Колле и тхыгъэхэр ди тегъэщIапIэуЗэрытщIэщи, Урысей къэралыгъуэм Шэрджэсыр къизэуа нэужь, адыгэхэр я лъахэм ирагъэкIауэ щытащ. Урысейм зэрыщатхыжамкIэ, шэрджэс мин 418-рэ абы щыгъуэ Хэкум ирашат, ауэ Уэсмэн пащтыхьыгъуэм IэпхъуэшапхъуэхэмкIэ и комиссэу щыIам абыхэм я бжыгъэр цIыху мелуани 2,8-рэ хъууэ къигъэлъэгъуат. Тыркухэм адыгэхэр щIыпIэ нэхъ пхыдзахэм игъэкIуат. Апхуэдэу Балканхэр, КъуэкIыпIэ гъунэгъур тIысыпIэ яхуэхъуащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, ди лъэпкъэгъухэм Щамым (Сирием) зыщрагъэзэгъар зэманкIэ XIX лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэрщ. …Япэ Дунейпсо зауэр иуха нэужь, франджыхэм Сириер зыIэрагъэхьат, ауэ зэман-зэманкIэрэ зыкъаIэтырт, къэралым зэрыхьзэрий къыщыхъурти, зэпымыууэ и дзыхь зригъэзыфыну дзэхэм ахэр хуэныкъуэт. А Iуэхугъуэхэм и курыкупсэм хэхуащ адыгэхэр. Франджы капитан Колле Филибер пщэрылъ щащIат шэрджэсхэр зыхэтыну дзэ гуп зэщIигъэуIуэну. Абы и зы тхыгъэм мыпхуэдэу щитхащ: «1922 гъэм Алжир щызэхэсшащ Япэ Шэрджэс шуудзэр. 1925 - 1926 гъэхэм Сирием зыкъыщаIэта нэужь, а гупыр 8 хъуат (псоми зэхэту цIыху миным нэблагъэ хэтт). Шуудзэ къэс зы франджы офицеррэ абы и къуэдзэу зы шэрджэсрэ ящхьэщытт. Зы шуудзэр гупиплI хъужырт. Дзэм къулыкъу щызыщIэну хуей дэтхэнэ шэрджэсри абыхэм хыхьэну хуитт. Ауэ шуудзэу щыщыткIэ, абы иIэн хуейщ сыт и лъэныкъуэкIи зэщIэузэда зыш…» Шэрджэс шуудзэм къищынэмыщIа, яухуат курдхэр зыхэт гупищрэ друзхэм я шуудзэу хырэ. Апхуэдэуи дзэ частхэм яхэтт алавитхэр, исмаилитхэр, езидхэр, нэгъуэщIхэри. Псоми я дежкIэ хамэу къыщIэкIа адыгэхэм адрейхэм нэхърэ нэхъ гуащIэу зыхащIэрт унафи хабзи щыщымыIэ зэман зэхэзэрыхьар аргуэру я натIэ зэрыхъуар - Уэсмэн империер къутат. Абы къыхэкIыу Сирием щIыпIэ властыр тепщэ щыхъуным ахэри и тельхьэт. Франджыхэм я Iуэху еплъыкIэр щIыдащтэри техуэ щIэхъуари арат. Франджы дзэ пашэхэм капитан Колле и нэIэм щIэт Шэрджэс полкыр къалъытэрт нэхъ хахуэу икIи уи дзыхь нэхъ зэбгъэз хъун дзэуэ. Франджы дзэ унафэщIхэм иужькIэ ятхыжащ: «Шэрджэсхэр ди дзэхэм я къару нэхъыщхьэу зэпымыууэ къекIуэкIащ, къэмыланджэу я къулыкъур зэрагъэзащIэм щхьэкIи пщIэрэ щIыхьрэ яIэт». Шуудзэм хэт адыгэхэрат, уеблэмэ Колле и щхьэхъумэу щытар. Я Хэкум ирагъэкIыу, хамэ щIыпIэм къихутахэм къащIэхъуа щIэблэм (етIуанэ щIэблэт) я лIыгъэмрэ зэфIэкIымрэ я лъым иджыри хэтт, зауэ хуэIухуэщIэхэмкIэ зыри къащIыпэмыхъур арауи къалъытэрт. Япэ Шэрджэс шуудзэр Iэщэ-фащэкIи шхынкIи къэралым къызэригъэпэщырт, зауэлIым и шыр хэкIуадэмэ, ахъшэ иратыжырт. Шэрджэсхэм я Iэщэ-фащэр щапхъэу къащтэри, Шэрджэс полкым къулыкъу щызыщIэхэм зэрагъэхьащ. Апхуэдэ гупыжыр - дзэр фащэ екIукIэ узэдыныр - къыхэзылъхьар капитан Коллет (1929 гъэм и бадзэуэгъуэм). Колле майор Бюккуа хуитхауэ щыта тхыгъэм къызэрыхэщыжымкIэ, а фэилъхьэгъуэращ зауэлIхэм ящыгъар маршал Франше д Эспере Шэрджэс шуудзэр иужьрейуэ къыщипщытам. Къулыкъум щыпэрымыт махуэхэми Колле и цIыхухэм щатIагъэрт ар: пщампIэ захуэ зытет, бгъэгум нэс щIыIукIэ япхэ цIыхухъу джанэр (щIымахуэм фIыцIэу, гъэмахуэм хужьу). Абы и щIыIум цей фIыцIэр, шэхэр зракIутэ хьэзырхэр кIэрыту къытралъхьэрт, ижьрабгъумкIэ Шэрджэс полкым я дамыгъэр тещIыхьауэ. Шэрджэсхэм сытым дежи пыIэ ящхьэрыгът - хъурыфэ пыIэр е пыIэ купсэ кIыхьыр (и лъабжьэм деж шухьэ щэкI щхъуантIафэ тебзарэ уагъитI зэблэдзауэ тету, гуп унафэщIым ейр - дыщафэт). Абыхэм зэи къамэмрэ щIопщымрэ зыпщIэхахыртэкъым. Шуудзэм зэрихьэ бэракъымкIи ар адрейхэм къахэщырт. Ныпым тетыпхъэр шэрджэсыбзэкIи франджыбзэкIи тратхэрт. Ар щахъумэ Париж дэт Дзэ музейм дамыгъэхэм я пэшым. Апхуэдэ пщIэ абы иIэныр хуэфащэ дыдэу къалъытэ. Чэтэн зэбгъузэнатIэ удзыфэм кхъуакIэ дыщафэ къокIуэкI, зы плIанэпэм деж дыщэ IуданэкIэ хэдыкIащ «Шэрджэсхэр фынежьэ!» псалъэхэр. А ныпым вагъуибл тетщ, шэрджэс лIакъуиблым я нэщэнэу. И щIагъымкIэ адыгэбзэкIэ щIэтхащ: «Шэрджэс шуудзэ гуп». А псалъэхэр ныпым и щIыбагъымкIи тетщ франджыбзэкIэ. Апхуэдэуи къехыгъуитIкIэ я текIуэныгъэ нэхъыщхьэхэр къетхыхащ: Хаджилар, Джебель-Друз, Калаат-Джендаль, Меджд-эль-Шемс, Катана, Джебат-эль-Хашаб, Гута, Маараба, Антиливан, Дариджа щIыпIэхэм я цIэхэр. Ныпым и къуапиплIри хэдыкIкIэ гъэщIэрэщIащ. 1930 гъэм полкым и дамыгъэр къащтауэ щытащ, ар Колле и фащэм тету зэрихьащ шуудзэр зэбграгъэкIыжа иужькIи (1946 гъэм). Апхуэдэуи а дамыгъэр абы и кхъащхьэми тетщ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2024 - 10:00 →
И къэунэхукIэм и бжьи и ныбжьи ухэзыгъаплъэщ
21.11.2024 - 16:30 →
Лъэпкъым зэрызиузэщIам щыщ
16.11.2024 - 16:52 →
Керенскэм и хъыринэхэр
13.11.2024 - 15:54 →
«Бабыгу» цIэм лъэныкъуитIымкIи дыщрохьэлIэ
11.11.2024 - 15:54 →
Еджэрыкъуейхэр
|