Хъымсад гуащэ и хъыбарымрэ и уэрэдымрэ![]() КъардэнгъущӀ Зырамыку итхыжа хъыбархэм къызэрыхэщымкӀэ, уэрэдыр зыуса Хъымсад Къэбэрдейм иужь дыдэу пщы уэлийуэ тета Жанхъуэтыкъуэ Кушыку ипхъут. КъуажэкIэ Жанхъуэтхьэблэм, иджы Псыгуэнсум, щыщт. 1808 гъэм къэбэрдей пщы-уэркъхэр Бахъсэн псыхъуэ щызэхуэсри, Къэбэрдейр зэрихьэну пщы уэлийуэ Кушыку хахауэ щытащ. Ар пщы я пщыжу щIыхахауэ щытар пщы лъэпкъыжь дыдэ Беслъэн ПцIапцIэ и лIакъуэхэм къахэкIати аращ. Нэхъ IупщIу жытIэу щытмэ, Кушыку и адэр Жанхъуэтщ, абы и адэр Тэтэрхъанщ, абы и адэр Бэчмырзэщ, абы и адэр Жамболэтщ, абы и адэр Къазийщ, абы и адэр Пщыапщокъуэщ, абы и адэр Къетыкъуэщ, абы и адэр Беслъэн ПцIапцIэрщ, н.ж., Беслъэн ПцIапцIэ и ебланэ лIакъуэщ. Кушыку пщы я пщыжу илъэс 21-кIэ тетащ, и ныбжьыр илъэс 72-м иту 1829 гъэм дунейм ехыжащ. Кушыку и япэрей фызым къилъхуауэ пхъуитIрэ зы къуэрэ иIащ: Хъымсад, Чэбэхъан, Жамболэт, етIуанэрей фызым къилъхуа Пщымахуэ сабийуэ дунейм ехыжащ. Аращи, Хъымсад пщы нэхъ лъэпкъыжь дыдэхэм къахэкIауэ щытащ. КъэзыIуэтэжхэм зэрыжаIэмкIэ, Хъымсад икъукIэ хъыджэбз дахэу, цIыхубз зэкIэлъыкIуэу щытащ. А зэманым пщыхэм япхъухэм ират хабзэу щыта гъэсэныгъэ дахэр Хъымсади и сабиигъуэм къыщыщIэдзауэ хэлъащ, балигъ хъуа нэужь, и дахагъэмрэ и щэныфIагъ-губзыгъагъэмкIэ Къэбэрдей псом цIэрыIуэ щыхъуащ. Арати, зэгуэрым, Хъымсад Аргудан яшауэ Хьэмырзэхэ я джэгум хэту, Талъостэнхэ я къуэмрэ абырэ зэрылъэгъуащ. Талъостэнхэ я къуэри пщы лъэпкъыжьым къыхэкIат, Беслъэн ПцIапцIэ и къуэш нэхъыжь Талъостэн къытепщIыкIахэм ящыщт. ЗэрызэIуплъэу тIуми гу зэхуащIащ. Удж зэраублэу Талъостэнхэ я къуэм Хъымсад Iэпэгъу ищIри, игу зэрырихьар жриIащ: – Сэ уэ сигу урихьащ, укъыздэкIуамэ укъэсшэнт, – жиIащ Талъостэнхэ я къуэм. – Сэри зыри бдэзгъуэркъым, ауэ си адэм уасэшхуэ къыппиубыдынщ. Апхуэдэу щыщыткIэ, лIыгъэ уиIэмэ, сыпхьынщ. Абы и ужькIэ лъэпкъитIыр зэгурыIуэжынщ, – жиIащ Хъымсад. Талъостэнхэ я къуэмрэ Хъымсадрэ щызэхуэзэн хуей щIыпIэмрэ зэманымрэ теухуауэ пIалъэ зэратри зэбгъэдэкIыжащ. ЩIалэр Джылахъстэней кIуэжащ, Хъымсад Жанхъуэтхьэблэ яшэжащ, Хьэмырзэхэ я джэгур зэфIэкIати. Зэрата пIалъэр къыщысым, Талъостэнхэ я къуэр я щолэхъу шы лъэпкъ тесу, и нэм фIэкIа къыщIэмыщу, бащлъыкъкIэ и щхьэр фIэпхыкIауэ къакIуэри, Жанхъуэтхьэблэ къуажапщэм, Вындыб джабэ задэм и лъапэ екIэпцIэ мэзым, мэрем махуэ пщэдджыжьым жьыуэ къыщIэуващ. Кушыку ипхъу Хъымсад дахи, хъыджэбзхэр къепщIэпщIэкIыу, шу гъусэхэм шыхэр ягъэджэгуу мэракIуэхьэ зыдригъэшащ. Зэрызехьэу здэкIуэм, Вындыб лъапэ зэрынэсхэу, Талъостэнхэ я къуэр екIэпцIэ мэзым къыщIэжри яхэлъэдащ, гум щыбгъэдэлъадэм, Хъымсад зыкъришэкIщ, мыдрейм къипхъуатэри, и шыплIэм дидзэри щIэпхъуэжащ. Хъымсад и шу гъусэхэм щрахужьэм, нэгъуэщI кIуапIэ имыгъуэту, тIури зэрытесу и щолэхъур Вындыб джабэ задэм кIэрихуащ. КIэлъыпхъэра шухэри кIэрылъэдат, ауэ джабэ задэм дэмыкIыфу къагъэзэжащ. Хъымсад щрахьэжьэм, мэракIуэхьэ кIуэ гупым псынщIэу къагъэзэжри, къэхъуар и адэм жраIащ. Шу закъуэм кIэлъыпхъэрауэ щIэмыхьэу къэзыгъэзэжауэ щыта гупым жаIащ ар щолэхъу шы лъэпкъ зэрытесар. Апхуэдэш нэхъыбэу зиIэнкIэ хъунур Талъостэнхэт. Абы нэмыщI, Аргудан Хьэмырзэхэ я джэгум Хъымсад Талъостэнхэ я къуэм и закъуэ фIэкIа зыми къызэримыгъэуджари щыжраIэм, Талъостэнхэ ящыщ гуэрым зэрихьамкIэ шэч ищIри, Тэрч псы икIыпIэм щикIыжкIэ щIалэр яукIыу и пхъур къахьыжыну унафэ ищIри, Кушыку шу гуп игъакIуэри пигъэтIысащ, икIэщIыпIэкIэ. Щолэхъу шы бланэр, цIыхуитIыр зэрытесу Вындыб джабэ задэ лъагэм дихри, зэгуэудащ. Талъостэн и къуэм и шым тедза щолэхъу дамыгъэр къытригъэжри щIитIащ, уанэр къытрилъэфри и щIыбым кърилъхьэри, Хъымсад и Iэпэр иIыгъыу мэз защIэкIэ щIэкIри, Къуэгъулъкъуэхэ екIуэлIащ. Ахэр езыхэр Талъостэнхэ я уэркът. Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫЩ Муратщ.
Поделиться:
Читать также:
11.11.2025 - 15:00 →
Унэхэр
10.11.2025 - 13:30 →
И лIыгъэр ноби ящыгъупщакъым
08.11.2025 - 12:52 →
Гупсысэ щIэщыгъуэхэр къызыхэщ тхыгъэхэр
08.11.2025 - 11:51 →
МЭЗЫТХЬЭ КЪЫДЭУИ!
06.11.2025 - 12:26 →
Литературэ зэпеуэхэм я нэхъ иныр иухащ
| ||




