Да Винчи Леонардэ итхыжа псысэ, хъыбар кIэщI цIыкIухэм Iущагъышхуэ яхэлъщ. Нобэ фи пащхьэ идолъхьэ а Iуэтэжхэм ящыщ зыбжанэ, Хьэту Пётр зэридзэкIауэ.
Хьэндыркъуакъуэ цIыкIумрэ мафIэ бзиймрэ
Пшапэ зэхэуэгъуэ щIыIэтыIэм тхъэжу къыщызылъэтыхь хьэндырабгъуэ цIыкIум гу лъитащ жыжьэу къыхуэлыд мафIэ цIыкIум. Хьэндырабгъуэм занщIэу абыкIэ игъэзащ; гъунэгъу абы щыхуэхъум (ар щхьэгъубжащхьэм тет шэху уэздыгъэт), зэщIэлыдэ имыцIыху дахащэм, игъэщIагъуэу зэпиплъыхьурэ, ихъуреягъкIэ къилъэтыхьу щIидзащ.
Игу пэщыху гухэхъуэу еплъри, хьэндырабгъуэ цIыкIум игу къихьащ мафIэ цIыкIум, нэхъ гъунэгъуу зригъэцIыхуу, дэджэгуну, езым зэрихабзэу, хадэм и нэгу зыщригъэужьу, удз гъэгъа къапщIийхэм, хъыринэ щещIэм хуэдэу, уфафэу тесыну. ЛъэныкъуэкIэ тIэкIу къыIулъэтыкIщ, кIэщIу зыкъигъазэри, джэгум къыхишэ хуэдэу, мафIэ къэлыд цIыкIум блэлъэтыкIащ, мис иджы мафIэ бзий гъуэжь цIыкIум дамэкIэ йоцырхъ жыпIэу.
Ауэ зыгуэр игъэузу къыхэуэри ищхьэмкIэ дридзеящ. ЗыщIыпIэкIи мылъэтэфу, щхьэгъубжащхьэм щетIысэхри, игъэщIэгъуэжу гу лъитэжащ зы лъапэ цIыкIу зэрыфIэкIуэдар, и дамэ кIапэхэр тIэкIу зэрыписыкIар.
- Апхуэдэ щхьэ къэхъуа? – къыщыщIар зыхуихьынур имыщIэу зэупщIыжырт хьэндырабгъуэ цIыкIури, жэуап тэмэми къыхуигъуэтыфыртэкъым. Абы и фIэщ хуэщIыртэкъым апхуэдэ къаугъэншэ мафIэ телъыджэ цIыкIум и зэран къекIыну. Хьэндырабгъуэ цIыкIум, тIэкIу зыкъищIэжа нэужь, и дамэ цIыкIухэр ишэщIри дэлъэтеящ. Зыбжанэрэ мафIэ цIыкIум и щхьэщыгум зыщигъэкIэрахъуэри, Iэдэб цIыкIуу занщIэу хуэкIуащ, и гущIыIум хъыринэ щещIэн и мураду, ауэ, мафIэм къисри, зэуэ а хьилэшы бзаджэм и псэр зыхэлъ шэху пщтыр тIатIэм хэхуащ.
- Сыту угущIэгъуншэ уэ, - и къарур щIэкIыпэу къэпсэлъащ хьэндырабгъуэ цIыкIур. - Сэ ныбжьэгъуу сыпщыгугъати, си кIуэдыпIэу укъыщIэкIащ. ИкъукIэ гувауэ къызгурыIуэжащ узэрыдзыхьщIыгъуэджэр, узэрыбзаджащIэр! Си сабиигъэм, си зэхэщIыкIыншагъэм сытекIуэдэжащ…
- Хьэндырабгъуэ тхьэмыщкIэ! - нэщхъейуэ жэуап къитыжащ шэху уэздыгъэм. - Си къуаншагъэ хэлъ, сымыудз дахэу, сызэрымафIэм. Шынагъуэм ущхьэщысшыну хъыбар уэзгъэщIати, зыгурыбгъэIуакъым, укъыздэджэгун щIэбдзащ.
АIуудз
Псыежэх Iуфэ щхъуантIэм деж аIуудз дахащэ къыщыкIащ. Адрей губгъуэ удз дахэ псоми, пщIэшхуэ хуащIу, я щхьэхэр хуагъэщхъырт, абы и гъуэзэджагъым я жьауэ къудейкIэ ецырхъыну фIэлIыкIхэу. Езыми, и пкъыфIагъэр игъэлъагъуэ щIыкIэу, зыхишауэ, гуфIэжу жьыбгъэм дэщэнауэрт; емызэшыжуи псым къыхэщ и теплъэм гухэхъуэу еплъыжырт. АIуудзым и дахагъэм итхьэкъуа псы толъкъунхэм ар къыдахьэхыу зыIэрагъэхьэну мурад ящIащ.
Мыгувэуи фIэфIыныгъэ иным зэщIиубыда псыежэхыр, и тхъурымбэхэр ипхъыу, къэкъуалъэу щIидзащ. Толъкъунхэр, зыпэмылъэщыж гухэлъым кърихуэкIыу, кIуэ пэтми пIейтейхэрт. Езы удз гъэгъар-щэ – псыежэхым къриутх ткIуэпсхэр фIэмыIуэхуу, бгъэдыхьэпIэншэрэ пагэу, нэхъри зигъэдахэу, зригъэхъуапсэу, и пкъы лантIэр игъэуфафэрт. Толъкъунхэми нэхъри псы Iуфэ нэпкъым къеуэу щIадзащ, псыр къытраутхэрэ щIалъэсыкIыу. ИкIэм-икIэжми, псы Iуфэ бжьэпэ цIыкIур, архъуанэм хэкIэрахъуэу, къригъэщэтэхащ, щхьэзакъуэ удз гъэгъа дахащэри здыщIилъафэу.
Дэмрэ тхьэгъуш еуапIэмрэ
Къуаргъым, зыщIыпIэ зы дэ къыщиугъуейри, зыхуэарэзыжу тхьэгъуш еуапIэм лъэтащ. Абы тыншу щытIысри, къигъуэтар лъакъуэмкIэ иIыгъыу, и купщIэ IэфIыр кърихын мурадыр иIэу, и пэмкIэ еуэу щIидзащ. Ауэ, иныIуэу еуа е хуэмышэрыуарэ, сытми, дэр, и лъакъуэм щIэкIэрэхъукIри, ежэхри къэча блын зэхуакум дэбзэхащ.
– Уоу, угъурлыуэ блын-къыщхьэщыжакIуэ! – гъынанэу къэтхьэусыхащ дэр, къуаргъыпэм и удын гущIэгъуншэм иджыри и фэ къримыгъэхьэжар. – СыхыумыгъэкIуадэ, гущIэгъу къысхуэщI! Уэ апхуэдизкIэ убыдэщ икIи утеплъафIэщ, уи тхьэгъуш еуапIэри апхуэдизкIэ гъуэзэджэщи… КхъыIэ, сумыхужьэж!
Тхьэгъушхэм, мыарэзыуэ, дэгу-дэгуу вуун щIадзащ, шынагъуэ къызылъыкъуэкIынкIэ хъуну хьилэшы бзаджэ дэм дзыхь хуимыщIыну хъыбар ирагъащIэ щIыкIэу.
– Гузэвэгъуэм сыкъыхэш, щхьэегъэзыпIэншэу сыкъыумыгъанэ, сызэшэлIэж! – и тхьэусыхафэр иухыртэкъым дэм, тхьэгъушхэм я губжь макъыр щIихъумэн гугъэр иIэу. – Сэ си чэзур къэсат, сыкъыщалъхуа, сыкъыщыхъуа си къудамэр къэзгъанэу, щIы псыIэм сыкъыхэхуэн хуейуэ. Ауэ а сыхьэтым ирихьэлIэу бзаджащIэр къыстеуащ. Ныбаблэ къуаргъыжьым сыщыжьэдэхуэм, псалъэ быдэ стащ: ажалым сыIэщIэкIмэ, къысхуэнэжа си гъащIэ тIэкIур щэху дыдэу зы кумб цIыкIу гуэрым сису згъэкIуэну…
Дэм и псалъэмакъ гуащIэм блыныр, и нэпсыр къыфIыщIихуу, къигъэгумэщIащ. Тхьэгъушхэм дэр зэрыдзыхьщIыгъуэджэр къызэрыраIуэкIари къримыдзэу, хьэщIагъэ ирихыну, зыщIэкIэрэхъуа къэча и дазэм щыпсэуну хуит ищIащ.
Ауэ, зэман куэди дэмыкIыу, кIуэдыну гузэвэгъуэ зытелъа дэр и фэ къихьэжащ, и щытыкIэщIэм есэжри лъабжьи иутIыпщащ. Лъабжьэхэри, зыхыхьэф къамыгъанэу, хьэщIэхуэфI блыным хыхьэу щIадзащ. Арыххэу, япэ къэкIыгъэхэри дазэм къыдэплъащ. Абыхэм, зэгурыIуэу, зэдэууэ заIэтыну хущIэкъуурэ, къару ягъуэтащ. ТIэкIу дэкIыжри, дэм къыдэжа къудамэщIэхэр, дэшхуей хъуауэ, загъэпагэу езы тхьэгъуш еуапIэм щхьэщыкIыжащ.
Псом хуэмыдэу блыным къеныкъуэкъурт дэшхуейм и лъабжьэхэр. Абыхэм, ерыщу дазэхэм зыхаукIэурэ, нэхъри зэбгрыкIырт. Апхуэдэурэ куэд щIауэ зэтралъхьа блыныр ягъэхъейрт, зэтрагъэщахэрт, гущIэгъуншэу чырбышхэмрэ мывэхэмрэ къыхаудырт.
Блыным икъукIэ гувауэщ къыщыгурыIуар щэхурэ мамыру псэуну зи тхьэрыIуафэ дэ фэншэжь цIыкIур апхуэдэу егъэлеяуэ зэрыхьилэ бзаджэр. Иджы блын тхьэмыщкIэм зыри къыхуэнэжатэкъым, Iущыгъэ зыхэлъ тхьэгъуш макъхэм зэремыдэIуам хущIегъуэжауэ, и щхьэ мыгъуагъэ хуихьыжу, и жыIэзыфIэщагъэм хуэшхыдэжу, и кIэух махуэхэм ежьэн фIэкIа.
Езы дэшхуейр-щэ? Ар, кIуэ пэтми къызэтещахэ, хьэщIагъэ къезыха тхьэгъуш еуапIэри къыфIэмыIуэхужу, зигъэпагэу, и къуэпсхэр нэхъ жыжьэ идзу, нэхъ быдэ ищIу, нэхъри къызэщIэрыуэрт, нэхъ ин хъурт.