Хэт хуэмейр губзыгъафэ къытеуэну? Тхылъым а Iэмалыр уемыджэххэуи къует. Уи блэгущIэм том хьэлъэ гуэр щIэлъу узэхэзекIуэмэ, къуаплъыну фэмрэ ауэ сытми Iэпкълъэпкъыр зэрыбгъэнщI гуэр пIыгъымрэ зэхуэдэкъым, дауи. Армырамэ, сыт тхылъ емыджэм ар зэрищIынур? Хьэмэ ахэр къыщIидыгъунур? Пэжщ, тхылъым уасэ езытым ирищэжын папщIэ!
Жыжьэ къыщыщIэддзауэ дызэкIуалIэ темэр Европэм тхылъ лъапIэхэр зыдыгъу гуп цIыкIу къызэрыщаубыдарщ. 2022-2023 гъэхэм къриубыдэу, абыхэм къэрал зыбгъупщIым я библиотекэхэм доллар мелуанищым нэблагъэ зи уасэ пасэрей къыдэкIыгъуэхэр къыщIахащ. «Европэ библиотекэхэм урыс классикхэм я тхылъи 170-рэ щIадыгъукIащ, доллар мини 3,3-м нэс хэщIыныгъэ ирату, - етх «Гардиан» инджылыз газетым. – Тхылъ кIуэдахэр зи IэдакъэщIэкIыр нэхъыбэу Пушкин Александррэ Гоголь Николайрэщ. Тхылъхэр щIэкIуэдыкIащ Германием, Латвием, Литвам, Польшэм, Финляндием, Франджым, Эстонием я библиотекэхэм».
ХъунщIакIуэхэм я IэбэкIэр къащIа нэужь, хабзэхъумэхэр абыхэм я лъэужьым теуващ. ЦIыхуитI зэгурыIуэрт, дэфтэр нэпцI яIыгъыу библиотекэм щIыхьэрти, тхылъ хъумапIэхэм пасэрей къыдэкIыгъуэхэр къыщIрагъэхырт япэщIыкIэ. Зыр библиотекэм и лэжьакIуэм дэуэршэрыху, адрейм тхылъхэр щIихырт. Я щхьэм теухуауэ жаIэж хъыбархэм къэрал къэс зыщихъуэжырт: Хельсинки кIуэмэ, дыполякщ, жаIэрт. Ригэ дэт библиотекэхэм щIыхьэмэ - Украинэм щтапIэ дыкъикIащ, Урысейм и тхыдэр дджыну щыжаIэрт. Варшавэ кIуэмэ – словакыу зыкъыщагъэлъагъуэрт.
2022 гъэм Латвием и хабзэхъумэхэм ДНК анализыр къагъэщхьэпэри, Церекидзе Беку жыхуаIэ гуэрым гурыщхъуэ хуащIын щIадзащ, Куржым щыщу. Тхылъыжьхэр зэрызэрагъэпэщыж Iэмэпсымэхэм нэмыщI, абы къыкъуахащ Вильнюс, Киев, Мюнхен, Париж дэт библиотекэхэм зэрыщIыхьэну тхылъаджэ билет зыбжанэ. Хьэпшып гъуэтыгъуейхэм сату къыхэзыщIыкIхэм яхэту, ар нэхъ пасэми яубыдауэ щытащ. Ауэ унафэ къыхуэзыщIар иджыри къахуэгъуэтакъым.
2023 гъэм Польшэм и хабзэхъумэхэм иджыри цIыхуитIым гурыщхъуэ хуащIын щIадзагъащIэу, 2024 гъэм Литвар, Польшэр, Франджыр, Швейцариер, Куржыр къызэщIэзыубыдэ хабзэхъумэхэм я зэгухьэныгъэ къызэрагъэпэщащ. Лэжьэн зэрыщIадзэу, абыхэм къащIащ Церекидзе Таллин дэт библиотекэхэм я зым XIX лIэщIыгъуэм къыдэкIа, Пушкин Александр и тхылъи 10 къызэрыщIихар. ХъунщIакIуэм тхылъхэм ятегъэпщIа, ахэр щыщIихкIэ къызэраубыдыфыну малъхъэдис дамыгъэхэр якIэрихат, ауэ пасэрей тхылъхэм я нэхъыбэм ахэр трагъапщIэркъым, тхылъымпIэр зэрытIасхъэм, тхылъыр зэпкърыхункIи зэрыхъунум къыхэкIыу.
Евросоюзым хиубыдэ къэралийм урыс классикхэм я тхылъхэр къыщадыгъуауэ цIыхуитху къаубыдащ 2025 гъэм и кум. Суд пащхьэм ирашауэ ягъэкъуаншэхэм яз Гоголадзе Аннэ зыкъиумысащ Варшавэ апхуэдэ Iуэху зрыщригъэкIуэкIамкIэ. Абы зэрыжиIэжамкIэ, къаIэрыхьа тхылъхэр нэгъуэщIхэм иратыжырти, езыхэм гугъуехьыпщIэ тIэкIу кърату аркъудейт. Апхуэдэ щIэпхъаджащIэ гупхэр езыхэр зэрызэныкъуэкъужым къыхэкIыу, тхылъ лъапIэ къадыгъуахэм я ныкъуэр нэпцIу къыщыщIэкIыжи къэхъуащ.