«Жэпуэгъуэр IутIыж Борис и мазэщ», - жеIэ «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ, «Жан» литературэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Заринэ. Жэпуэгъуэм и 15-м, IутIыжыр къыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу, Налшык, Пушкиным и уэрамым тет къалэ библиотекэ нэхъыщхьэм щекIуэкIащ абы и IэдакъэщIэкIхэм щытепсэлъыхьа, и усэхэм, сонетхэм, гущIагъщIэлъхэм къыщеджа зэIущIэ дахэ. Абы щызэхуэсащ «Жан» зэгухьэныгъэм хэтхэр.
- Библиотекэм тхылъ куэдрэ къытхурахьэлIэ. Хэт къытхуоупсэ, хэт гъэтIылъыпIэ иIэкъыми, ди деж къехь, хэт езым щIиджыкIахэм нэгъуэщIхэри иригъэджэну хуейщи, къыщIелъхьэ. Ди тхакIуэхэм, усакIуэхэм ятеухуа пшыхьхэр библиотекэм къыщызэдгъэпэщыну тфIэфIщ. Мис, нобэ IутIыж Борис и IэдакъэщIэкIхэм, и тхылъхэм, и гупсысэхэм ятеухуауэ литературэ плIанэпэ дахэ дгъэхьэзыращи, фыкъыбгъэдыхьэ, феплъ, гупсысэ къыхэфх. Сытым дежи фыдигуапэщ, нэхъыбэрэ фыкъеблагъэ! - жиIащ библиотекэм и унафэщI Щэрдан Эммэ.
Къаныкъуэ Заринэ зэIущIэм хэтхэм ядэгуэшащ IутIыж Борис епхауэ езым иIэ гукъэкIыжхэмкIэ. Усыгъэм, драматургием, унагъуэм, лэжьыгъэ IэнатIэм щигъэзэщIа Iуэхушхуэхэм я мыхьэнэм и инагъми къытеувыIащ.
- УсакIуэ нэсыр зыхуэдэр езы IутIыж Борис и псалъэхэмкIэ иджыри зэ зыхывэзгъэщIэну сыхуейщ, - жиIащ телевиденэм и адыгэ редакцэм щылажьэ Джэду Сэкинэт, икIи абы и гухэлъ усэ зыбжани къеджащ.
«Адыгэ псалъэ» газетым и къудамэм и унафэщI НэщIэпыджэ Замирэ къыхигъэщащ IутIыжым и IэдакъэщIэкIхэм укъыщеджэкIэ, укъэзыгъэуIэбжь телъыджэ гуэрхэм гу зэрылъыптэр, жиIащ «Жаным» и фIыгъэкIэ, иджырей адыгэ литературэм къыхыхьэ тхакIуэ ныбжьыщIэхэм я зэфIэкIхэр къызэрынаIуэр. Ар къеджащ езым нэхъыфI дыдэу илъагъу сатырхэм.
- Егъэлеяуэ си гум къыдохьэ, си псэм пэгъунэгъущ IутIыж Борис и тхэкIэр. И тхыгъэхэм яхэтщ нэщхъеирилэ куэд. Ауэ, гъэщIэгъуэнракъэ, дапхуэдизу гуузу щымытми, моуэ гъащIэм укъыхупигъэгуфIыкIрэ гугъэ гуэри къуитыжу зыгуэр яхэлъщ. Псом хуэмыдэжу зыхызощIэ Борис и гущIагъщIэлъхэр. АпхуэдизкIэ куущ ахэр, апхуэдизкIэ Iуэхугъуэ куэди къызэщIаубыдэри, гъащIэм къыпхуигъэув упщIэхэм я жэуап къыхыбохыф. «Мыр дауэ цIыхум зэрыхузэфIэкIыр, мыпхуэдэ гупсысэр апхуэдизу зыхыуигъэщIэфын щхьэкIэ, и псэм и беягъыр сыт хуэдизу щытын хуей?» - жыпIэу богъэщIагъуэ IутIыж Борис и философие гупсысэхэр. Борис и гущIагъщIэлъхэр зэрыт тхылъыр апхуэдизкIэ сэркIэ лъапIэщи, си Iэнащхьэм зэи тесхыркъым, щIэх-щIэхыури къызэIузох.
Иджы сэ сыщIохъуэпс тхакIуэшхуэм и псалъэхэр ди щIэблэм яджыну, къагурыIуэну, зэхащIыкIыну. IутIыжым и анэдэлъхубзэм, и литературэбзэм хэлъ хъугъуэфIыгъуэр ди адыгэ щIалэгъуалэм ялъысыну сахуохъуапсэ! - жиIащ «Солнышко» сабий журналым и редактор нэхъыщхьэ Жэрыщты Залинэ.
- Ди телевиденэм и адыгэ редакцэм и лэжьакIуэхэу Шурдым Жан, Джэду Сэкинэт сымэ езыхэм я фIэфIыныгъэкIэ нэтын щхьэхуэхэр ягъэхьэзыращ IутIыж Борис теухуауэ. ИкIи дызэхэтIысхьэри нэтынхэм деплъыжащ, дытепсэлъыхьащ, усакIуэ телъыджэм и сатырхэм дриплъэжащ. IутIыж Борис апхуэдизкIэ цIыху щэджащэти, зы нэтынкIи, нэтын зыбжанэкIи къыпхуэгъэлъэгъуэнукъым абы зэфIэкIыу иIар. Сигу къоуэ Борис щыпсэум и псалъэм сызэрыщIэмыдэIуар, сызэрыримыхьэлIар. Ауэ щыхъукIи, и тхыгъэхэм, и ныбжьэгъуу щытахэм, дэлэжьахэм я гукъэкIыжхэм къыбгурагъаIуэ «щэм зыщ апхуэдэу къахэкIыр», щIыжаIэм и щхьэусыгъуэр, - къыхигъэщащ тележурналист Щоджэн Лаурэ. Ар Борис и гущIагъщIэлъхэм ящыщ къеджащ.
КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Хьэмырзэ Ахьмэд ящыщщ IутIыж Борис и ныбжьэгъуну зи насып кърихьэкIахэм. Ар гукъэкIыж гуапэхэмкIэ ядэгуэшащ зэIущIэм хэтхэм.
- «НэхъыфI дыдэу слъагъу бжьыхьэм и курыкупсэм сыхэIэбэри, сэ езым къыхэсхыжащ», - жиIэу щытащ IутIыж Борис къыщалъхуа махуэм щытепсэлъыхькIэ. СынэхъыщIэ пэтми, сигъэныбжьэгъурт. Сыт хуэдэ и зы псалъэми хуэсакъырт ар. Апхуэдизу гурэ псэкIэ къабзэ цIыху адыгэ лъэпкъым къызэрытхэкIар дэркIи насыпщ. Сыту жыпIэмэ, ди акъылыр хунэсрэ ди щIэныгъэр пэлъэщмэ, Борис къызэринэкIа мылъку мыкIуэдыжыр къэдгъэсэбэпыну Iэмалрэ хуитыныгъэрэ диIэщ. НэгъуэщIыпIэ зэи щызэхыумыхын, нэгъуэщIым къипсэлъу уи нэгум къыпхущIэмыгъэхьэну псалъэхэр жиIэрт Борис. «Сыт сэ мы сымаджэщым щысщIэр? Сыдогупсысей, сыкъогупсысэх, сыкIуэцIрогупсысыкI, сыкъыкIуэцIрогупсысыкIыж»… Мис мыпхуэдэурэ псалъэрт.
Хьэмырзэ Ахьмэд жиIащ «Анэпсэ» усэр нэхъыфI дыдэу илъагъухэм зэращыщыр икIи абы зэIущIэм къыщеджащ.
ЗэIущIэм и кIэухым Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и институтым и студент, усакIуэ ныбжьыщIэ Iэпщэ Анзор игу Iэпих зы бжыгъэ жиIэщ, абы техуэ напэкIуэцIыр IутIыж Борис и усэ тхылъым къыщызэIуихри, къеджащ.