ЩIалэгъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым еджапIэщIэхэр щаухуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2022 гъэм еджапIиблым щхьэкIэ ухуэныгъэхэр ирагъэжьэнущ.
«Егъэджэныгъэ» лъэпкъпсо проектым ипкъ иткIэ, Налшык къалэ сабий 1500-рэ, Бахъсэн – 1224-рэ, КъалэкIыхьым (Прохладнэ) – 560-рэ, Майкъалэ – 330-рэ, Псынабэ 150-рэ, КъалэцIыкIум (Красносельскэ) – 500, Бабыгуей (Сэрмакъ) – 275-рэ зыщIэхуэну еджапIэхэр дащIыхьынущ.

Доткъул Еленэ: Гум жиIэм уедаIуэмэ, ущыуэнукъым

ДыщэкI IэщIагъэм бзылъхугъэхэр зэрырилажьэр димыщIэщыгъуэми, абы нэсу хуэIэижь хъуфыр зырызщ. Апхуэдэхэм уигурэ уи щхьэрэ зэтелъу яхыубжэ хъунущ сурэтыщI, дыщэкI, декоративно-прикладной гъуазджэм и лэжьакIуэ Доткъул Еленэ. Ар Бахъсэн къалэм щыщщ, щеджари абы дэт курыт еджапIэ №I-ращ. ГъуазджэхэмкIэ институтыр къиуха иужькIэ ар зэман гуэркIэ гъуазджэхэмкIэ школым егъэджакIуэу щылэжьащ,  уней хьэрычэтыщIэуи щытащ.

МафIэбг «ябгэу» Iуащхьэмахуэ

Тхьэхэм я зэхуэсыпIэу алыдж IуэрыIуатэм хэт Олимп Iуащхьэр а цIэр зэрихьэу а щIыналъэм ит бгырауэ хуа­гъэфащэ. Ауэ нэгъуэщI еп­лъыкIи щыIэщ. 

Пщащэ гурыхуэ

Мы гъэм Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и курыт еджапIэхэр къэзыуха ныбжьыщIэхэм ящыщу къэзыпщытэж къэрал экзаменхэр нэхъыфI дыдэу къызэзынэкIа, бжыгъэ нэхъ лъагэ дыдэ къэзыгъэлъэгъуахэм ящыщщ ди лъэпкъэгъу пщащэ — Къэзэнокъуэ Данэ.

ГъащIэ здэщыIэнкIэ хъунухэм ящыщщ

Карнеги и цIэр зэрихьэу США-м щыIэ ЩIэныгъэхэмкIэ институтым и IэщIагъэлIхэу Фенг Фабо, Батлер Пол сымэ иджыблагъэ хьэршым къыщахутащ абы зыщызыгъазэ пкъыгъуэ абрагъуэхэм ящыщу «Нептун щIыIэ» зыфIащамрэ гъащIэ здэщыIэнкIэ хъуну зыхуагъэфащэ планетэу тIурэ. Иужьрейхэр егъэщIылIащ ди Дыгъэм нэхъ къыпэгъунэгъу «плъыжь цIыкIужьей» зыхужаIэ вагъуэ жьэражьэм. 

Ди хэкумрэ хабзэмрэ хуэдэ щыIэкъым

Къулъкъужын къуажэм къыщыхъуа, щеджа адыгэ пщащэ щIыкIафIэ Къуэдз Аксанэ щызэзгъэцIыхуар Германиеращ. Илъэс зыбжанэ ипэкIэ абы къыщызэрагъэпэща, Адыгэ щэнхабзэм и дунейпсо фестивалым щыщ зы пшыхьыр езыгъэкIуэкIар Аксанэт. Хэкум икIахэр дыдихьэхат абы Iурылъ адыгэбзэм и къабзагъымрэ лъэпкъ Iуэхум хуэнэхъуеиншэу хамэ хэку зэрисымрэ. Ар илъэс 20-м нэблэгъауэ Германием щопсэу, щолажьэ. Унагъуэщ, пхъуитI иIэщ. Нэмыцэ къэралыгъуэм къыщаIэт сыт хуэдэ адыгэ Iуэхуми жыджэру хэтщ, щIэблэм адыгэбзэр егъэщIэным и гуащIэ хелъхьэ.

Алисэ и университет хъыбархэр

 ФокIадэм хэIущIыIу хъуауэ щытащ илъэсий фIэкIа мыхъу Тепляковэ Алисэ Мэзкуу дэт къэрал университетым зэрыщIэхуар. «Вундеркинд» зыхужаIэ, и ныбжьым зыужьыныгъэкIэ щхьэпрыкIауэ къалъытэ сабий зэрыщыIэр щэхукъым, ауэ апхуэдэ дыдэу пасэу университетым щIэтIысхьаи къэзухаи щыIауэ къахуэщIэжакъым.

Испанием щеджауэ къегъэзэж

ЩIэныгъэ­хэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием иригъэ­кIуэкI егъ­э­джэ­ны­гъэ программэм ипкъ иткIэ, хьэ­рычэтыщIэхэр щра­гъаджэу Испанием щыIэ школ лъэрызехьэ къэ­зыухахэм ящыщщ Гуэщокъуэ Марианнэ. 

Кафе-тхылъ хъумапIэ

«Хъыбар гуапэхэр» фIэщыгъэм щIэту илъэс зыбжанэ ипэ Налшык къыщызэIуаха кафе-библиотекэр къалэ­дэс­хэм фIыуэ ялъэгъуа зыгъэп­сэхупIэ-зэIущIапIэхэм ящыщщ. Апхуэдэ IуэхущIапIэ гъэ­щIэгъуэныр зи гукъэкI ди лъэпкъэгъу пщащэ Хъурей Санэ нэхъ гъунэгъуу зэдгъэцIыхумэ ди гуапэу, упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ. 

Гъэсэныгъэр сабийхэм я нэкIэ

КъБР-м и Парламентым и депутатхэр яIущIащ «ДыгъафIэ къалэ» Сабий академием и гъэсэнхэм.

Страницы

Подписка на RSS - ЩIалэгъуэ