Мырзэкъан Азэмэт Америкэми щытокIуэ![]() «UFC 316» зэхьэзэхуэм хыхьэ зэIущIэу США-м и Нью-Джерси штатым щыIэ Ньюарк къалэм щекIуэкIам щытекIуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ зэуакIуэ лъэщ Мырзэкъан Азэмэт. Адыгэ щIалэм къыпэщIэтащ Бразилием и спортсмен Рибейрэ Брендсон, ауэ зэIущIэм и япэ раундым ар нокауткIэ абы къыфIихьащ. Апхуэдэ щIыкIэкIи, Мырзэкъаным и текIуэныгъэхэм пищащ: иджы ММА-м 15-рэ, UFC-м - 5-рэ щытекIуащ, абыхэм ящыщу 11-м зэхьэзэхуэм хухаха зэманхэр и кIэм нимыгъэсу. Езыр зэи къыхагъэщIакъым.
Поделиться:
Читать также:
25.03.2026 - 14:55 →
Шэчэрыщхьэ къыдохутэ
25.03.2026 - 11:55 →
Спорт хъыбархэр
05.03.2026 - 15:26 →
Бахъсэндэсхэм спортым ехъулIэныгъэфIхэр щаIэщ
03.03.2026 - 15:00 →
Щхьэлыкъуэ и хьэщIэ лъапIэхэр
24.02.2026 - 12:59 →
ТIури домбеякъыу
| ||






