И къэунэхукIэм и бжьи и ныбжьи ухэзыгъаплъэщ

Адыгейм и Куэшхьэблэ щIыналъэм пхрыж Щэхъурадж и ижьрабгъу лъэныкъуэмкIэ щысщ Блашэпсынэ (Лашэпсынэ) зи фIэщыгъэ къуажэр. 2023 гъэм абы цIыху мини 3,6-м нэблагъэ дэсащи, и нэхъыбэр (процент 96-м нэблагъэр) адыгэщ. КъызэрыбгурыIуэ хъунумкIи, зэреджэр IыхьитIу зэхэтщ: «блашэ» - жыг лIэужьыгъуэ (клён), «псынэ» - «щIыщIагъыпс» мыхьэнэхэр къарыкIыу.

Мы жылэр Адыгейм и къуажэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ. Зи цIэ къитIуа къуажитIыр, «Хуэдз» жыхуаIэри яхэту, хабжэ XIX лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм Псыжь адрыщIкIэ къэбэрдей адыгэхэм къыщызэрагъэпэщауэ щытахэм. А тIум я зэхуаку километр 11,6-рэ дэлъщ.

Блашэпсынэ къызэрыунэхуа щIыкIэм теухуауэ тхыдэджхэм ятхыжам мащIэу дытепсэлъыхьынщ. Урыс-Кавказ зауэм и лъэхъэнэм генерал Глазенап Григорий Балъкъ зэпрыкIри Къэбэрдеишхуэм теуащ икIи зыхуэза жылэхэр зэрыщыту зэтригъэсхьащ. Лъапсэрых теуэм ипэ къихуэуи абы иужькIи (1794 - 1825 гъэхэм), пащтыхь администрацэм и жыIэ еувэлIэну хуэмея адыгэ къуажэхэм ящыщ куэдым, къэдгъэлъагъуэмэ, Дохъушыкъуей, Къандурей, Анзорей, Къундетей, Маргъущей, Жаныкъуей жылэхэм, нэгъуэщIхэми къахэIэпхъукIахэм Къэбэрдейм зыкъыщызэщIакъуэри, а лъэхъэнэм зи щхьэхуитыныгъэр иджыри зыфIэмыкIуэда КIахэмкIэ (Псыжь адрыщIкIэ) ягъэзащ.

Хъан-Джэрий «Записки о Черкесии» зыфIища и тхыгъэшхуэм зэрыщигъэбелджыламкIэ, «1821 гъэм Къэбэрдейм иращIэкIа теуэр нэхъыбэу зыхуэгъэзауэ щытар адыгэ къуажэхэр къуршхэм кърагъэIэпхъукIыу тафэм трагъэтIысхьэнырт. Абы иужькIэ, а хэкум (Къэбэрдейм) щхьэхуитыныгъэ иIэжакъым. 1834 гъэм къызэрабжамкIэ, Къэбэрдейм нэхъапэм иса цIыху мин 400-м нэблагъэм ипIэкIэ къинэжауэ щытыгъар мин 35-м нызэрыхьэсщ.

КIахэ лъэныкъуэкIэ иужьрей «хы сыджу» Iэпхъуахэм Лабэ и псыхъуащхьэхэрат быдапIэ яхуэхъуари хэщIапIэу къыхахари. АрщхьэкIэ, 1824 гъэм и мэлыжьыхьым Къэрэмырзэ Алий и къуажэ дахэшхуэр пащтыхьыдзэм щызэтригъасхьэм, къэбэрдей адыгэхэр, а псыхъуэми дамыгъэсыжу, нэхъ жыжьэжу Iэпхъуэн хуей хъуат. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIи, я къару къихьыху а лъэныкъуэмкIи къащеныкъуэкъуащ ящI къатезыхахэм.

1836 гъэм псоми зи цIэр зэхэтха барон Засс Григорий генерал-майор цIэр къыфIащауэ щытащ, абы къыдэкIуэуи «ЛIыхъужьыгъэ зэрызэрихьам папщIэ» («За храбрость») псалъэхэр зытет, дыщэм къыхэщIыкIа сэшхуи къратащ. ЗэратхыжамкIи, ар кърикIуащ а дзэпщым шэрджэс щхьэхуитхэр нэхъ Iуву щызэхэс щIыпIэхэм ящыщу, Щхьэгуащэрэ Псыхурэ я тIуащIэхэм зыдэзыгъэзэгъа «къэбэрдей абрэджхэм» я къуажэхэр, теуэ зыбжанэм ипкъ иткIэ, зэрызэтригъэсхьам, абы къыдэкIуэуи унагъуэ 80-м нэблагъэ къахишу урысхэм хуагъэлъэгъуа щIыгум (Лабэ и сэмэгурабгъу лъэныкъуэмкIэ, Псыжь унэмысыпэу) зэрыщигъэтIысам къыхэкIыу.

АдэкIэ деIэпхъуэкIынщи, пащтыхь администрацэм игъэхьэзыра дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ, 1851 гъэм жэпуэгъуэм и кум ирихьэлIэу «къэбэрдей хьэжрэтхэм зэуэн щагъэтащ». Мыбдежым къыхэгъэщыпхъэщ, Хуэдз адыгэ къуажэм и къэунэхукIэ хъуари а илъэсым зэрырапхыр.

Пщы Орбелиани Урысейм дзэ IуэхухэмкIэ и министр Милютин 1862 гъэм жэпуэгъуэм и 28-м хуитхам зэритымкIэ: «… Генерал Евдокимовыр Къужьыпс Iус абазэхэ къуажэхэм щебгъэрыкIуэм, а лIакъуэм щыщ унагъуищэ зыбжанэр, бгым щрамыгъэхьэжым, «арэзы хъуащ» урысхэм я жьауэ щIэувэну, абы къыхэкIыуи ахэр Лабэ Iуфэ IуагъэтIысхьащ, нэхъапэIуэкIэ къэбэрдей адыгэхэм хухаха щIыпIэм нэхъ и лъабжьэIуэкIэ. Ар щыхьэт тохъуэ къэбэрдей адыгэхэр зи гугъу ищI илъэсым ипэ къихуэуи абдежым зэрыщысам.

Тхыдэ мыжыжьэм къызэрыхэщыжымкIэ, 1862 гъэм Лабэ псыхъуэм пэмыжыжьэу къэунэхуащ абазэхэ жылэхэу Хьэкурынэхьэблэмрэ Мамхэгъымрэ. Ахэр зэрыса щIыпIэхэм щаухуащ къэзакъ станицэхэу Абадзехскэр (1862 гъэм), Ярославскэр (1861 гъэм), Махошевскэр (1862 гъэм).

Дэфтэрхэм къыхэщыж а псоми ятетщIыхьмэ, мы тхыгъэр нэхъ зытеухуа Блашэпсынэ къуажэр къыщыунэхуар XIX лIэщIыгъуэм и 30 - 60 гъэхэм къриубыдэущ.

Езы жылэдэсхэм я деж къыщекIуэкI Iуэтэжхэм ящыщ зым къызэрыхэщымкIэ, а щIыпIэм япэ дыдэу щетIысэха къэбэрдей лIакъуэхэм ящыщу унагъуэ 30-м - Щэхъурадж псыежэхым и Iуфэр, унагъуэ 16-м -Щыблэныкъуэ Iуащхьэ цIыкIу и щыгур хэщIапIэ яхуэхъуащ.

Блашэпсынэ и къэхъукIам ехьэлIауэ мыпхуэдэ Iуэтэжи щыIэщ. ЗэрыпхъуакIуэхэм 1860 гъэм Лабэрэ Хуэдзрэ я псыхъуащхьэхэр «къыдагъэкъэбзыкIын» щIадзат. ЛъагапIэхэм кърахух къэбэрдей хьэжрэтхэм ящыщ гупыр, Щэхъурадж псым къызэпрыкIа иужь, зы щIыпIэ гуэрым деж псынэ къыщIэжыпIэ къызэрымыкIуэ щарихьэлIащ. Гъуэгуанэ зэпызычахэр а Iэхэлъахэм къыщыувыIащ. Ягу ирихьащ а Iэгъуэблагъэм пэгъунэгъу губгъуэ бгъуфIэшхуэри мэз кусэ кIыхьу абы декIуэкIри. Гу лъатащ псынэ къыщIэжыпIэм деж, щыблэм тIу ирищIыкIауэ, блашэ жыгышхуэ зэрыщытми. А псоми къыхэкIыу, къэIэпхъуахэм къалъытащ а щIыпIэм жылэр щегъэтIысэхынымкIэ езы Тхьэшхуэр къахуэупсауэ.

Жыгыжьым и Iэхэлъахэм а махуэ дыдэм щIыхьэху щызэхашащ. Хэтахэм псы къыщIэжыпIэр ягъэкъэбзащ, и щIэр куу ящIри, псыхъуэм къыдаха мывэкIэщхъхэмкIэ ягъэбыдэжащ. Ди зэманымкIэ дыкъеплъэкIыжмэ, гъэщIэгъуэныр аращи, а жылэм дэс нэхъыжьыфIхэм зи гугъу тщIа псынэр ноби зыхуей хуагъазэ, къабзэуи зэрахьэ.  

«Блашэ-псынэ» цIэр иужьым зытеIукIыжа къуажэр абдежым зэрытIысрэ зы илъэс нэхъ дэмыкIауэ, щыблэ зэуауэ щыта жыгыжьым и лъабжьэм щIэж цIыкIуитI къыщыунэхуат. А Iуэхугъуэм жылэдэсхэр щыгуфIыкIат икIи нэхъри я фIэщ ищIат а щIыпIэр Тхьэшхуэм къазэрыхухихар. Абы лъандэрэ зэман куэд блэкIами, абдежыр къуажэдэсхэм ноби я тхьэелъэIупIэщ икIи я зэхуэсыпIэщ.

Блашэпсынэрэ абы пэгъунэгъуу щетIысэха адрей адыгэ жылэхэмрэ я Iэхэлъахэр ящыщщ Урыс-Кавказ зауэм иужькIи гупсэхугъуэр куэдрэ щытемыпща щIыпIэхэм, щыпсэуахэм пащтыхь администрацэм и унафэхэр къазэрыхуэмыщтам, ягу зэрытемыхуам къыхэкIыу.

Апхуэдэу, 1868 гъэм, «Хуэдз зэщIэхъееныгъэкIэ» зэджэ зэпэщIэувэныгъэм иужькIэ, Блашэпсынэ къагъэIэпхъуауэ щытащ лIакъуэлIэшхэу Ашабэхэ, Дерхэ, Думэнхэ, Дэхъушокъуэхэ, Къандаурхэ, Щоджэнхэ я жылэхэм дэсахэм ящыщу Тыркум мыIэпхъуахэр.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: