Пэжри щIэгъэкъуэн хуэныкъуэщЩэкIуэгъуэм и 12-м «Азимут» зыгъэпсэхупIэм щекIуэкIащ урысейпсо мыхьэнэ зиIэ дин щIэныгъэ конференц: «Урысейм и муслъымэн цIыхубэр зым тетыпхъэщ». Кавказ Ищхъэрэм, Мэзкуу, Санкт-Петербург, Ставрополь, Краснодар крайхэм, Кърым хытIыгуныкъуэмрэ Севастополрэ, Къалмыкъым, Ростов областым, Тэтэрстаным, Адыгейм, Башкортостаным, Къэрэшей-Шэрджэсым, нэгъуэщӀ щӀыпӀэхэм къикӀа дин, къэрал къулыкъущӀэхэр, студентхэр, жылагъуэ лэжьакӀуэхэр хэтащ «Азимут» хьэщIэщым щызэхаубла конференцым. Iэбу Хьэнифэ и цIэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ муслъымэн университетым и егъэджакIуэ Сэбаншы Мухьэдин КъурIэн лъапIэм щыщ Iэятхэм къеджа нэужь, псалъэ иратащ КъБР-м и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и унафэщI Дзасэжь Хьэзрэталий. Муфтийм къызэхуэсахэр хигъэгъуэзащ конференцым и лэжьыгъэр ислъам диным теухуауэ тхэ СМИ-хэмрэ муслъымэн журналистхэмрэ зэбгратыкI хъыбархэм зэратеухуар, псори зэакъылэгъуу зэрызэдэлэжьапхъэм, зы Iуэху еплъыкIэм дытетыным дызэрыхущIэкъупхъэм и гугъу ищIащ. «Нобэ ди къэралыр зэрыт щытыкIэмрэ абы къращIылIэ информацэ зауэмрэ ятепщIыхьмэ, журналистхэр зауэм и гуащIапIэм хэту аращ, - жиIащ Хьэзрэталий-хьэжы. - Къэралым и бийхэм яIэр зы плъапIэщ: Урысейр зэкъуагъэхуу, абы щыпсэу лъэпкъхэмрэ абыхэм зэрахьэ динхэмрэ зэпэщIагъэувэу, цIыхур фIеягъэм хуашэнырщ. Нобэ къызэхуэтшэсар зи жыIэ пхызыгъэкIыф IэщIагъэлIхэрщ, ар ислъам журналист ирехъу, къэрал СМИ-хэрауэ щрет. Дэ псоми ди къарухэр зэдгъэуIуу, ТекIуэныгъэмрэ захуагъэмрэ гъунэгъу къэзыщIын Iуэхухэр зэфIэдгъэкIын хуейуэ аращ». УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэм и фIэхъус-сэламыр конференцым хэтхэм къахуихьащ абы и дэIэпыкъуэгъу Валиев Айдамир. Зэхуэсым и мурадхэр къехъулIэну къехъуэхъукIэрэ, абыи муфтийм и псалъэхэр диIыгъащ, диныр мыхъумыщIагъэкIэ къэзыгъэщхьэпэну хэтхэм зэкъуэту япэщIэувэн зэрыхуейр жиIащ. И псалъэр хъыбар щIыкIэу иришэжьащ КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министр КIурашын Анзор. «УкъимыгъэуIэбжьу къанэркъым дунейпсо СМИ-хэм, зэгурыIуам ещхьу, муслъымэнхэм ятеухуауэ мыпэж куэд утыкум къызэрырахьэм. Щапхъэу пхурикъунщ иджыблагъэ Амстердам щызэпэщIэува гупитIым ятеухуауэ ятхар. Псоми муслъымэнхэр ягъэкъуаншэрт, ауэ щыхъукIэ, журт-къызэщIэгъэстакIуэхэм ятеухуауэ зы Iей ятхыртэкъым. Урысейм щыщ журналистхэрщ пэжыр къыщIэзыгъэщар. Абы къыхэкIыу, ислъам СМИ-хэр зэкъуэувэн хуейщ, япэрауэ, нэхъ лъэщ икIи къарууфIэ хъун хуэдэу. ЕтIуанэрауэ, хъыбар нэпцI зэбгрызыгуэшыкIхэм псынщIагъкIэ къакIэрыху хъунукъым, сыту жыпIэмэ, цIыхухэм я фIэщ хъур япэу зэхахырщ». «Кавказми Къэбэрдей-Балъкъэрми ижь-ижьыжкIэ къадекIуэкI хабзэхэм дытемыкIмэ, дыщыуэнукъым», - а гупсысэр и тегъэщIапIэт КъБР-м и Парламентым щэнхабзэмкIэ, граждан жылагъуэм и зыужьыныгъэмрэ хъыбарегъащIэ политикэмкIэ и комитетым и унафэщI Текуев Амур. Сыт щыгъуи хуэдэу гуапэт Къалмыкъ Республикэм и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и унафэщI Каралаев СулътIанахьмэд и къэпсэлъэныгъэр. «Къэбэрдей-Балъкъэрым дыкъэкIуэну тфIэфIщ, ди къуэш Дзасэжь Хьэзрэталий хуэдэу гугъэзагъэу муслъымэн Iуэхухэр зэфIэзых гъуэтыгъуейщ. Ар республикэм и унафэщIхэр акъылэгъу къазэрыдэхъум и фIыгъэщ, пщIэ зыхуэтщI КIурашын Анзор и псалъэхэр абы и щыхьэтщ. Кавказ Ищхъэрэм и мызакъуэу, Урысейм щапхъэу щыбгъэув хъуну Iуэху зехьэкIэ щыдолагъу КъБР-м, муслъымэнхэм я гукъеуэхэр зэфIэхын и лъэныкъуэкIэ. СМИ-хэм папщIэ «ЕплIанэ власть» жаIэ куэд щIауэ. Сэ гупыж сощI ислъамым нэхъ гунэсу тепсэлъыхь журналистхэр саугъэткIэ къыхэдгъэщыныр хабзэу къэтщтэну». КъБР-м фIыуэ щацIыху икIи щалъагъу иджыблагъэ КъШР-м и муфтийуэ ягъэува Эркенов Мухьэмэд. «Нобэ дызытепсэлъыхь Iуэхур дэтхэнэ зыми ди пщэ дэлъщ, - жиIащ абы. - Дызытет дунейм хъыбарыщIэм мыхьэнэшхуэ дыдэ щиIэщ, аращи, мыпхуэдэ къалэнхэр дгъэзэщIапхъэщ. Япэрауэ, ди макъхэр зэхахын хуейщ, етIуанэрауэ, дэ дгъэлъапIэхэм я купщIэр къагурыIуэн хуейщ. Ещанэрауэ, видеохэр, лекцэхэр, статьяхэр ттхын хуейщ, ди Iуэху еплъыкIэр щыпхыдгъэкIыу. ЕплIанэрауэ, ислъамым телажьэ къудамэ псори дызэкъуэувэу, дызэрызэакъылэгъур, псори зым дызэрытетыр къэдгъэнэIуэн хуейщ. А мурадыр къыдэхъулIэн папщIэ, къаруушхуэ зыщIэлъ хъыбар зэIэпыхыпIэ лъэщ зэдмыгъэпэщу хъунукъым Урысейм щыпсэу муслъымэнхэм. Си щхьэкIэ комитет щхьэхуэ зэзгъэпэщащ, цIыхубэм япыщIауэ лэжьэну, цIыхуитху хэту. Дызэгъусэу фIэкIа зыри тхузэфIэкIынукъым». КъБР-Медиа IуэхущIапIэм къыбгъэдэкIыу, конференцым и лэжьыгъэм хэтащ республикэм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ Жыласэ Заурбэч. «КъБР-м и Правительствэмрэ Парламентымрэ я унафэ зэрыщIэтым къыхэкIыу, ди республикэм къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ дин псоми тэмакъкIыхьу яхущыт ди къэралымрэ лIэщIыгъуэ зыбжанэ хъуауэ ислъам диным тет ди цIыхубэмрэ я зэхуакум лъэмыж папщIэу дэтщ. Псалъэм и хьэтыркIэ, сэ сыщылажьэ «Адыгэ псалъэ» газетым япэ дыдэ адыгэ тхыбзэм тету зэрадзэкIа КъурIэн лъапIэр зэрыщыту къытрадзауэ щытащ. ПщIэ зыхуэтщIхэу Нало Заур, Хъуажь Мухьэмэд-Хъер, Болий Мустэфар сымэ я Iэдакъэ къыщIэкIауэ щытащ ар, зым хьэрыпыбзэм кърихыу, адрейм ар адыгэбзэм хуигъакIуэу, ещанэм къищыпу. 90 гъэхэм щегъэжьауэ нобэр къыздэсым ди газетым мазэ къэс къыдегъэкI «газетым ит газет» жыпхъэм ит «Ислъамым и нур» къыдэкIыгъуэри. А напэкIуэцIым къытохуэ КъБР-м и Муслъымэн IуэхущIапIэм зэфIигъэкI лэжьыгъэхэр, уеблэмэ абы и адыгэбзэ къудамэу дыкъэплъытэ хъунущ». Конференцым къыщыпсэлъахэм къахэгъэщыпхъэщ Тэтэрстаным и муфтийм и къуэдзэ, «Хузур» медиахолдингым и лэжьэкIэм убгъуауэ тепсэлъыхьа Хамидулин Ришат. Тхылъ тедзапIэ хуэдэу лэжьэн щIэзыдза IуэхущIапIэм зиубгъури, иджы журналист къалэнхэри тхылъ къыдэгъэкIынри яхузэфIэкIыу хъуащ. Ришат зэрыжиIэмкIэ, медиахолдингым Тэтэрстаным мыдрисэуэ итыр еджакIуэ тхылъкIэ къызэрегъэпэщ, тхылъыжьхэр къыдагъэкIыж. Конференцым и лэжьыгъэм хэтащ Кавказ Ищхъэрэм ис муслъымэнхэм я зэзыгъэуIу советымрэ Шэшэн Республикэм и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ я унафэщI Межиев Сэлахь. «Алыхьым и фIыгъуэр здэщыIэр зэкъуэтыныгъэрщ. Зэкъуэтыныгъэр къэзышэр щIэныгъэрщ. Пэжым тетын хуейуэ аращ, нэгъуэщI зыми дыхуэныкъуэкъым».
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:
Читать также:
04.01.2025 - 13:00 →
Дзэ Iуэху хэхам хэтахэм я тыншыпIэ къызэрагъэпэщ
24.12.2024 - 16:28 →
Абхъазым щекIуэкI Iэуэлъауэхэр
19.12.2024 - 12:20 →
Ди бзэр - зыщ
10.12.2024 - 12:26 →
Узэгупсысыжыну зэи лейкъым
19.11.2024 - 10:30 →
Газетхэм дзыхь нэхъ хуащI
|