Алыдж щхьэхуитыр

1453 гъэм тыркудзэхэм адыгэхэр АлыджкIэ дызэджэ Грециер къащтащ, абдежми къэралыр хамэ унафэм щIэхуащ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, ар хуабжьу я жагъуэт зи щхьэхуитыныгъэр зыфIэкIуэдахэм, ауэ алыджхэр лIэщIыгъуэ зыбжанэкIэ щIэбэнын хуей хъуащ бжьым къыщIэкIыным. 
ЖытIэнщи, а бэнэныгъэр зэи увыIакъым. Грек лIыхъужьхэр куэдрэ хущIэкъуащ бийхэр я хэкум ирахужыным. АрщхьэкIэ абыхэм я зыкъэIэтыныгъэр сыт щыгъуи гущIэгъуншэу хапIытIэрт.
Псэкупсэр япэ изыгъэщ цIыхухэм нэгъуэщI къэралхэм щэхуу щылажьэ зэгухьэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыщызэрагъэпэщырт. Абыхэм ящыщ зыр, псалъэм и хьэтыркIэ, Одессэ щыIащ. Абыхэм зыкъэзыIэтыну хьэзыр цIыхухэр зэщIагъэуIуэрт. 1821 гъэм ирихьэлIэу Уэсмэн пащтыхьыгъуэр лъэрымыхь хъуат, Урысеймрэ Персиемрэ (иджы Иранщ) езауэурэ. Абы къыдэкIуэу алыджхэм я бэнэныгъэр даIыгъырт европэ псом щыщ гумызагъэхэм. 
Сыт хуэдэу щытами, гъатхэпэм и 25-м Морее ипщэм (Пелопоннес хытIыгу ныкъуэ) япэу Iэщэ къыщащтащ. ПсынщIэ дыдэу къызэщIэхъеящ зэрыщыту Алыджыр, Кипрыр, Критыр, Эгей тенджызым хэт нэгъуэщI хытIыгухэр. 
А зэманым къриубыдэу алыджхэм кхъухь 80-м хуэдиз зэрагъэпэщат къахуэупсэ цIыхухэм я ахъшэкIэ. АрщхьэкIэ топ яIэххэтэкъым, зэрызэщIэузэда фочхэри зэманым къезэгъыжыртэкъым. А щхьэусыгъуэм къыхэкIыу зыкъэзыIэтахэр гущIэгъуншэу зэхапIытIащ. Тыркухэр щысхьакъым: уеблэмэ езым и унэм и куэбжэм щхьэпылъэ щащIащ Константинополь патриарх Григорий Етхуанэр – ар ягъэкъуэншащ зыкъэзыIэтахэр зэрыдиIыгъымкIэ. А хьэкIэкхъуэкIагъэр тырку сулътIанымрэ абы и блыгущIэтхэмрэ я дежкIэ щыуагъэшхуэу къыщIэкIащ: иджы зэрыщыту цIыхубэм зыкъаIэтащ.
Алыджхэм я Iуэху къикIыу хуежьащ. Ар зыкъомкIэ и фIыгъэт зи гъащIэ псор зэрыпхъуакIуэхэм япэщIэтыным тезыухуа цIыхухэм. Колокотронис Теодорос и щапхъэм, гуп зыбжанэ щIыгъуу абы къитIысыхьащ Триполицэ провинцэм и къалэ нэхъыщхьэр. 
Мыбы мыхьэнэшхуэ иIэт тыркухэм я дежкIэ – арат мэкъумэшыщIэхэр зыуфэкъ къулыкъущIэхэм я IуэхущIапIэр здэщыIэр. Абы къыдэкIуэу щIыпIэ пэщэм и зауэлIхэм къалэм щыпсэухэр щысхь ямыIэу яхъунщIэрт. Пэжу, езы тыркухэми загъэбыдат: абыхэм зыкъэзыIэтахэм ящыщу гъэру яубыдахэр мы къалэм яшат – езыхэм ящыщхэр хэкIуэдэнкIэ зэрышынагъуэм къыхэкIыу алыджхэр къалэм ебгъэрыкIуэным темыгушхуэным щыгугъырт. 
АрщхьэкIэ къэпцIауэ къыщIэкIащ. Жэпуэгъуэм и 5-м Триполицэ зитащ. Дауи, къалэр зыубыдахэр щысхьакъым абы дэса тыркухэм: псори зэхэту цIыху мини 10-м нэс махуищым яукIащ. Мыбдежми ахэр щыбгъэкъуаншэну гугъущ: къалэм зыщызыгъэпщкIуахэм алыджхэм леишхуэ кIылъызэрахьат. 
Мыгувэу Триполицэ хамэ унафэм къыщIэкIыным щIэбэн Алыджым и гупсэ хъуащ. 1823 гъэм и кIэухым абы лэжьэн щыщIидзащ къэралым пIалъэкIэ иIэ правительствэм. ИпэIуэкIэ 1822 гъэм Лъэпкъ зэхуэсым хамэ унафэ щIэмыт Грек къэрал къызэрагъэпэщат, Кундур Иотис Георгиос президентуи хахат. АрщхьэкIэ текIуэныгъэр иджыри жыжьэт. 1823 гъэм тырку сулътIан Мэхьмуд ЕтIуанэр, епIэщIэкIыу Персием мамыр зэгурыIуэныгъэ ирищIылIэри, Египетым елъэIуащ къарукIэ къыдэIэпыкъуну. А зэманым Египетым IэщэщIэхэмкIэ зызэщIиузэдат Европэм и щапхъэм тету. Абы къыхэкIыу сулътIаныр щыгугъырт «къэралыщIэр» псынщIэу зэхипIытIэну. 
НэгъуэщI шынагъуи къыкъуэкIат. Апхуэдэхэм деж зэрыхъу хабзэщи, зыкъэзыIэтахэм я Iэтащхьэхэр зэпымыууэ зэныкъуэкъурт, уеблэмэ, щызэпэщIэувэжи къыхэхуэрт. Мис аргуэру ахэр зэщыIеящ: Кундуриотис фIэнащ Колокотронис Теодорос икIи, уеблэмэ, ар щIыналъэм ирихуащ. 
Къару зэхуэзыхьэса тыркухэр хущIэкъуащ алыдж къалэхэр иубыдыжыну: Ибрэхьим-пэщэ и флотыр Морее и Iуфэм Iухьащ, абы и зауэлIхэм Триполицэ яубыдыфащ. И хэкум зыгъэзэжа Колокотронис аргуэру гупхэр зэщIигъэуIуат, арщхьэкIэ кIасэIуэ хъуат. Дзэзешэм хузэфIэкIар Навприя къалэм бийр димыгъэхьэнырщ. 
Алыджхэм кIэлъызэрахьэ хьэкIэкхъуэкIагъэм зэгуигъэпат Европэри. Инджылызым, Франджым, Урысейм мурад ящIащ къаугъэм хэIэбэну. Лондон унафэ къыщащтащ Алыджыр хамэ унафэм зэрыщIэмытым теухуа конвенцэ. Абы иужькIэ къэралищым я Iэтащхьэхэм Тыркум зыхуагъэзащ зауэр игъэувыIэу Грек къэралым и автономиер къилъытэну. АрщхьэкIэ Мэхьмуд ЕтIуанэм ар идакъым. Апхуэдэу щыхъум европей къэралхэр Iуэхум къарукIэ хыхьащ. 1827 гъэм жэпуэгъуэм и 20-м европейхэм я кхъухьхэр Наварин псы дэжыпIэм и деж тырку-египет флотым щыпэщIэуващ. Зэхэуэ гуащIэм иужькIэ иужьрейхэм я кхъухь псори щIрагъэлъэфауэ къыщIэкIащ. Ибрэхьим-пэщэм и дзэр Морее и щIыналъэм къинащ. Псори гурыIуэгъуэ хуэдэт, арщхьэкIэ иджыри зы илъэскIэ Алыджым зэхэуэхэр щыувыIакъым. 1828 гъэм Морее хуит къащIыжыпащ. 
Зауэр иухауэ жыпIэ хъунущ 1829 гъэм и гъатхэпэм. Европей къэралхэр хэту абы щыгъуэм ягъэуващ Тыркумрэ Грециемрэ я къэрал гъунапкъэхэр. Тыркум Урысейм кърищIылIа Адрианополь мамыр зэгурыIуэныгъэмкIэ Истамбыл Грециер хамэ унафэм щIэмыт къэралу къилъытэн хуей хъуащ.
Алыджхэм уасэшхуэ щIатащ я текIуэныгъэм. ЗэпэщIэта лъэныкъуэхэм яфIэкIуэда зауэлIхэм я гугъу тщIынкъыми, зэхэуэ гуащIэхэм хэкIуэдащ цIыху мамыру мин 40-м щIигъу.
 

 

МАХЪШОКЪУЭ Мухьэмэд.
Поделиться: