НОБЭ

 

ЩэкIуэгъуэм и 10,  блыщхьэ

Мамырыгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ яхуэлажьэ щIэныгъэм и дунейпсо махуэщ

Бухгалтерым и дунейпсо махуэщ

ЩIалэгъуалэм я дунейпсо махуэщ

Урысей Федерацэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я лэжьакIуэм и махуэщ

1741 гъэм Черкасский Алексей (адыгэпщ) Урысейм и канцлеру ягъэуващ.

1926 гъэм къалъхуащ шыхъуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Къалмыкъ Хьэжмурат.

1933 гъэм къалъхуащ журналист, тхакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и къудамэм и унафэщIу илъэс куэдкIэ щыта Шыбзыхъуэ Мухьэдин.

1947 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэмкIэ  доктор, КъБКъУ-м и ректору щыта, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къарэмырзэ Барэсбий.

1964 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор Шал Тимур.

 

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэфIу  щыщытынущ.  Хуабэр махуэм   градус 18 - 19, жэщым градуси 8 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Нэрылъагъу щытхъу щIыбагърыубщ.

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.

 

Поделиться:

Читать также:

11.06.2026 - 16:00 НОБЭ
10.06.2026 - 10:42 НОБЭ
09.06.2026 - 07:23 НОБЭ
08.06.2026 - 12:17 НОБЭ
05.06.2026 - 12:20 НОБЭ