ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР

Путин Владимиррэ Эрдогъан Тайипрэ телефонкIэ зэпсэлъащ

Урысей Федерацэмрэ Тыркумрэ я Президентхэу Путин Владимиррэ Эрдогъан Тайипрэ шыщхьэуIум и 17-м телефонкIэ зэпсэлъащ. Къэрал унафэщIхэм нэхъыщхьэу и гугъу ящIащ Ливием щыIэ щытыкIэм, Сирием терроризмэм щыпэщIэтыным зэдегугъуным, КъуэкIыпIэ Гъунэгъум къыщыхъей къаугъэхэр зэтеуIэфIэжыным. Апхуэдэуи щхьэхуэу тепсэлъыхьащ Тыркум зыщызыгъэпсэху урысей туристхэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным ехьэлIа Iуэхухэм.

Ливием аргуэру гуащIэу зэрыщызэпэщIэувэжам зэригъэгузавэр къыхагъэщащ къэрал унафэщIхэм икIи лъэныкъуэхэр зэгурыгъэIуэжыным хэкIыпIэ хуэхъуну къалъытэхэри къагъэлъэгъуащ. Сирием щыIэ щытыкIэми и гугъу щащIащ зэпсэлъэныгъэм, терроризмэм ебэныным нэхъ трагъащIэу, а унэтIыныгъэм адэкIи щызэдэлэжьэным къэралым сэбэпынагъыу къыхуихьынур къыхагъэщу. Идлиб щIыналъэм теухуа зэгурыIуэныгъэхэм къыщыгъэлъэгъуахэм тетыным и мыхьэнэри гулъытэншэу къагъэнакъым.
Сату-экономикэ зэпыщIэныгъэхэм зэрызегъэубгъупхъэм, абы къэралитIми я фейдэ зэрыхэлъым и гугъу ящIащ.
«Урысейм икIыу кхъухьлъатэхэр Тыркум и Анкара, Истамбыл къалэхэм кIуэ зэрыхъужам, апхуэдэуи а хэкум и зыгъэпсэхупIэхэм ди къэралым щыщ куэд зэрыкIуэм къыхэкIыу, Путиным къыхигъэщащ Тыркум щыIэ урысейхэм я санитар-эпидемиологие шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынми мыхьэнэшхуэ зэриIэр», - щыжеIэ къэралым и Президентым и пресс-IуэхущIапIэм зэбгригъэха хъыбарегъащIэм.
ЗэIущIэм апхуэдэуи щытепсэлъыхьащ коронавирус узыфэ зэрыцIалэм пэщIэтыным хуэгъэзауэ къэралхэм щызэфIагъэкI Iуэхухэм, УФ-м вакцинэ зэрыщызэхалъхьам икIи а унэтIыныгъэм щызэдэлэжьэнми зэрителъхьэр жаIащ.

Жыг нэхъыбэ хасэну къыхураджэ

Псори дыщыгъуазэщ хьэуар иужьрей илъэсхэм нэхъ хуабэ зэрыхъум, а зэхъуэкIыныгъэхэм щIыуэпсым ифI къызэрыдэмыкIуэм щIэныгъэлIхэр зэригъэгузавэм.

Зы щIыпIэм уэгъу къыщыхъуу, адрейр псыдзэм ирихыу, нэгъуэщIым мафIэсхэр щыетауэ щIэх-щIэхыурэ долъагъу. А псор и пIэм иувэжын папщIэ цIыхуцIэ зиIэм зэфIагъэкIын хуей Iуэхухэри къагъэнаIуэ ЩIым и зэхэлъыкIэр зыджхэм. Ди планетэр къызэтегъэнэнымкIэ, дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ хэкIыпIэхэм ящыщ зыуэ къалъытэ жыг нэхъыбэ хэсэныр икIи цIыхухэр къыхураджэ а Iуэхум хыхьэну.
Индием и Лакхнау къалэм абы хуэунэтIауэ иджыблагъэ къыщыхалъхьа жэрдэмыр умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. А щIыпIэм цIыху мелуанитI щызэхуэсащ, щIыуэпсым и щытыкIэм зэрызихъуэжым къишэнкIэ хъуну гузэвэгъуэр къамыгъэхъун мурадыр яIэу. Абы зызрапщытар икъукIэ лэжьыгъэшхуэщ икIи щхьэпэщ – мэкъумэш щIапIэхэм, псы Iуфэхэм, правительствэм и унэхэм я хъуреягъкIэ жыгхэр щыхасэнырщ.
ЖыгыщIэхэр яIыгъыу, коронавирус узыфэм зыщахъумэнымкIэ Iэмалхэри къагъэсэбэпу, зэрызэпэIэщIэн хуей метр бжыгъэми тету къэрал къулыкъущIэ, хабзэубзыху, волонтёр бжыгъэншэхэм еш ямыщIэу махуэ псокIэ жыгхэр хасащ. Индием мыхьэнэ нэхъыбэ дыдэ щызиIэу уващ «Жыг триллион хэсэн» Iуэхур. ИлъэскIэ узэIэбэкIыжмэ, щIэныгъэм зегъэужьынымкIэ Америкэ зэгухьэныгъэм къызэрихутамкIэ, ди ЩIым жыг триллион щыхэтсэмэ, абы щIыуэпсым и щытыкIэр зэрекIакIуэр къызэтригъэувыIэнкIэ хъунущ икIи хьэуам и хуабагъыр зэрыщытын хуейм хуэдэу и пIэм иригъэувыжынымкIи Iэмал иIэщ.
Я гур етауэ, елIалIэу жыгхэр хасами, абыхэм ящыщ псори хэмыкIэнкIэ зэрыхъунур къыхагъэщ IэщIагъэлIхэм - ирикъуу псы зэрамыгъуэтым е узыфэ гуэрхэр къазэреуалIэм йокIуэдыкI хасэхэм я процент 40 хуэдизыр. Апхуэдэу щытми, абы я лъэр щIигъэхуркъым Iуэхум яужь ихьахэм икIи адэкIи а лэжьыгъэм пащэну яужь итщ. Абыхэм я щапхъэм адрей къэралхэри ирикIуэрэ щIыр зыхуэныкъуэм хуэдиз къэкIыгъэ къыщыкIыу хуежьэжатэмэ, дунейр кIуэ пэтми нэхъ хуабэ зэрыхъум къыдэкIуэ къэхъукъащIэ шынагъуэхэр нэхъ мащIэ хъунут.

Нобэ

Гуманитар дэIэпыкъуныгъэм и дунейпсо махуэщ
Сурэтым и дунейпсо махуэщ
Афганистаным и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ
США-м и авиацэм и махуэщ
Джанэ кусэм и махуэщ. 1874 гъэм урыс флотым къулыкъу щызыщIэхэм я фащэу къащтащ кусэ щIыхухэр зыпхыкI джанэр.
1839 гъэм Санкт-Петербург къалэм пэмыжыжьэу къызэIуахащ Пулковскэ обсерваториер. Иджыпсту ар Урысей Федерацэм и астрономие IуэхущIапIэ нэхъыщхьэщ.
1887 гъэм шар гъэпщам ису зиIэтри, Менделеев Дмитрий кIэлъыплъащ дыгъэр зэрыкъуилъафэм.
1895 гъэм Лондон къыщызэрагъэпэщащ Дунейпсо кооператив зэгухьэныгъэр.
1942 гъэм Къардэн Къубатий Елъхъуэт (Осетие Ищхъэрэ) и деж бийм и кхъухьлъатитI къыщриудыхащ.
1944 гъэм Покрышкин Александр къэралым щыяпэу Совет Союзым щэнейрэ и ЛIыхъужь хъуащ.
1947 гъэм А витаминыр зэхалъхьащ.
1960 гъэм Байконур космодромым телъэтыкIащ Белкэ, Стрелкэ хьэхэр зэрыса «Спутник-5» кхъухьыр. Ар шыщхьэуIум и 20-м къэтIысыжащ.
1981 гъэм къызэрагъэпэщащ СССР-м Къэрал шынагъуэншагъэмкIэ и комитетым егъэщIылIа «Вымпел» гуп хэхар.
1991 гъэм ГКЧП-м - къэрал унафэр зыубыдыну яужь ихьа гупым - СССР-м чрезвычайнэ щытыкIэ щигъэуват.
1883 гъэм къалъхуащ фэилъхьэгъуэхэр къэгупсысынымкIэ, ахэр дынымкIэ цIэрыIуэ дыдэ хъуауэ щыта, ХХ лIэщIыгъуэм и модэм и тхыдэм лъэужь телъыджэ къыхэзына бзылъхугъэ Шанель Габриэль.
1931 гъэм къалъхуащ скульптор Уэзы Заурбэч.
1935 гъэм къалъхуащ КъБР-м, КъШР-м, АР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ БищIо Анатолий.
1949 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Къэжэр Валерий.
1946 гъэм къалъхуащ США-м и 42-нэ президенту щыта Клинтон Билл.
1965 гъэм къалъхуащ режиссёр, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Дэбагъуэ Роман.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 27 - 28-рэ, жэщым градус 15 - 18 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Зи щIыхуэ птелъым уриунэIутщ
.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ
19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ