Бзэр псалъэ зырызурэ зэхэтщ

Иужьрей лIэщIыгъуэрэ ныкъуэм къриубыдэу хамэбзэхэм къыхэкIа псалъэу адыгэбзэм къыхыхьам хуэдиз ар мы дунейм зэрытетрэ къыхэхъуагъэнкъым. Дауи, абы езым и щхьэусыгъуэхэр иIэжщ: дунейм технологие и лъэныкъуэкIэ хуабжьу зеужьри, бзэр абы лъэщIыхьэркъым икIи хамэбзэхэм гъащIэм щаIэ тепщэныгъэр нэхъ лъэрызехьэщ адыгэбзэм иIыгъ увыпIэм нэхъри, абыхэм я лэжьыгъэм къыхалъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм пэмылъэщу, ахэр зэрыщыту къищтэн хуей мэхъу. А щхьэусыгъуэ дыдэхэм къыхэкIыу зи гугъу тщIы пIалъэм къриубыдэу псалъэ куэд жьы хъуауэ, хамэбзэм къыхэкIа псалъэхэм я зэранкIэ къимыгъэсэбэпыжу хэкIуэдэжахэри мащIэкъым. Зы псалъалъэми имыхуа хъур, хьэтIулэ, гуажьэ адыгэ псалъэхэм я мыхьэнэр хэт нобэ зыщIэжыр? «Хамэхьэр къохьэри, унэхьэр иреху» жыхуаIэ дыдэр абыхэм къащыщIащ. 

А Iуэхугъуэхэм ди бзэм и дежкIэ фIы лъэпкъ хэлъкъым, сыту жыпIэмэ, езым къигъэщIыжахэр иIэу, хамэ псалъэхэр къыщищтэкIэ, ар мылэжьэжу, нэгъуэщIу жыпIэмэ, псалъэщIэхэр езым и къарукIэ къыхуэмыгъэхъужу лъэрымыхь хъуауэ аращ. Езым къигъэщIыжа псалъэхэр щIыфIэкIуэдыжми ардыдэр и щхьэусыгъуэщ, - а псалъэхэр зызыхъуэж дунейм къытехьэ хьэпшыпыщIэхэм, IуэхугъуэщIэхэм къемызэгъыжу хыфIедзэри, хамэбзэхэм къагъуэта псалъэщIэхэр къещтэ, езым ей къимылъыхъуэу. Тыншщ, ауэ шынагъуэщ…
А щытыкIэр зэрыпэжым и щыхьэту къэтхьынщ «автомашинэ» псалъэр. А хьэпшыпыр къызэрыунэхурэ, а псалъэр бзэ куэдым къащтащ. «МафIэгу» псалъэр къэзыгъэщIыфа адыгэбзэми абы зыщидзеякъым, литературэбзэм хыхьащ зимыхъуэжу, художественнэ бзэмрэ жьэрыIуатэбзэмрэ тIэкIу абы къыщыщхьэщыкI щыIэми: «маршинэ», «мэршынэ». АрщхьэкIэ, Тыркум щыпсэу адыгэхэм зэи жаIэнукъым «машинэ диIэщ» жаIэу, «гу диIэщ…» – аращ къапсэлъынур. А къэралым щыпсэу адыгэхэм я дежкIэ бзэр хъумэныр нэхъ гугъущи, япэм зэрызекIуэу щыта шыгум трищIыкIыжа мыхьэнэмкIэ автомашинэм и цIэр зэрихъуэкIащ. Нэхъ тэмэму жыпIэмэ, шыгум игъэзащIэу щыта къалэнхэр автомашинэм къыщищтэм, пасэрей хьэпшыпым и фIэщыгъэр – гур – абы иритыжри, бзэм и лэжьыгъэр (хамэбзэм зыщыхъумэныр) зэфIигъэкIащ. Ауэ апхуэдэ хабзэ къызэрыгуэкIкIэ бзэр бгъэлэжьэныр литературэбзэм къыщемызэгъыр нэхъыбэщ. Аращ бзэр зыгъэлажьэ Iэмэпсымэхэр дэтхэнэ лъэпкъми куэду иIэн щIыхуейр. Абы нобэ дытемылажьэмэ, пщэдей кIасэ хъунущ, адыгэбзэм къыхыхьэ свежабзэ, мащIэватэ, спасибэшхуэ, фошкэ, разницэкъым // разницэшхуэкъым псалъэ «мылъхуэсхэм» ди бзэр зэщIедгъащтэмэ, «уэшх блэкIам щIакIуэ кIэлъызыщтэжа» щIалэжьым дыкъыкIэрыхунукъым. 
Шэч хэмылъу, ди лъэпкъым и дежкIэ апхуэдэ Iэмэпсымэщ «Адыгэ псалъэ» газетыр. Иужьрей илъэс тIощIым къриубыдэу абы зы псалъэкъым къигъуэтыжу бзэм къыхигъэхьэжар. Апхуэдэхэщ «щэнхабзэ» (культурэ), «гъуазджэ» (искусство), «щIыуэпс» (природа) псалъэхэр. Газетым къигъэхъуащ псалъэщIэхэри. Абы и щапхъэу къэпхь хъунущ «псыгуэн» (бассейн), «щIыIалъэ» (холодильник) жыхуиIэхэр. 
«Адыгэ псалъэ» газетым жыджэру къигъэсэбэпхэм ящыщщ «хэкупсэ» псалъэри. ЛIэщIыгъуэ кIуам и 40-50 гъэхэм къыщыщIэдзауэ, адыгэбзэм абы и пIэкIэ зыубгъуауэ къигъэсэбэпу щытащ урысыбзэм къыхэкIа «патриот» псалъэр. Уеблэмэ, Апажэ Мухьэмэдрэ КIуэкIуэ Жэмалдинрэ къыдагъэкIа псалъалъэм къыщыгъэлъэгъуар «патриот», «патриотизм», «патриотыгъэ», «патриотын» псалъэхэрщ.  АтIэ, дэнэ къикIа «хэкупсэр»? Ар адыгэ псалъитI зэхыхьэу («хэку» + «псэ») къызэрагъэхъуам шэч хэлъыжкъым, «хэкур зи псэ», «хэкум хуэлIыщIэу псэу» мыхьэнэр зэрихьэу. А хабзэ дыдэм тету «Адыгэ псалъэм» къищтауэ егъэлажьэ «хэкулI» псалъэри («хэку» + «лIы»). Ахэр езы газетым къигъэщIу бзэм къыхигъэхьа, хьэмэрэ хэкIуэдэжхэм ящыщу къигъэщIэрэщIэжауэ ара? А упщIэхэм я жэуапыр къэтлъыхъуэу нэхъ пасэуи, нэхъ иужьыIуэкIи къыдэкIауэ щыта адыгэ-урыс псалъалъэхэм деплъмэ, а псалъэхэр идгъуэтэнукъым. Псалъэм папщIэ, «Урыс-Къэбэрдей-Шэрджэс псалъалъэм» (щапхъэу ищхьэкIэ къыщытхьа пычыгъуэм къыхэдгъэщхьэхукIа псалъэхэр урысыбзэм къыхэкIахэмкIэ къыщагъэлъагъуэ: хэкупсэ – патриот, патриотизм, патриотическэ, патриоткэ; дерс – урок; щэнхабзэ – культурэ. АтIэ, а псалъэхэр къагъэщIэрэщIэжами, щIэрыпсу къагъуэту, къагупсысу газетыбзэм къыхагъэхьами, ахэр лъэпкъым къищтащ, бзэм иджы зыубгъуауэ щолажьэ. 
2011 гъэм «Адыгэ псалъэм» мазэ зыбжанэкIэ къигъэсэбэпащ «гъэзалъэ» псалъэр, «руль» мыхьэнэр къикIыу. «Автомашинэм и рулыр зыIыгъар» жамыIэу, «автомашинэм и гъэзалъэм бгъэдэсар» ятхырт газетым и лэжьакIуэхэм. АрщхьэкIэ, а псалъэр къащтакъым, «руль» псалъэм и мыхьэнэр «гъэзалъэм» къимыкIыщэу къалъытэжри, ар «Адыгэ псалъэм» и бзэм хагъэкIыжащ, зэкIэ урысыбзэм къыхэкIа «рулыр» къащтэжащ. Ар и щыхьэтщ езы бзэм и мыхьэнэкIэ къемызэгъ псалъэщIэхэр къызэрыхуэмыщтэм. Апхуэдэу «Адыгэ псалъэ» газетым къыщыхалъхьауэ бзэм игъэлажьэр мымащIэми, ахэр щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ дэIэпыкъуэгъу зэрыхуэныкъуэм шэч хэлъкъым. Къагупсысу бзэм къыхагъэхьами е «къагъэпсэужами» щIэх-щIэхыурэ газетым къытохуэ мыпхуэдэ псалъэхэр: «щIэнгъуазэ» (энциклопедия), «псэкупсэ» (духовность), «хабзэубзыху» (законодательный орган), «узэщIакIуэ» (просветитель), «псантхуэ» (нерв), «къудамэ» (отделение, отдел, сектор), «хьэрш» («космос»), «псалъэзэблэдз» (кроссворд), н. 
ИтIани, хамэбзэхэм къыхих хъуну псалъэхэр зэхэгъэкIауэ убзыхуныр, бзэр апхуэдэу шэщIауэ гъэлэжьэныр зы газет къару закъуэкIэ зэфIэкIыну Iуэхукъым. Ар ипэкIэ хъарзынэу кIуэтэнут, щIэныгъэлIхэри журналистхэри зыхыхьэ бзэщIэныгъэ-къэхутакIуэ комиссэ щхьэхуэ къызэгъэпэщарэ, пIалъэ пыухыкIам къриубыдэу зэ зэхуэсурэ бзэм щылажьэ терминхэмрэ абы къыхыхьэ псалъэщIэхэмрэ я Iуэху зыIутым хэплъэу щытамэ.   
«Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэхэм къагъэсэбэп, «къагъэпсэужа» псалъэу къэтхьахэм я бжыгъэм иджыри тынш дыдэу пхухэгъэхъуэнущ, ауэ нэхъыщхьэр аракъым. Дэ мы тхыгъэм зи гугъу щытщIар цIыхухэр нэхъыбэу зыщыгъуазэ хъуа псалъэхэрщ. Сыт хуэдэу къэкIуэну зэманым а псалъэхэр бзэм къыхуэгъэсэбэпыну? Газетыбзэм хэувэным нэхъ мыхьэнэшхуэ ямыIэжу ахэр къэнэну, купщIафIэу къалъытэу, нобэрей адыгэбзэм щылэжьэну? Дауи, ар зэлъытар журналистхэм я закъуэкъым, - абыкIэ жэуап ехь дэтхэнэ адыгэми… 

УнэлIокъуэ Вячеслав, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат.
Поделиться: