэгъуэщIуи си нэгу къыщIэзгъэхьэртэкъым. ТелефонкIэ къызжиIауэ щытми, иджыри зэ къытригъэзэжмэ зэрыфIэфIым гу лъыстэу, Тэрч щIыналъэм щыщхэм ар къызэрымыкIуэу зэрахуэгуапэр къыхигъэщурэ унэм сыщIишат. Композиторым деж ущеблагъэкIэ, пианинэ е нэгъуэщI макъамэ Iэмэпсымэ занщIэу сыIуплъэн хуейуэ къысщыхъуат, арщхьэкIэ слъэгъуар нэгъуэщIт: «Мыхэр, къытхуэбгъэгъунщ, ауэ ди пхъурылъхум мыпхуэдэурэ и унафэм дыщIэтщ», - жиIэри Владимир и Iэр ишият щыгъэ зэфIэблахэм ебгъэщхьыну зэкIэрыщIа мыIэрысэ гъэгъуахэм дежкIэ. Ахэри Владимир и гъуазджэм щыщт.
Композиторым и пэшым кIыхьу ущIытепсэлъыхьын щыIэу къыщIэкIынкъым, сыту жыпIэмэ армырами гурыIуэгъуэт - ар нотэхэрт, тхылъхэрт (езым къыдигъэкIахэри хэту), зыIущIа цIыхушхуэхэм, унагъуэм и гъусэу зытригъэха сурэтхэрт зэрыгъэнщIар, макъамэ къыщемыуэми, абы къыщIэIукI хуэдэт удэзыхьэх гуэр. Езгъэлеями сщIэркъым, ауэ апхуэдэу къысщыхъуат Молэм абдежым сызэрыбгъэдэса сыхьэт бжыгъэр…
Гъуэгуанэ къикIуам хуеплъэкIыжу, и нэгу щIэкIар пычыгъуэ-пычыгъуэурэ, Iыхьэ-Iыхьэурэ и гум къригъэдзэжурэ, абы къызжиIат:
- Сэ усэ, рассказ стхын щIэздзат 3 - 4-нэ классхэм сыщIэсу. Нэхъыщхьэу абы хэлърати, усэм макъамэ щIэслъхьэжырт. Абы и фIыгъэкIэ иджыри абы щыгъуэм сэ къэсцIыхуат ди щэнхабзэр а зэманым зыужьыныгъэм и гъуэгум тезыша цIыхуфIхэр: КIуащ БетIал, Шортэн Аскэрбий, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм сымэ. СощIэж, ди адэм выгукIэ КIуащым и деж сишауэ зэрыщытар. «Мы щIалэр е усакIуэ, е тхакIуэ хъуну къыдоныкъуэкъури, зыгуэр къыжепIамэ арат», - жриIат абы БетIал. «Сыт а жыпIэр? Абы нэхъыфI пщIэнкъым, сыту фIыт къызэрыпшар», - жиIэри си тхыгъэхэр зэрыстха тетрадь цIыкIуитIыр зэпиплъыхьащ. Еджэн иуха нэужь, КIуащыр къэтэджри, си дамэм къытеуIуэурэ: «НтIэ, Молэ и къуэ, Чеховым нэхърэ унэхъ Iэзэщ уэ. Рассказ нэхъ кIэщI дыдэхэр зытхыфу щытар Чеховырщ. Уэ абы нэхърэ нэхъ кIэщIыжу уотхэ» - къызжиIат.
БетIал и псалъэхэм куууэ сагъэгупсысами, ар иджыри си гъащIэ гъуэгуанэ зэхэгъэкIыпIэтэкъым. Сэ шыпхъуиплI сиIащ. ЗэрыжаIэу, сыкъэзыгъэхъуари сызыпIари ахэрщ. Зэшыпхъухэм я етIуанэм астмэ иIэт. Ар щIэхъуэпсырт медицинэ щIэныгъэ зэзгъэгъуэту згъэхъужыну. Арати, медучилищэм сыщIэтIысхьэну сыкIуат а махуэм. Япэ экзаменыр ттауэ ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм зыщыдгъэпсэхурт. Иджы хуэдэтэкъым ар. Абы цIыхур из зэпытт. АтIэ, ШащIэхэ ящыщу къысфIощIыж зы хъыджэбз ди гъусэти, «Володя, уэ музыкэм удехьэх, мыр уфIэгъэщIэгъуэнкъэ?», - жиIэри хъыбарегъащIэ тхылъымпIэр сигъэлъэгъуащ. Абы итт Налшык Музыкэ училищэ къызэрыщызэIуахыр, щIалэгъуалэр абы зэрырагъэблагъэр. ГупсысапIи зэзмытыжу зисчащ, еджапIэ жыхуаIэм и Iуэхур зытетыр зэзгъэщIэну. ИкIэм-икIэжым IуэрыIуатэдж, композитор, пианист цIэрыIуэ Шейблер Трувор, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармонием и унафэщIу щыта, тхакIуэ цIэрыIуэ ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр, композитор Къардэн Хьэсэн сымэ я пащхьэм сыкъихутащ. «Сытым ухуеджэну ухуей? Сыт пхуэщIэрэ?», - къызэупщIащ ахэр псом япэу. Сэри зызмыIэжьэу: «Мес, мо пшынэ фIыцIэшхуэм сеуэфу зезгъэсэну сыхуейщ», - жысIэри, си Iэпэр хуэсшиящ гъунэгъуу щыт фортепианэм. Нэхъ ипэкIэ зэи апхуэдэ дыдэу гъунэгъуу слъэгъуатэкъым фортепианэр, сымыщIэххэр абы зэреджэрт. КъэпщытакIуэхэр пыгуфIыкIащ си жэуапыр зэрызэхахыу. АрщхьэкIэ сэ ар къызыфIэзмыгъэIуэхуу си мандолинэм сеуэурэ уэрэд жысIэн щIэздзащ, къафэ гуэрхэри згъэзащIэу. Къысщыхъурт сэр фIэкIа нэгъуэщIым апхуэдэу хуэмыщIу. ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр укIытэри сыкъигъэувыIэжащ: «Умуслъымэнмэ, Молэ, зэ къызэтеувыIэж, хъунщ ар, укъыдощтэ, укъыдощтэ», - жиIэри. Шейблер абы щыгъуэм къыпищащ: «Флъагъуркъэ, щыIэщ зэфIэкI зиIэ ныбжьыщIэхэр. Дэ къуажэхэм дыщолъыхъуэ, абы щыгъуэм мыбы хуэдэ цIыкIухэм уэрамым къыщакIухь».
Училищэм иджыри щIэсу, япэ дыдэу Молэм итхат «Налшык папщIэ» (псалъэхэр Щоджэн Хьэбас ейщ), «СыпхуэзэхукIэ щэхуу укъызоплъ» (Балъкъэр Фоусэт), итIанэ «Лэскэн хъыджэбз» уэрэдхэр. «Налшык папщIэ» уэрэдыр иIыгъыу (1957 гъэм) Къэбэрдей-Балъкъэрым Уэрэдымрэ къафэмкIэ и ансамблым ар кIуат. Абы щыгъуэм гупым я пшынауэ Iэзэхэр Къашыргъэ КIурацэрэ ТIэш ЛакIушкэрэт. КIурацэ абы занщIэу щыгуфIыкIат, «адыгэ щIалэ цIыкIум итхауэ макъамэ деуэнщ», - жиIэри.
Молэр дэлэжьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ и министру илъэс куэдкIэ щыта Ефэнды Джылахъстэн, абы ехьэлIауи куэд игу къигъэкIыжырт. «Чайковский Петр жиIащ: «Музыкэр къызэрыбгъэщIын хуейр цIыхубэм ар илъэс куэдкIэ ягу къинэжын хуэдэущ». Абы ещхьу дигъэлажьэрт Ефэнды Джылахъстэни. Сэ 1966 гъэм СССР-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм сыхагъэхьат. Абы щыгъуэм РСФСР-м и Композиторхэм я союзым и секретариатым и зэIущIэр зэрекIуэкIыну программэм си «Дахэнагъуэ» оперэри хагъэхьат, - жиIащ Владимир.
1967 гъэм Молэ Владимир Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармонием и художественнэ унафэщI ящIащ. Абы щыгъуэми Джылахъстэн къыжриIат: «Володя, уэ щIэныгъэфI уиIэщ, укомпозиторщ. Уи зэфIэкIыу хъуар иджы епхьэлIэн хуейщ оркестрым и программэщIэми филармонием и нэгъуэщI гупхэм я лэжьыгъэми. КуэдкIэ дыпщогугъ. Псом хуэмыдэу сыхуейт симфоние оркестрым хэтхэм я бжыгъэр блыщIым нэблагъэ тщIыну. Ар, сощIэ, къалэн тыншкъым. Ауэ ди оркестрыр Iэмал имыIэу Кавказ Ищхъэрэм, уеблэмэ Урысей Ипщэ псом щынэхъыфI дыдэ хъун хуейщ».
- Ефэндыр къоущия нэужь, пхузэфIэмыкIын щымыIэу къыпщыхъуу гурыщIэ гуэр къыпхыхьэрт, - жиIэрт Молэм. - Джылахъстэн хунэсырт гъуазджэхэмкIэ IуэхущIапIэхэм я Iуэху нэхъыщхьэхэм, я репертуархэм, программэщIэхэм, пьесэхэм, уэрэдхэм, оркестрым игъэзащIэ макъамэхэм кIэлъыплъын. Художественнэ, музыкэ, драматургие лэжьыгъэщIэхэр апхуэдэу къэрал заказкIэ къэунэхуа зэрыхъуным нэгъуэщI зы республикэ, область елэжьу щытакъым а зэманым, Къэбэрдей-Балъкъэрым хуэдэу.
Гугъэшхуэхэр ирипхыу, 1970 гъэм абы Тбилиси къэрал консерваторэм и аспирантурэм щеджэну Владимир игъэкIуауэ щытащ. ЩIалэми ар къигъэщIэхъуатэкъым, и насып кърихьэкIри, СССР-м и цIыхубэ артист, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, куржы, дунейпсо классикэм фIыуэ хэзыщIыкIыу щыта Баланчивадзэ Андрей и деж и щIэныгъэм щыхигъэхъуэну Iэмал иIащ. Ар и унафэщIу Шортэн Аскэрбий и тхыгъэм къытрищIыкIа «Бгырысхэм я хъыбар» балетым елэжьын щIидзауэ щытащ.
1976 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Молэр хъунми хэлIыфIыхьар Ефэндырат. Владимир къызжиIахэм щыщу къыхэзубыдыкIар а зэманым гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ гулъытэшхуэ хуащIу зэрыщытарщ. Музыкэ школ къудейуэ 39-рэ республикэ псом къыщызэIуахат.
Молэм и «Къамботрэ Лацэрэ», «Дахэнагъуэ», «Люсэ цIыкIу - аслъэным ипхъу» (Антокольский Александр ейуэ) оперэхэр, ораториехэр - дэтхэнэ и зы лэжьыгъэми адыгэ IуэрыIуатэр лъабжьэ хуищIыфырт. Абы и анэри пшынауэ IэкIуэлъакIуэу щытауэ жаIэж. Хэт ищIэрэ, арагъэнщ ар «цIыхушхуэ» щIэхъуар.
 

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: