Гупсысэр – псалъэкIэ

Ди тхакIуэхэм, усакIуэхэм яхэтщ Iущагъышхуэ зыхэлъ гупсысэхэр псалъэуха зыбжанэу зэхэлъ тхыгъэ кIэщIхэмкIэ екIуу къызэIутэф. Абыхэм ящыщ зыщ Хьэту Пётр. Апхуэдэ абы и IэдакъэщIэкIхэм щыщ зыбжанэм фыщыдогъэгъуазэ.

***

«Ныжэбэ жэщым творчествэм и хьэзабым сиукIауэ зысхуэгъэхъеижыркъым!.. - жи усакIуэ гуэрым. - Хъуну зы сатыри схуэтхакъым...» Уи фэр изых, узыукI творчествэм и хьэзаб зэрыщымыIэр имыщIэу, гъэщIэгъуэнщ абы усэ зэритх щIыкIэр?! Апхуэдэ хьэзаб къыщыунэхур, къыщыптехуэр - творчествэр щыщымыIэм и дежщ, птхыр Iэпэм къыщыщIэпфыкIырщ. Творчествэми зрахулIэркъым, езым урехулIэ; къыздикIари къыздихуари къыпхуэмыщIэрэ бгъэщIэгъуэжу (усакIуэшхуэм: «Ай да Пушкин, ай да молодец!..» жыхуиIа щытыкIэр къыпхуэкIуэу), гумрэ псэмрэ щызэтрихьа уи гурыщIэр, псынэпс къабзэу къишкIурыкIрэ псалъэхэм (гупсысэхэм) уалъэщIэмыхьэу, къыбокIутэкI… Творчествэм и хьэзаб щыIэр нэгъуэщIщ, абы нэхърэ нэхъ хьэзаб IэфIи гъуэтыгъуейщ, сыту жыпIэмэ къэбгъэщIа-къохъулIа фIыгъуэ-фор, бжьэм хуэдэу гугъу уехьу, дэни къыхыбохри…

***

Поэзие нэсыр - убыдыпIэншэу инщ, лъагэщ, куущ, уи щхьэм къимытIасэ Iэджэр абы хэлъхьэжи, ар зищIысыр игъащIэкIи къыпхуэмыщIэну апхуэдэщ. ИкIи а поэзием - дзыгъуэ гъуанэ дихьа къэмынэу - хищIыкI и гугъэу къутыргъэну дэпсэлъей-къепсэлъэхым шэс сихьэфынущ зыгуэр зэрилажьэмкIэ.

***

Псалъэмрэ музыкэмрэ щызэпыхьэ нэзырщ поэзием и хэщIапIэр. А нэзыр къэпхутэфмэ - уусакIуэщ.

***

ПыIэгъуэ щумыгъуэтыж мы дуней зэрыхьзэрий-пыIэзыфIэхьым цIыхугъэ зиIэр, гущIэгъу зыхэлъыр къэзыгъэувыIэ, зыгъэгулэз, зыгъэгупсысэ Iуэху сыIууати, си гур къыхэузыкIащ… ИкIи абы сигу къигъэкIыжащ, си фIэщи ищIащ иджыри дунейм сызэрытетыр, иджыри сызэрыпсэур, гу щIыIэ-псэ щIыIэ сызэрымыхъуар.

***

Сыт хуэдэ художественнэ произведенэми цIыхуфIым - и гур, и псэр фIым къыхуигъэушрэ иузэщIу - къыхихынур дахагъэщ, фIагъыу хэлъырщ, цIыху Iейм гу зылъитэнур а произведенэм и щыщIэныгъэхэрщ; аращ-тIэ, цIыхур я дуней тетыкIэкIэ бжьэрэ блэуэ зэхэбдзмэ, зым а удз гъэгъа дыдэм къыхихынур фощ, адрейм - щхъухьщ.

***

Талантыр - Тхьэм и натIэ къритхауэ - цIыхум къыдалъхуу жаIэ, ауэ ар пцIыщ. ЗыкъызыфIэщIыжахэм абыкIэ я щхьэр къагъэпцIэж-трагъэужу аращ. Творчествэр цIыхум и лъым хэтщ - апхуэдэу къегъэщI. Ауэ, абы зиужьын папщIэ, ар езыгъэжьэн къарурэ акъылрэ уиIэн хуейуэ аркъудейщ; талантыр къыщыкъуэкIыр иужьыжкIэщ, ар къыщыкъуэкIынури уи щIэныгъэ-зэхэщIыкIым, уи ерыщыгъэм, нэгъуэщI куэдми елъытащ.

***

Творчествэм ехьэлIауэ: Уи гущIэр къэптIэщIкIэ - дыщэ кIанэ къыпхущIэхынукъым, япэщIыкIэ щIэныгъэ-фIыгъуэр мыщIэ цIыкIу зырызурэ уи псэм щыхыумысамэ.

***

Микробыр нэхъ шынагъуэ, абы зэраныгъэу къишэр нэхъыбэ хъуркъым, жи, ар микроскопым игъэинкIэ; къызэрыгуэкI творческэ цIыхуми (тхакIуэм, усакIуэм, композиторым, художникым, н.) критик мылъхуэс, ныбжьэгъу хуэдэхэр щытхъукIэ - мычэму и цIэр къраIуэурэ ягъэинкIэ - абы къигъэщIар нэхъыфI хъуркъым, лъэпкъ литературэми искусствэми, зэран хуэмыхъумэ, нэхъ лейуи зригъэужьыркъым.

***

МывэкIэ къоуэм щIакхъуэкIэ пэджэжыныр, фIы хуэщIэныр, дауи, Iущыгъэщ. Ауэ пщIэ къыпхузымыщI, къыптеплъэ мыхъу, сыт щыгъуи уи Iей къэзылъыхъуэ, Iэмал игъуэтыхуи лъэкъуэпэщIэдз къыпхуэзыщI, къыпхуэпсалъэ цIыху мыхьэнэншэр, икIэр сыт и лъэныкъуэкIэ фIы хуэпщIэу гъафIи пэт - ар зытетым къыпхутегъэкIынукъым, уэ птеухуауэ и Iуэху еплъыкIэми зихъуэжынукъым… Ар гъащIэм и хабзэщ - цIыху мыхьэнэншэ-икIэм тобэ къихьыжу къэхъуакъым.

***

Мылъку леи ахъшэ дели щыIэкъым. Ар игъащIэ лъандэрэ пкъыкIи псэкIи тхьэмыщкIэхэм я философиещ - яфIэемыкIуу, «мобы е модрейм мылъку лей, ахъшэ делэ иIэщ» жаIэу, атIэми, щыIэмэ, щыIэр - мылъкум игъэудэфарэ ахъшэм игъэделарэщ. Мылъкур (ахъшэр) псэкIэ зызыужьа, зэхэщIыкI лъагэ зиIэ цIыхум сытым щыгъуи къыхуощхьэпэ икIи ар, зыхэлъхьапхъэхэм тригъэкIуадэу, языныкъуэхэм дежи лъэпкъ зыужьыныгъэхэм хилъхьэу (псалъэм папщIэ, щэнхабзэм и IуэхущIапIэхэм, творческэ цIыхухэм защIигъакъуэу) тэмэму къегъэсэбэп; псэ тхьэмыщкIэ зиIэращ мылъкум игъэунэхъур.

***

Напэншэр напэ иIэкъым жыпIэу, щIэбгъэщIэгъуэни, щIэбгъэкъуэншэни хэлъкъым, сыту жыпIэмэ япэ дыдэу напэ щызэрагъэгъуэтыр унагъуэрщ икIи ар елъытащ сабийр зыпI-къэзыгъэтэдж, зыгъасэ адэ-анэ лыджанэм, Iыхьлы Iэулэдым, нэгъуэщIхэми, уегуакIуэмэ, къэралым. Тэмэму гъэсэныгъэ зымыгъуэта цIыхум, къыдэкIуэтея, и ныбжь ирикъуа, хэкIуэта нэужь напэ къылъыкъуэкIыну ущIыщыгугъын щыIэкъым. УщыныбжьыщIэм зумыгъэгъуэта напэр уи гъащIэ ныбжьым къихьыжыркъым; пащIэм къимыхьар жьакIэм къихьыжыркъым. Хабзэ-нэмысым щIамыпIыкIар мэсэхъу, сэхъуам напэ иIэн хуейуэ пэбубыдынри икIэрауэ делагъэщ, мыхьэнэ лъэпкъ иIэжкъыми; чы щIыкIэ къыумыгъэшар бжэгъу хъуа нэужь къыпхуэгъэшыжыркъым, щIыжаIэри аращ.

Поделиться:

Читать также: