КъБР-м и Парламентым щекIуэкIащ ПромышленностымкIэ, транспортымкIэ, связымрэ гъуэгу хуэIухуэщIэхэмкIэ комитетым и зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и промышленностым зиужьын папщIэ ахъшэу халъхьэфым.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим, КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я лIыкIуэу КъБР-м и Парламентымрэ суд IуэхущIапIэхэмрэ щыIэ ДыщэкI Мадинэ, депутатхэр, министрхэр, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм, КъБР-м и Парламентым и ЩIалагъуалэ палатэм хэтхэр.
Жанатаев Сэлим къыхигъэщащ къаIэта Iуэхугъуэм и мыхьэнэр зэрыиныр.
- Зэпымыууэ къэпщытэн хуейщ промышленностым и IуэхущIапIэхэм мылъкуу къыхалъхьэр, ар къызэрагъэщхьэпэр. Ди гуапэщ иужьрей илъэсхэм хъарзынэу зызыужьа промышленность Iуэхур нэхъри ефIэкIуэнымкIэ ди чэнджэщхэр сэбэп хъумэ. Абы теухуауэ щыIэ хабзэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн хуей хъужыкъуэми, дыхьэзырщ дытепсэлъыхьыну, дгъэбелджылыну, дыхэлэжьыхьыну, - жиIащ Жанатаевым.
КъБР-м и Парламентым промышленностымкIэ, транспортымкIэ, связымрэ гъуэгу хуэIухуэщIэхэмкIэ и комитетым и унафэщI Къалмыкъ Марат жиIащ комитетым и зэIущIэр Парламентым 2024 гъэм и бжьыхьэ сессием хиубыдэу ирагъэкIуэкIынухэм зэращыщыр, ар УФ-м и Президент Путин Владимир 2024 гъэм мазаем и 29-м УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзам зэрытещIыхьар:
- Комитетым къызэригъэпэща зэIущIэр зытеухуар промышленностым епха IуэхущIапIэхэм ящыщу нэхъыфIу лажьэхэм, нэгъуэщIхэм хьэрхуэрэгъу яхуэхъуфхэм къэралыр зэрадэIэпыкъум хэдгъэхъуэнырщ, абыхэм къагъэсэбэп Iэмэпсымэхэр ди зэманым нэхъыфIу щыIэхэмкIэ зэтхъуэкIынырщ. Къапщтэмэ, республикэм и промышленностым зиужьын папщIэ щIапхъэхэр дгъэбелджылынырщ псори зытеухуэжар, - жиIащ Къалмыкъым.
КъаIэта Iуэхугъуэм зыубгъуауэ тепсэлъыхьащ КъБР-м промышленностымкIэ, энергетикэмрэ сатумкIэ и министр Iэхъуэбэч Щамил.
Республикэм и промышленностыр щIыналъэм и мылъкум нэхъыбэ къыхэзылъхьэм ящыщщ. Абы къызэщIеубыдэ IуэхущIапIэ 584-рэ, лэжьакIуэ мини 10-м ар IэнатIэ яхуохъу. Абыхэм ящыщу цIыху мин 1,7-р зыхъумэжыныгъэмкIэ промышленнэ IуэхущIапIэхэм щыIэщ. ЩIыналъэм щынэхъ ин дыдэ промышленнэ IуэхущIапIэу тхум илъэсым къриубыдэу къыщIагъэкI сом зы мелардым щIигъу зи уасэ хьэпшып.
Промышленностым 2024 гъэм и мазибгъум къриубыдэу къыщIигъэкIар проценти 117,6-рэ мэхъу, заводхэмрэ фабрикэхэмрэ - проценти 130,6-рэ. КъыщIагъэкIа хьэпшыпхэм ящыщу сом мелард 15,5-рэ и уасэ нэгъуэщI щIыпIэхэм ирагъэшащ.
- Дэ къэтпщытащ налогыу ттари: 2022 гъэм еплъытмэ, 2023 -м ар хэхъуащ хуэди 2,5-кIэ. КъБР-м и Iэтащхьэм экономикэм зегъэужьыным теухуауэ игъэува къалэнхэр гъэзэщIа хъун папщIэ, илъэс къэс промышленностым псори зэхэту къыщIигъэкIым хэдгъэхъуэн хуейщ процент 15 - 17 хуэдиз, - къыхигъэщащ министрым.
Министрыр тепсэлъыхьащ промышленностыр егъэфIэкIуэнымкIэ щыIэ Iэмалхэм, республикэр а Iуэхум теухуауэ зыхэт къэрал программэхэм.
- Проектхэр гъэзэщIа хъун щхьэкIэ зэуIуу удэIэпыкъун хуейщ абы зи мылъку хэзылъхьэм: щIы Iыхьэ хухэхыныр, IуэхущIапIэхэр ухуэныр, Iэмэпсымэхэмрэ техникэмрэ зэгъэпэщыныр, къыщIагъэкI хьэпшыпхэр щэныр. Къыхэгъэщыпхъэщ щIыналъэм абыхэм ящыщ зыкъом гъэзэщIа зэрыщыхъуар, - жиIащ къэпсэлъам.
Мы зэманым КъБР-м промышленностымкIэ, энергетикэмрэ сатумкIэ и министерствэм иригъэжьащ сом мелуан 31-рэ зыхилъхьа зэпеуэ. Ар ипшыныжын хуэмейуэ иратынущ зи Iэмэпсымэхэр щIэкIэ зэзыхъуэкI IуэхущIапIэхэм (иратынур абы щIатам и процент 50-м фIэмыкIщ). зэпеуэм щытекIуэм къылъысынущ сом мелуан 20.
Iэхъуэбэчым къыхигъэщащ дяпэкIэ промышленно-индустрие паркхэр зэгъэпэщын зэрыхуейри. Хьэрычэт цIыкIумрэ ику итымрэ елэжьхэм я дежкIэ ар IэмалыфIщ.
Мылъку къегъэщIыным емыпха «КъБР-м и шэсыпIэ фонд» зэгухьэныгъэм и унафэщI Тхьэбысым Аскер тепсэлъыхьащ Iуэхум теухуауэ ялэжьхэм. ШэсыпIэ фондым и мылъкум илъэс къэс къыхохъуэ. 2024 гъэм ар ирикъуащ сом мелуани 170-рэ. ЩIыналъэ промышленностым зыщIэгъэкъуэным хуэунэтIауэ фондым нэхъыбэу хэлъыр федеральнэ мылъкущ. УФ-м промышленностым зыщегъэужьынымкIэ фондым игъэбелджыла «Проекты развития», «Комплектующие изделия», «Производительность труда», «Проекты лесной промышленности» программэхэм тету, фондым илъэситху пIалъэкIэ хуэгъэкIуатэ щыIэу щIыхуэу ет сом мелуани 10-м щегъэжьауэ мелуан 200-м нэс. Абы илъэсым хуэзэу щхьэщатыкI проценти 5 - 7. Апхуэдэуи, езым и программэ щхьэхуэкIэ щIыхуэу етыф сом мелуани 5-м щегъэжьауэ мелуан 60-м нэблагъэ. Абы щыгъуэм щIыхуэм щхьэщатыкIыр процент 1 - 3-щ зэрыхъур.
2021 гъэм КъБР-м и ШэсыпIэ фондым «Проекты развития» программэмкIэ мылъку хилъхьащ проектитIым: «ВоенТекстильПром» IуэхущIапIэм игъэхьэзыра проектым - сом мелуан 18. «Нэжан» IуэхущIапIэм ейм – сом мелуан 12. Япэрейм мазэ 60-м къриубыдэу, етIуанэм мазэ 36-м и кIуэцIкIэ илъэсым хуэзэу япшынащ проценти 3. Мылъкур трагъэкIуэдащ зыхуэныкъуэ Iэмэпсымэхэр къащэхуным.
2022 гъэм кредиту къащтам щыщ Iыхьэ хуапшынын мурадкIэ ятащ сом мелуани 8,7-рэ: «Севкаврентген-Д» IуэхущIапIэм сом мелуани 4,2-рэ, «Кровля Сервис»-м – сом мелуани 3,5-рэ, «ВоенТекстильПром»-м – сом 1 мелуан.
2023 гъэм сом мелуани 140-рэ халъхьащ инвестицэмкIэ проектищым. ГъущIым зэрелэжь техникэ къызэращэхун щIыхуэ иратащ «Кровля Сервис», «РАДОЗ» IуэхущIапIэхэм. «ВоенТекстильПром» IуэхущIапIэм зэрыдэ машинэхэр зэригъэпэщынымкIэ дэIэпыкъуащ.
Мы зэманым КъБР-м и ШэсыпIэ фондым проект щхьэхуэхэм хилъхьа мылъкур сом мелуани 180-рэ мэхъу. Абы хабжакъым иджыри экспертизэхэм щыIэ проектитI.
Промышленностым зегъэужьыным тепсэлъыхьащ «Севкаврентген-Д» IуэхущIапIэм и унафэщI Гогие Ахрэ, «ВоенТекстильПром» ООО-м и коммерческэ унафэщI Кайгермазов Расул.
«Севкаврентген-Д»-р ящыщщ медицинэ рентген зэращI Iэмэпсымэ нэхъыфI дыдэ къыщIэзыгъэкI IуэхущIапIэхэм. Ар щIэх-щIэхыурэ хэтщ республикэм промышленностым зрагъэужьыным теухуауэ щекIуэкI зэпеуэхэм. Ди къэралым къыщыщIагъэкI медицинэ техникэхэм теухуа зэхыхьэ, гъэлъэгъуэныгъэхэм езыми щегъэлъагъуэ къыщIигъэкIхэр.
«ВоенТекстильПром»-р къэунэхуащ 2016 гъэм. ЩIыпIитхум щыIэ IуэхущIапIэм цIыху 1300-м щIигъу щолажьэ. Абы къыщIегъэкI дзэм хэтхэр зыхуеину фэилъхьэгъуэхэр. 2025 гъэм IуэхущIапIэм къуда- мэ къыщызэIуахынущ Къэрэгъэшрэ Прохладнэрэ.