Унэ гъэплъыгъуэм зыхуагъэхьэзыр

УФ-м и Пра­вительствэм щIы­налъэхэм зегъэужьы­нымкIэ и прези­диумым и зэ­IущIэм КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеозэ­пы­щIэныгъэ IэмалкIэ хэтащ. Ар иригъэкIуэкIащ вице-премьер Хуснуллин Марат. Зэ­хуэ­сым апхуэдэу хэтащ КъБР-м и ­Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алийрэ транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ министр ДыщэкI Аслъэнрэ. 

ЩIыналъэхэм гъуэгум епха лэжьыгъэхэр зэрыще­кIуэ­кIымрэ унэ гъэплъыгъуэр къы­зэрыблагъэмрэ тепсэлъыхьащ зэIущIэм кърихьэлIахэр.  
Къэбэрдей-Балъкъэрым ще­кIуэкI гъуэгу ухуэныгъэхэм мы­хьэнэ хэха щрат лэжьыгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ щекIуэкI, цIыхубэр нэхъыбэу щызэхуэс, хьэщIэхэр къыздэкIуэ респуб­ликэ къалащхьэм. Нэхъ пасэу КIуэкIуэ Казбек унафэ ищIауэ щытащ лэжьыгъэ щекIуэкI ­объектхэр машинэхэр нэхъ Iув щыхъуну фокIадэм и 1-м ирихьэлIэу и кIэм нагъэсыну, сабийхэр школхэм зэрыщIэтIыс­хьэжым, зыгъэпсэхугъуэ пIалъэр зэриухым къыхэкIыу. 
Нобэрей IуэхукIэ зыпэрыхьа объект псоми лэжьыгъэр и  кIэм щынагъэсащ. Гъуэгу Iыхьи 10, псори зэхэту километр 11 я кIыхьагъыу, зытетыпхъэ мардэм нагъэсакIэщ: Осетинскэ, Балъкъэр уэрамхэмрэ 2-нэ Таман дивизэм, Хъуранымрэ Мусукаевымрэ я цIэхэр зезы­хьэхэмрэ. Ахэр къалэм щы­зэблэкI машинэхэр нэхъ уэру щызежэ гъуэгухэращи, зэуэ машиниплI зэбгъурыту хуэдэу зекIуэкIэр зэтраублэнущ. Къи­нэмыщIауэ, Хьэсэней къуажэм Аттоевым и цIэр зезыхьэ и уэрам километри 4 хъумрэ километри 5-м нэблагъэ «Ветеран», «Дубки-2» дачэ ды­хьэ­пIэ­хэмрэ зыхуей хуэзэу зэрагъэ­пэщыжащ. Илъэсым и кIэм ирихьэлIэу километр 16,5-рэ зи кIыхьагъ Аргудан - Александровскэ гъуэгури зыхуей хуа­гъэзэнущ. Гъэ къэси хуэдэу, егъэджэныгъэм, узыншагъэр хъумэным, щэнхабзэм, спортым епха IуэхущIапIэхэм я ­хъуреягъкIэ цIыхур зыхуэны­къуэнкIи хъуну псори тыншу ­къащыIэрыхьапхъэ инфраструктурэ шынагъуэншэ къы­щызэрагъэпэщ. 
Лъэпкъ проектхэмрэ къуа­жэ­хэм зегъэужьынымкIэ про­грам­мэмрэ япкъ иткIэ, къэрал, щIыпIэ мыхьэнэ яIэу, дызэрыт илъэсым псори зэхэту объект 69-м лэжьыгъэ ирахьэлIэ. Къи­нэмыщIауэ, километр 50-м уэздыгъэхэр трагъэувэнущ. 
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ унэ гъэплъыгъуэм зыхуэгъэ­хьэзырын зэрыхуейм епха къалэнхэми, псэупIэ-коммуналь-нэ комплексхэм Iэмэ­псы­мэ­щIэхэр ехьэлIэн зэрыхуейми и гугъу ящIащ. КъБР-м ухуэ­ныгъэ IуэхухэмкIэ и минис­терствэм къызэритымкIэ, но­бэрей IуэхукIэ Къэбэрдей-­Балъкъэрыр 2024 - 2025 гъэхэм я бжьыхьэ-щIымахуэ пIа­лъэм процент 85 - 89-рэ ­хуэдизкIэ хуэхьэзырщ. Унэхэр зыгъэхуабэ IуэхущIапIэхэри лэ­жьыгъэм кIэлъоплъ. Жэпуэ­гъуэм и 1-м щегъэжьауэ, псыр зэрызекIуэр къащIэн папщIэ, котельнэхэр лэжьыгъэм пэ­ры­хьэнущ. 

Поделиться:

Читать также: