IэнатIэм и мыхьэнэр зыхащIэу

 Мэкъумэш IэнатIэмрэ ерыскъыпхъэм елэжь промышленностымрэ я лэжьакIуэхэм я махуэр 2025 гъэм зыхуэзэр жэпуэгъуэм и 12-рщ (мазэм и етIуанэ тхьэмахуэ махуэм). Ар, Урысей Федерацэм и Президентым и УнафэкIэ, 1999 гъэм къыщыщIэдзауэ ди къэралым и щIыналъэ псоми щагъэлъапIэ. 2024 гъэм ар зыхуэзэр жэпуэгъуэм и 13-рщ.

Мы махуэм зэришэлIахэр нэхъыбэу зытепсэлъыхьыр къуажэдэсхэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэща зэрыхъурщ, я псэукIэр егъэфIэкIуэнымкIэ хэкIыпIэщIэу щыIэхэрщ.

ХадэгъэкIым, Iэщ зехуэным, мэкъумэшым пыщIа IэщIагъэлIхэмрэ ерыскъыпхъэм хэлэжьыхьыжхэмрэ (агрономхэм, инженерхэм, фермерхэм, машинэзехуэхэм, IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм) зи гугъу тщIы махуэм гулъытэ хэха хуащI. Махуэр ягъэлъапIэ мы IэщIагъэм хуезыгъаджэхэми, абыхэм я гъэсэнхэми, апхуэдэ еджапIэхэр къэзухахэми.   

Мэкъумэш IэнатIэм зэрыщехъулIэр къыщагъэлъагъуэ утыкухэр щIыналъэхэм мы махуэм къыщызэIуах хабзэщ. ЩIым елэжьхэмрэ Iэщым бгъэдэтхэмрэ, я благъэхэр ящIыгъуу, Iэнэ узэдахэм пэротIысхьэ, мэхъуахъуэхэр, унэ кIуэцIхэм гуэдз пхыр Iэрамэхэр, бэвагъым и нэщэнэу, щыпадзэ.  

Ди къэралым и щIыпIэ куэдым губгъуэ лэжьыгъэхэр и кIэм щынагъэблэгъащ. Ауэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэс псом кърикIуар щызэхэхалъхьэж пIалъэм иджыри нэсакъым.   

АрщхьэкIэ, КъБР-м и гъавэгъэкIхэм, Iэщыхъуэхэм, мэкъумэш-промышленнэ IэнатIэм пэрытхэм яхузэфIэкIам пэублэу дриплъэжмэ, дызэрыгушхуэн лэжьыгъэфI къызэрыщрахьэлIари нэрылъагъущ. Апхуэдэу, мы IэнатIэм пыщIа IуэхущIапIэ псоми къэкIыгъэ пасэмрэ хьэцэпэцэмрэ кIэрыхуншэу щызэщIакъуэжащ, зэхуахьэсыжар хъумапIэхэм щIагъэзэгъащ. Абы къыдэкIуэу, дунейм и щытыкIэм теухуауэ республикэм и губгъуэхэм етIуанэ хэгъуэми щыпащэнущ. 

2013-2025 гъэхэм тещIыхьа Къэрал программэр, мэкъумэш IэнатIэм зегъэужьыным, ерыскъыпхъэхэм я щэн-къэщэхуныр зэкIэлъыгъэкIуэным хуэгъэпсар зэгъэхъулIэным Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэри яужь зэритым шэч хэлъкъым. Къыдэгъэхуэным, IэнатIэхэр егъэфIэкIуэным тещIыхьа иджырей технологиехэр къэгъэсэбэпыным, зи къэбзагъэкIэ адрейхэм ейм къыкIэрымыху ерыскъыпхъэхэр гъэхьэзырыным, лIэужьыгъуэщIэу къыхащIыкIхэм хэгъэхъуэным, щэхуакIуэхэр къыдэхьэхыным Iуэхум пэрытхэр зэдогугъу, жытIэми дыщыуэну къыщIэкIынукъым. Ауэ щыхъукIи, республикэм и мэкъумэш IэнатIэм халъхьа мылькур псом япэу зытрагъэкIуэдар пхъэщхьэмыщхьэ, хадэхэкI хъумапIэхэр нэхъыбэж щIынырщ, жэм гъэшыфIэхэр зехьэнырщ, нэгъуэщI абы хуэдэхэрщ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIхэмрэ гъэкIынымкIэ и зэфIэкIыр дызыгъэгуфIэщ. Абы и щапхъэщ республикэм гектар мин 30-м нэблагъэм илъэс куэдкIэ къызыпыкIэну жыгхэм зэрызыщрагъэубгъуари, абыхэм я зэхуэдитIым нэхърэ нэхъыбэр псынщIэу зызыужь лъэпкъыгъуэу зэрыщытри. Ди гъавэгъэкIхэми мы гъэми къагъэлъэгъуащ зыбгъэдэт IэнатIэм и мыхьэнэр нэгъэсауэ зэрызыхащIэр, лэжьыгъэм къыпэкIуэну зыщыгугъымкIэ жэуаптакIуэ нэсу зэрыщытыр. АбыкIэ щыхьэтщ хьэцэпэцэу къагъэкIар кIэрыхуншэу зэрыIуахыжри.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэм хъыбар къызэритымкIэ, республикэм и мэкъумэш хозяйствэм адэкIи зегъэужьыным хуаутIыпщ ахъшэр ирахьэлIэ псы щIэгъэлъадэм зыщегъэубгъуным, кIэртIофыр, нэгъуэщI хадэхэкIхэр, хьэцэпэцэр нэхъыбэу къыщехьэлIэжыным, мэкъумэшыщIэхэм зэрадэIыпыкъу Iэмалхэм зыщегъэужьыным, къуажэ гъащIэр нэхъ зэгъ щыщIыным хуэгъэза Iуэхухэм.

Къумахуэ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также:

17.07.2026 - 12:26 НОБЭ
16.07.2026 - 09:00 НОБЭ
15.07.2026 - 11:25 НОБЭ