НОБЭМазаем и 12, махуэку ЩIэныгъэмрэ гуманизмэмрэ я дунейпсо махуэщ 1929 гъэм Налшык щIыпIэ мыхьэнэ зиIэ курорт хъуащ. 1957 гъэм Кавказ Ищхъэрэм щыяпэу Налшык телевиденэм лэжьэн щыщIидзащ. 1884 гъэм къалъхуащ Тыркум щыпсэуа адыгэ тхакIуэ, дунейпсо литературэм и классикыу къалъытэ Хьэткъуэ Умар (Омер Сейфеддин). 1944 гъэм къалъхуащ усакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Къэшэж Иннэ. 1948 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ артист Мэремыкъуэ Хъусен. 1958 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, УФ-м профессиональнэ щIэныгъэмкIэ и IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ТекIуий Мадинэ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэфIу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 4 - 5, жэщым щIыIэр градуси 3 - 5 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Джэду здэщымыIэ дзыгъуэр щоятэ.
Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:
Читать также:
11.03.2026 - 09:00 →
НОБЭ
10.03.2026 - 12:25 →
НОБЭ
06.03.2026 - 07:46 →
НОБЭ
05.03.2026 - 10:44 →
НОБЭ
04.03.2026 - 20:39 →
ЩIыпIэ дэгухэм я махуэ
| ||




