КъыхэкIыр нэхъыбэ мэхъу![]() КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ Урысейм и Федеральнэ налог къулыкъущIапIэм и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI ГубэщIыкI Аслъэн.Ахэр тепсэлъыхьащ мы илъэсым и блэкIа мазитхум налогхэр зэрызэхуахьэсам, ар зэрыхуагъэфэщам нэхърэ нэхъыбэу къызэрыхэкIам. Къапщтэмэ, 2024 гъэм и щIышылэ - накъыгъэ мазэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и бюджет зэхэлъым сом меларди 8,8-рэ къыхэхъуащ, ар блэкIа илъэсым и апхуэдэ пIалъэм еплъытмэ, сом мелард 1,2-кIэ нэхъыбэщ (процент 16,1-рэ). Процент 14,2-кIэ е сом мелуан 855-кIэ нэхъыбэ хъуащ республикэ бюджетым налогыу халъхьар. Бюджетым щымыщ фондхэм яIа хэхъуэр хуэдэ 1,5-кIэ нэхъыбэ хъуащ.
Поделиться:
Читать также:
12.09.2026 - 12:46 →
Хабзэхэр зэрагъэзащIэм кIэлъоплъ
05.09.2026 - 10:25 →
Аруан щIыналъэм и зыужьыныгъэр
11.07.2026 - 12:00 →
Хабзэхэм щыхэплъащ, зэхъуэкIыныгъэхэри халъхьащ
05.07.2026 - 09:00 →
ЩIэпхъаджагъэхэр къызэпауд
04.07.2026 - 10:23 →
Хэхыныгъэхэм зыхуагъэхьэзыр
| ||





