Жэпуэгъуэм и 16, бэрэжьей
♦Ерыскъым и дунейпсо махуэщ
♦ЩIакхъуэм и дунейпсо махуэщ
♦Анестезиологым и дунейпсо махуэщ
♦1991 гъэм Налшык щызэхэтащ КъБР-м ис лъэпкъхэм я нэхъыжьыфIхэм я зэхуэс.
♦1868 гъэм къалъхуащ Къаир щыщ адыгэ тхакIуэ цIэрыIуэ, «хьэрып усакIуэхэм я пащтыхьу» къалъытэ Щэукъий Ахьмэд.
♦1917 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, зэдзэкIакIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессору щыта Къардэн Бубэ.
♦1955 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, литературэдж ТIымыжь Хьэмыщэ.
♦1961 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат ШэджыхьэщIэ Юрэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 12 – 15, жэщым градус 11 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Уи шым ижынур пщIэжын хуейщ.