Хьэлэмэтщ мы жыгхэр…![]() Махуэ къэс долъагъу жыгхэр. Зэхуэдэкъым абыхэм я тхьэмпэхэр, я пхъафэхэр, я къудамэхэм я инагъыр, я ныбжьыр. Жыгхэм егъэлеяуэ мыхьэнэшхуэ щаIэщ гъащIэм. Ахэр сэбэп яхуохъу цIыхухэми, псэущхьэхэми, бзухэми, хьэпщхупщхэми. Нэщэнэ гуэрхэр е лъапIэныгъэ зыхалъагъуэ жыг щхьэхуэхэр щыIэщ. Зыщыщ лъэпкъыгъуэм елъытауэ жыгхэм езыхэм я хьэли яIэжщ. Абы къыхэкIыуи пхъэм узэрелэжь Iэмалхэри зэхуэмыдэщ. Жыгхэм ядэплъагъу гъэщIэгъуэнагъым теухуа щапхъэхэр къэдгъэлъэгъуэнщ. Дунейм нэхъыбэ дыдэрэ узыщрихьэлIэ пхъэщхьэмыщхьэ жыгыу къалъытэ мыIэрысейр. Зы жыгейм ику иту къыпокIэ мышхумпIэ мини 10 хуэдиз. Урысейм и мэзхэм къыщокI зи пхъэр егъэлеяуэ хьэлъэ жыг лIэужьыгъуэ – «Шмидт и пхъэхуей» жыхуаIэр. Жыгыр ипхыным пэлъэщыркъым джыди пхъэхи. Шмидт и пхъэхуейр фыркъым. Жыгым и лъэдийр пыхауэ щIым хэлъыфынущ илъэс пщIы бжыгъэкIэ, абы щыгъуэми зыри къыщыщIынукъым, пхъафэр тегъукIыну мыхъумэ. А жыг лIэужьыгъуэр Урысейм и Тхылъ Плъыжьым иратхащ. Дунейм тетщ цIыхум и узыншагъэмкIэ зэран зыпылъ «Манцинеллэ» жыхуаIэ жыг лIэужьыгъуэ. Апхуэдэм и къудамэм къыщIэж псым цIыхум и щIыфэр ес, псыбыб ещI. Ар нэм лъэIэс хъужыкъуэмэ, нэф йохъукI. Абы къыпыкIэ пхъэщхьэмыщхьэр теплъэкIэ мыIэрысэм ирагъэщхь. Кедр жыгыр нэхъ лъапIагъ ин дыдэ зиIэхэм хабжэ, абы и пхъэр зэрыбыдэм, псы зэрызыщIимыфым къыхэкIыу. Пасэм щыгъуэ кедрым и пхъэм къыхащIыкIырт быдапIэ инхэр. Ди зэманым абы къыхащIыкI макъамэ Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Жыгым къыщIаху дагъэри узыншагъэмкIэ егъэлеяуэ сэбэп мэхъу. Финляндием и мэзхэм яубыд къэралым и щIыпIэм щыщу процент 70-р. Великобританием и мэзхэм яубыдыр проценти 6 къудейщ. Калининград щыIэщ «Мэз чэфкIэ» зэджэр. Метр зэбгъузэнатIэ хуэдиз хъу мэзым щIэт уэздыгъэейхэм я лъэдийхэр къэгъэшащ. Жыгхэм зэдикIыу апхуэдэ теплъэ щIаIэм и щхьэусыгъуэр къахуэщIакъым. «Секвая» жыг лIэужьыгъуэр дуней псом щынэхъ лъагэ дыдэщ. Ауэ абы и пхъэр щIагъуэу къэсэбэпыркъым, зэрымыбыдэм къыхэкIыу. ТхылъымпIэжьу килограмм 80 хуэдиз зэхуэхьэсам ирамыупщIыкIыу къригъэлыфынущ зы жыг. Дунейм нэхъ щIэх дыдэу къыщыкIыу къахутащ «Адамовэ» жыг лIэужьыгъуэр. Абы иджыри «Пурпурная трава» хужаIэ. Ар илъэси 100-кIэ мэпсэу. 1980 гъэм Китайм хабзэу щагъэувауэ щытащ къэралым и цIыху къэс (илъэс 11 ирикъуамэ) илъэсым къриубыдэу жыгищ хисэн хуейуэ. ТхылъымпIэу тонн мелуан къыщIэбгъэкIын папщIэ ухуейщ жыгыу мелуаным и Iыхьэ плIанэ. Бразилием къыщокI «копаиферэ» жыг лIэужьыгъуэ гъэщIэгъуэныр. Абы и лъэдийм къыщIэж псыр дизель гъэсыныпхъэм хуагъадэ. Абы къыхэкIыу, етIуанэу фIэщыгъэу зэрехьэ «щIыдагъэ жыг». Жыгхэм яхэтщ илъэс мин бжыгъэхэр къэзыгъащIэ лIэужьыгъуэхэр. Абыхэм ящыщщ «Мафусаил» лъэпкъыгъуэм щыщ уэздыгъейхэр. Абыхэм илъэс 5000-м нэблагъэ къагъащIэ. Жыгхэм езыхэр зэрызэрыщIэ бзэ яIэжу къалъытащ. ИкIи ар зэпхар макъркъым, атIэ мэ къапихырщ. Франджы ботаник Галле Фрэнсис зэрыжиIэмкIэ, жыгхэр нэхъ зэрыщIэн папщIэ абы къапих мэр зэхуэмыдэурэ зэхагъэхьэф. Уэздыгъей жыг лъэпкъыгъуэм хыхьэхэм я зэхуэдитIыр Урысейм къыщокI. Калифорнием и «Мэз абрагъуэкIэ» зэджэ щIыпIэм щыIэщ дунейм жыг лъэпкъыгъуэ нэхъ ин дыдэу тетыр - «Генерал Шерман и жыгыр». Абы и лъагагъщ метр 83,8-рэ. И ныбжьыр илъэс 2300 - 2700-рэ хъууэ хуагъэфащэ. Жыгым и лIэужьыгъуэм елъытауэ, пхъэр бгъэгъущыным токIуадэ мазэ бжыгъэм щегъэжьауэ илъэс бжыгъэм нэс. ГъэщIэгъуэнщ жыг лIэужьыгъуэ къэс езым и мэ зэриIэжыр.
Поделиться:
Читать также:
14.02.2025 - 18:54 →
ДжабэщI сэтейуэ псэр дэзыхьэх
07.02.2025 - 15:13 →
ЕджапщIэр хуагъэмащIэ
05.02.2025 - 17:15 →
Студентхэр хагъэгъуазэ
24.01.2025 - 15:00 →
Мазэр ЩIым нэхърэ нэхъыжь?
27.12.2024 - 14:44 →
Глобусыр къызэрагупсысрэ куэд щIащ
|