НэхъыщIэхэри нэхъыжьхэри зэпоуэ![]() Физкультурникым и махуэр ягъэлъапIэу, Налшык къалэм и «КАИССА» шахматымкIэ еджапIэм зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ шахматым дихьэх балигъхэмрэ сабийхэмрэ, псори зэхэту I20-рэ икIи шахматымкIэ яIэ разрядхэмрэ рейтингым щаIыгъ увыпIэхэмрэ ятещIыхьауэ гуп-гупу ягуэшауэ щытащ. ГъэщIэгъуэну икIи удэзыхьэхыу екIуэкIа зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр къыщахьащ Щомахуэ Резуан, Чылар Динур, Темрокъуэ Амир, Шэрий Камеллэ, Чылар Умар, Абаевэ Тамилэ, Къул Къантемыр, Рехвиашвили Эллэ, Аджаматовэ Аидэ, Темрокъуэ Темыр, КIыщ Идар сымэ.
Поделиться:
Читать также:
23.08.2026 - 14:40 →
Зэдэхьыгъуейщ кубокри зэпеуэри
05.07.2026 - 13:26 →
УафэхъуэпскIыу зэщIэлындащ Инал
30.05.2026 - 12:52 →
Тхум щыщу зыр дыщэу
17.05.2026 - 12:36 →
Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр
26.04.2026 - 12:26 →
Къэзан екIуу зыкъыщагъэлъагъуэ
| ||





