Езыхэм зыхуейр пхагъэкIын папщIэ. хабзэ мыхъумыщIэ къэзыгъэщIхэм нобэми ныжэбэми дерс яхуэхъунт «Лъахъэдыгъу и къуэм и хабзэ къутэкIэ» беслъэней хъыбар хьэлэмэтыр.
Лъахъэдыгъу и къуэр Лабащхьэ щыпсэут. Зэзэмызэ дыдэ зекIуэн къыхэхъыжьамэ, цIыхум къахыхьэрт, армыхъуамэ закъригъэлъагъущэртэкъым.
Еуэри, зэгуэрым пщыхэмрэ уэркъхэмрэ зэхуэсри унафэ ящIащ: пщыр уэркъым еуэмэ – къеуэжыну хуимыту, льхукъуэлIым пщылIыр къеуэжыну хуимыту. Ар Лъахъэдыгъу и къуэм щызэхихам Къущхьэхъум щыIэти, афIэкIа Iуэху имыIэу къехыжри, тафэтес адыгэм къахыхьащ. Къыздыхыхьам къуажэм дэсыр дэкIауэ шыгъажэшхуэ ящIырт, джэгу зэхэтт, ерыскъы Iэнэр зэтетт. Пщыхэм шууейхэр шыгъажэм къыщызэдагъажэрт. Я зэш трагъэурт. Шыгъажэм хэтым мырат ищIэн хуейр: зи дзэр къыдэгъэзеяуэ щIытI куум дэлъ джатэр жэрыжэм тету къыдипхъуэту бжэгъущхьибл зэхуэдизу пиупщIын хуейт. Абы къыкIэлъыкIуэу узэдауэ щылъ фочыр жэрыгъэм тету къищтэу пхъэ лъантхъуэм фIэдза кхъуей плъыжьым, чысэм, джэдыкIэм, мастэм еуэу языхэзыр къыпиудын хуейт. А псом иужькIэ бжьакъуэ щытт мэхъсымэ итуи, а псори зыщIам махъсымэр ирифыжыну и къалэнт. Еуэри, къекIуэкIым-некIуэкIым, темыхуэр къыхэкIыурэ, псори яхьри мастэр къыпынащ. Абдежым Лъахъэдыгъу и къуэр къэшэсщ, бжэгъущхьиблри зэхуэдэу пигъэцIэфтри, мастэри къыпиудащ. Пщым и деж къэсащ, абы еуэри, сагъындакъымкIэ пщым и куэпкъыр щIыпцIэм триIулIащ.
ЦIыхухэр зэрыхьзэрий, зэрыгъэгуо хъуащ. ФымыгъакIуэ ар, адрейти-модрейти жаIэурэ, зэрыгъэкIийхэрт. Ауэ щIалэм къигъэкIэрэхъуэжри, пщым къыбгъэдыхьэжащ. Пщым и блыгущIэтхэр зэхуэжэсри, Лъахъэдыгъу и къуэм къыхуэдалъэу, яукIыну къебгъэрыкIуэу щIадзащ. Абдеж дыдэм ирихьэлIэу зи куэпкъ къута пщыр къэпсэлъащ:
- Мы щIалэр фымыукIыу, къыщIэкIуар, мыпхуэдэу щIищIар жевгъэIэ. Ар зыщIыпIи кIуэжынкъым, - щыжиIэм:
- Уэ пщыхэм хуитыныгъэ ептауэ зэхэсхащ, - жиIащ щIалэм, - пщыр уэркъым еуэнкIэ хуиту, уэркъыр лъхукъуэлIым, лъхукъуэлIыр пщылIым еуэну хуиту, ауэ пщылIыр зыми еуэжыну хуимыту. Мис ар хабзэ хъунрэ мыхъунрэ зэзгъэщIэн щхьэкIэ сыноуащ, узукIыпэни слъэкIынут. Ауэ щыхъукIэ, уеуэж хъунущ лей зезыхьэ псоми, уэркъыр щыгъэтауэ, езы пщы дыдэми. Ауэ сэ сиукIыну зи джатэ зыгъэдалъэ мы гупым лIыгъэ зиIэр си ужь нырырехьэ, - жиIэри ежьэжащ.
Пщым абы зыри кIэлъигъэкIуэн идакъым. Абдежым щыкъутауэ щытащ пщым и хабзэр…