Дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм я дэIэпыкъуэгъу«Искож» хьэблэм щаухуа, Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым щекIуэкIащ «Дыдейхэр губгъуэм къиднэркъым» зыфIаща концертыр. Ар къызэригъэпэщащ дзэ Iуэху хэхам (СВО) и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм. Концертыр траухуащ дзэ Iуэху хэхам щыIэ лIыхъужьхэм, абыхэм къулыкъу къадэзыщIа, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда щIалэхэм. Центрым и пэIущIэ пэшым щылэжьащ «Волонтерская рота Боевого братства», «Молодая гвардия Единой России», «Движение Сила в правде» зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр. Хуейхэр хэтащ дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм папщIэ Iэпщэхъу гъэхьэзырыным, хъархэр зэIущэным теухуа мастер-классхэм. «Волонтёрская рота» штабым и унафэщIым и къуэдзэ Волков Валерэ къыхигъэщащ Хэку лъагъуныгъэм теухуа зэхыхьэ куэдым зэрыхэтыр, дзэ Iуэху хэхам хэкIуэдахэм я фэеплъыр яхъумэну, нэхъыжьхэм пщIэ хуащIыным мыхьэнэшхуэ зэриIэм щIалэгъуалэр щIапIыкIыну зэрамурадыр. Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрымрэ Налшык ГъуазджэхэмкIэ и сабий школ №1-мрэ я артистхэм, Будённовск щыщу ирагъэблэгъа «Растрелянный город» гупым ягъэдэхащ пшыхьыр. СВО-м хэкIуэда лIыхъужьхэм я адэ-анэхэм фIыщIэ тхылъхэмрэ медалхэмрэ иратыжащ а махуэм. КъыжыIапхъэщ дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэм я щIыналъэ зэгухьэныгъэр мазитI ипэкIэ къызэрызэрагъэпэщар икIи мы зэхыхьэр япэу зэраублар, дяпэкIи абы къыпащэну зэрамурадыр.
Поделиться:
Читать также:
18.05.2026 - 11:36 →
Лъэпкъым и набдзэ бзылъхугъэ
18.05.2026 - 11:23 →
ИНАРЫКЪУЕЙ МАФIЭС
17.05.2026 - 11:18 →
Зэрызэмыщхьырщ щIэщыгъуэ зыщIыр
17.05.2026 - 10:33 →
Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь
14.05.2026 - 17:00 →
Щэнхабзэм и хъумакIуэ
| ||




