Жылагъуэ

Иримылэжьэжынумэ, сыткIэ хуей IэщIагъэм?

Иджыблагъэ ирагъэкIуэкIа къэпщтэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, иджырей студентхэм я процент 28-м я мурадкъым еджапIэр къауха иужь ягъуэта IэщIагъэм ирилэжьэну. Ар гъэщIэгъуэнщ илъэс къэс вузхэм щIэтIысхьэхэм зэрыхэхъуэм папщIэ къулыкъущIэхэр зыщытхъужу щызэхэпхкIэ. АрщхьэкIэ бжыгъэра нэхъапэр? Сыт хуэмейр щIебгъэджэнур?

Къэунэхуахэм нэхърэ, къадекIуэкIахэр

Иужьрей зэманым куэдым хасэну къалъыхъуэ «райские яблоки» жыхуэтIэ мыIэрысэ плъыжьыбзэ цIыкIур. Пэжыр жытIэмэ, ди унагъуэ хадэхэм ущрихьэлIэу щытакъым абыхэм, уней лъапсэ зиIэ урысхэр мыхъумэ. Балийм и теплъэм едгъэщхьу зэзэмызэ дыщрихьэлIи, и дахагъыр дгъэщIагъуэу деплъ мыхъумэ, нэгъуэщIкIэ къэдгъэсэбэпынуи къэтлъыхъуэртэкъым.

Гъуэгухэр къыщежьар

Ижь-ижьыж лъандэрэ щыIэщ гъуэгу. ЦIыхум щэкIуэн, бдзэжьей ещэн щIидза нэужь, гъуэгуи хуэныкъуэ хъуащ. Мэзым лъагъуэ пхишу щIидзащ.

Сом къыпэмыкIуэми

«Волонтёры-медики» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм къызэригъэпэщауэ 2020 гъэ лъандэрэ зи ныбжь хэкIуэтахэм защIэгъэкъуэным тещIыхьауэ лажьэ щIыналъэ волонтёр штабым и унафэщI Къущхьэ Залинэ зэрыцIыкIурэ хущIэкъурт сэбэп зыпылъ IэщIагъэ зэрызригъэгъуэтынум.

Еджагъэшхуэт, цIыху щэджащэт

Еджагъэшхуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор цIэ лъапIэр щIалэ дыдэу зыхуагъэфэща Абдокъуэ Iэуес Исмэхьил и къуэм гукъэкIыж кIэщI къудей мыхъуу, хуэфащэт тхылъ псо тебухуэну.

ЦIыху гъэщIэгъуэнхэр

«Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм зы махуэ гуэрым къыщIохьэ илъэс ныкъуэ ипэкIэ зи гугъу ныфхуэтщIа, мы лъэхъэнэм ныбжь иIэу тIысыжами, Къэбэрдей-Балъкъэрми, зэрыщыту къатщтэмэ, Урысей Федерацэми гырэ къэIэтынымкIэ спортсмен лъэрызехьэу илъэс куэдкIэ къыщекIуэкIа, спортым лъэпкъ лIэужьыгъуэхэмкIэ и мастер Гъуэтыж БетIал. 

Ди гуэлхэр я нэIэм щIэтщ

Еплъи, гуэл къызэрыгуэкI цIыкIущ (метри I00 къудейщ и бгъуагъыр зэрыхъур), кIэлъыплъыжи, щIы щIагъкIэ псы къызыхэлъадэ гуэлу дуней псом тетым я нэхъ куу дыдэщ. КъищынэмыщIауэ, абы куэду хэт сероводород химическэ пкъыгъуэм и мэ гурымыхьыр къыхех. Абыи емылъытауэ, а щIыпIэм щыпсэухэм я кIуапIэщ, я зыгъэпсэхупIэщ. ГъэщIэгъуэнщ гуэлым теухуауэ къекIуэкI IуэрыIуатэхэри. Ахэр зэтехуэркъым, ауэ я дэтхэнэми и купщIэр зыхуэкIуэжыр гуэлым нобэм къэс и кIэм нэсу ямыджыф, къаруушхуэ зыхэлъ щэху гуэр зэрихъумэрщ.

Илъэс 220 гъуэгуанэ

Урысей Федерацэм ЮстицэмкIэ и министерствэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 220-рэ ирикъуащ. Абы теухуа махуэшхуэ зэIущIэ щекIуэкIащ УФ-м ЮстицэмкIэ и министерствэм и Управленэу КъБР-м щыIэм. 

Гъэсэныгъэм теухуауэ

Адыгэхэм мыхьэнэшхуэ иIэу ялъытэрт сабийр зрапIыкI гущэм, ар къызыхэщIыкIа пхъэм деж къыщыщIэдзауэ зыщIамкIэ иухыжу. Пхъэ угъурлыуэ ябжырт кхъужьейр, бжейр, Iэнейр, псом хуэмыдэу хьэмкIутIейр. Гущэ Iэдий, гущэ лъэгу хуэдэхэр хьэмкIутIейм къыхащIыкIмэ сыт щыгъуи нэхъ къащтэрт. Адыгейхэм нэхъ пхъэ махуэу жыхуаIэр кIей, тIушэ, жыгей хуэдэхэр арат, ауэ абыхэми хьэмкIутIейм къыхэщIыкIа пхъэбгъу пIащIэ щимэ цIыкIу гущэкъум фIадзэрт.

Чэфу машинэр ирихужьащ

Урысей МВД-м и Прохладнэ къудамэм и плъыр частым шыщхьэуIум и 30-м сыхьэт 16-м псэлъащ щIыпIэм щыпсэу, илъэс 66-рэ зи ныбжь цIыхухъур, и «ВАЗ 2I099» автомашинэр зэрырахужьамкIэ хъыбар яригъащIэу. ЗэрыжиIамкIэ, IункIыбзэIухыр щIэгъэнапIэм илът, езыр метритхукIэ пэIэщIэу арат. МыцIыху гуэр автомашинэм бгъэдыхьэщ, рулым IутIысхьэри IукIащ. 

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ