НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 21, гъубж

1994 гъэм Къэрал Думэм УФ-м и Граждан кодексыр къищтащ.

1881 гъэм къалъхуащ адыгэ пшынауэ Iэзэ, къызыхэкIа лъэпкъым и макъамэ щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр гъэбэгъуэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа Хьэгъэудж Мухьэмэд.

1937 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор ЛъэнкIэпIашэ Мусэ.

1963 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и дохутыр КIуэкIуэ Аслъэн.

1967 гъэм къалъхуащ КъБР-м и Президентым и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщIу щыта, КъБР-м ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министрым и къуэдзэу щыта Хьэгуарэ Джамилэ. 

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градуси 10 – 11, жэщым  градуси 6 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Макъ зимыIэр уэрэд хуэлъэщ.

 

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.

 

 

Поделиться:

Читать также:

13.08.2026 - 07:55 НОБЭ
12.08.2026 - 12:25 НОБЭ
11.08.2026 - 09:07 НОБЭ
07.08.2026 - 15:30 МащIэ пэтми, беягъэщ
07.08.2026 - 13:44 Нобэ