Къэбэрдей-Балъкъэрым и Лъэпкъ библиотекэм хабзэ дахэ иIэщ республикэм и Къэралыгъуэр щигъэлъапIэм ирихьэлIэу щэнхабзэм, щIэныгъэм и лэжьакIуэ пажэхэр зыхэт зэIущIэхэр иригъэкIуэкIыу. Апхуэдэу библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм игъэхьэзыра «Си щIыналъэ» гъэлъэгъуэныгъэм кърагъэблэгъащ зи ныбжьыр мы гъэм илъэс 80 ирикъуа, бзэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Гъут Iэдэм. «Лъэпкъ Iущыгъэм и налкъутхэр» тхылъ гъэлъэгъуэныгъэри хуэгъэпсат щIэныгъэлIым.
- Гъут Iэдэм и Iэдакъэ къыщIэкIащ щIэныгъэ-публицистикэ лэжьыгъэу, литературнэ- критикэ, художественнэ литературэ тхылъ зэмылIэужьыгъуэу 350-рэ. Абыхэм яхэтщ IуэрыIуатэм теухуа тхылъи 4, лъэпкъ литературэм, публицистикэм ехьэлIа ныкъусаныгъэхэм щытепсэлъыхь тхыгъэхэр щызэхуэхьэсыжа нэгъуэщIхэри. Iэдэм и гуащIэшхуэ хилъхьащ «Фольклор адыгов в записях и публикациях XIX-начала XX вв.» тхылъым, Къэзанокъуэ Жэбагъы теухуа хъыбархэр щызэхуэхьэсам, «История кабардино-черкесской литературы» IыхьитIу зэхэлъ тхылъым, - жиIащ зэIущIэр къызэзыгъэпэща, библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм и лэжьакIуэ Безыр Ленэ.
ЗэIущIэм хэтащ Гъутым и лэжьэгъу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор БакIуу Хъанджэрий, Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и лэжьакIуэхэу Бетыгъуэн Алёнэ, Хьэвжокъуэ Людмилэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и член-корреспондент, тхакIуэ Фырэ Анфисэ сымэ.
- Iэдэмрэ сэрэ илъэс ди зэхуакуу аращ. Зы зэманым дыхалъхуащ, зы лъэхъэнэ дыкъызэдикIащ, куэд щIауэ дызэроцIыху. Ар ядэлэжьащ IуэрыIуатэр зэхуэзыхьэсыжа, зытхыжа КъардэнгъущI Зырамыку, Нало Заур, Шортэн Аскэрбий сымэ. ИкIи къыхэгъэщыпхъэщ а лIы щэджащэхэм лъэпкъым хуащIам нэхърэ мынэхъыбэмэ, Iэдэм илэжьар зыкIи зэрымынэхъ мащIэр. Уеблэмэ Гъутым и къэхутэныгъэхэм ящыщ къагъэсэбэпу щытащ абыхэм. Кавказ Ищхъэрэм и закъуэ мыхъуу, Урысей псом пщIэ щызиIэ, зи цIэр куэдрэ ираIуэ щIэныгъэлIхэм ящыщщ Iэдэм. «Адыгэ нарт IуэрыIуатэм и поэтикэр» кандидат лэжьыгъэр 1976 гъэм, «Адыгэ IуэрыIуатэм и художественнэ хабзэхэр» доктор лэжьыгъэр 1993 гъэм Дунейпсо ЛитературэмкIэ институтым щыпхигъэкIауэ щытащ абы. Ар Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым и закъуэкъым щылэжьар. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетми спецкурс зыбжанэ щригъэкIуэкIащ, КъБР-м ЩIэны-
гъэмрэ егъэджэныгъэмкIэ и министерствэм и щIэныгъэ-чэнджэщэгъу къудамэм илъэс 20-кIэ хэтащ. Гъут Iэдэм Къэ-
бэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и щIэныгъэ узэщIакIуэщ, ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей академием, КъБР-м и Правительствэмрэ Парламентымрэ я щIыхь тхылъхэмкIэ ягъэлъэпIащ, лэжьыгъэм и ветеранщ. И щIыхьыр лъагэщ, езыр щыпкъэщ, зэпIэзэрытщ, - жиIащ БакIуум.
ЩIэныгъэм и кандидати 10-рэ зы докторрэ игъэхьэзыращ Гъут Iэдэм. Абы и нэIэ щIэту зи лэжьыгъэ пхызыгъэкIахэм къабгъэдэкIыу щIэныгъэлIым псалъэ гуапэкIэ зыхуигъэзащ Бетыгъуэн Алёнэ:
- Аспирантурэм щIэтIысхьэ дэтхэнэми и Iуэхур занщIэу кIуэтэну, ищIэ псори хъууэ, псоми хищIыкIыу къыщохъу. Ар апхуэдэу зэрыщымытыр, Iуэхур куэдкIэ зэрынэхъ гугъур къыщыпщIэр иужькIэщ. Сэри, апхуэдэу, згъэзащIэ лэжьыгъэмкIэ сигурэ си щхьэрэ зэтелъу сыкIуат Гъутым деж. Iэдэм апхуэдизкIэ цIыху щабэт, щысхь иIэти, мыхъуар блигъэкIри, хъуам щхьэкIэ къысщытхъуауэ щытащ. Абыи си гур хигъэхъуат, нэхъыбэж сщIэну, зызужьыну сыпабгъэу сыхъуат. Мыхъуар зэрызгъэзэкIуэжыфыну хэкIыпIэхэр сигъэлъагъури, кандидат лэжьыгъэр стхауэ щытащ. ЖысIэну сызыхуейращи, щIэныгъэм зи гур хуэкъабзэм бгъэдыхьэкIэ дахэ къыхуегъуэтыф Iэдэм. Утрегъэгушхуэф, щIэгъэкъуэн лъэщ къыпхуохъу, зыбужьмэ - мэгуфIэ, ехъулIэныгъэри къыбдеIэтыф. Нобэр къыздэсым гуапэу си гум илъщ Гъутым къитхуищIа псори, - жиIащ абы.
Хьэвжокъуэ Людмилэ тепсэлъыхьащ Гъут Iэдэм и художественнэ лэжьыгъэм.
- Гъутыр псоми къацIыху публицисту, IуэрыIуатэджу, филологыу. Ауэ ар икIи тхакIуэщ. Iэдэм и Iэдакъэ къыщIэкIащ усэхэри, рассказхэри, новеллэхэри. Ахэр щызэхуэхьэсащ «Дэбагъуэ» тхылъым. Нобэрей гъэлъэгъуэныгъэм хиубыдакъым абы и тхылъ куэд, ари гурыIуэгъуэщ - 350-рэ мэхъу ахэр. Дэтхэнэми къалэн гуэр щыдогъэзащIэ мы гъащIэм. Хэт сабий ирегъаджэ, хэт цIыхухэр егъэхъуж, хэт экономикэм зрегъэIэт. Гъут Iэдэм щIэныгъэрылажьэщ, IуэрыIуатэр къеIэтыж, едж, етх, и щIэныгъэхэмкIэ мэгуашэ. ИпэжыпIэкIи, зыми хуэмыдэжу къохъулIэ а лэжьыгъэр. Абы и закъуэкъым, Iэдэм хещIыкI политикэми, экономикэми, философиеми, нэгъуэщI унэтIыныгъэхэми. Куэдрэ уузыншэну, лъэпкъ Iуэхур бгъэкIуатэу ди республикэм ухуэлэжьэну, уи пщIэр нэхъри лъагэж хъуну си гуапэщ, - зыхуигъэзащ Хьэвжокъуэм щIэныгъэлIым.
ЗэIущIэр ягъэдэхащ пшынауэ Iэпсэ Дианэрэ уэрэджыIакIуэ ДыщэкI ФатIимэрэ.