30 сентября, 2024 - 14:00
ФокIадэм и 30,
блыщхьэ
ЗэдзэкIакIуэм и дунейпсо махуэщ
Абхъаз Республикэм и лъэпкъ гуфIэгъуэщ – Куржы-Абхъаз зауэм къыщихьа ТекIуэныгъэр егъэлъапIэ
1960 гъэм Налшык лэжьэн щыщIидзащ алэрыбгъу щащI «Горянка» фабрикэм.
1930 гъэм къалъхуащ США-м щыIэ Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэм жыджэру хэта, егъэджакIуэ Хьэвжокъуэ Маждэ.
1947 гъэм къалъхуащ Сирием шынагъуэншагъэмкIэ и къарухэм я генерал-полковник, жылагъуэ лэжьакIуэ Абазэ Уэлид.
1952 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, публицист, «Кабардино-Балкарская правда» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Мэз Сусаннэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 14 - 21, жэщым градус 11 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
ЩымыIэ хабзэ къыумыджэ, къомыджа гуп умыкIуэ
Зыгъэхьэзырар БАГЪЭТЫР Луизэщ.