ЩэкIуэгъуэм и 28, махуэку
♦ГущIэгъу зэхуэщIыным и дунейпсо махуэщ
♦1942 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр партизан гупыр Жэмтхьэлэ Ипщэ щыIэ нэмыцэ гарнизоным теуащ, хэщIыныгъэшхуи иратащ.
♦1926 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ и министру, республикэм и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и секретару щыта Уэрсей Фаинэ.
♦1939 гъэм къалъхуащ хормейстер, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Бицу Юрэ.
♦1954 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ, техникэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, «Къэббалъкъремстрой» ОАО-м и унафэщI ГъуэплъащIэ Алексей.
♦1950 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ артисткэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ, къэфакIуэ Iэзэ Шортэн Аллэ.
♦1963 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, «Налшык» газетым и редактор нэхъыщхьэ Болэт Арсен.
♦1964 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, политик, КъБР-м щIыхь зиIэ и юрист ДыщэкI Мадинэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэсрэ уэшхрэ зэгъусэу къес-къешхыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 1 - 2, жэщым градус 0 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Чэнджащэ щыуэркъым.