Къэк1уэнум гудзакъэ хузи1эхэр

 

Налшык къалэм дэт «Олимпийский» спорт 1уэхущ1ап1эм щолажьэ хэхып1э № 119-р. Абы къедзыл1ащ хэхак1уэ 1500-м нэблагъэ.

Хэхып1эм и унафэщ1 Сурженкэ Руслан къыхегъэщ хэхыныгъэхэр хабзэм тету зэрек1уэк1ыр.

«Ц1ыхухэр жыджэру къок1уал1э, ныкъусаныгъэ щы1экъым. Ди дежк1э аращ нэхъыщхьэр. Ди хэхак1уэхэм я нэгу зедгъэужьын папщ1э, Налшык къалэм и Музыкэ школ №1-мрэ Гъуазджэхэмк1э сабий школымрэ я гъэсэн ц1ык1ухэм зыкъагъэлъэгъуащ, уэрэдхэмрэ къафэхэмк1э я гукъыдэжыр къа1этащ», - же1э Сурженкэм.

Налшык къалэ округым щ1ып1э унафэр зехьэнымк1э и депутат, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ я ц1ыхубэ артист Текуев Амур къыджи1ащ хэхып1э зыбжанэ и нэ1эм щ1эту, 1э1этыр къызэрызэгъэпэщамк1э жэуап зэрихьыр. КъБР-м и Парламентым и депутат хэхыныгъэхэм республикэм дежк1э я1э мыхьэнэр зыхуэдэу къилъытэмк1э дыщеупщ1ым, абы къыджи1ащ: «Япэрауэ, зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым хэхыныгъэхэм къэралым, ц1ыхум я къэк1уэнур зэрелъытар. Куэд щ1акъымб Президент хэхыныгъэхэр мы гъэм зэредгъэк1уэк1рэ. Абы щыгъуэм тлъэгъуащ ц1ыхубэр мы 1уэхум жыджэру ик1и жэуаплыныгъэ яхэлъу зэрыбгъэдыхьэр. Ноби республикэм и хэхып1эхэм щынэрылъагъущ ц1ыхухэр я зэман щымысхьу жыджэру абыхэм зэрек1уал1эр, гуп-гупурэ 1э зэра1этыр. Абы къегъэлъагъуэ ди ц1ыхухэм къэк1уэнур къазэрыф1э1уэхур. Ар, шэч хэмылъу, уи гуапэ мыхъуу къанэркъым».

 

Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: