Си адэм и фIыщIэ![]() Насып нэхъ ин дыдэу къызэуэлIахэм ящыщщ Тубай Мухьэмэдрэ ДыщэкI КIунэрэ я унагъуэм сыкъызэрыщалъхуар. Апхуэдэ псалъэхэр дэтхэнэ зы къуэми, пхъуми хужыIэну къыщIэкIынщ, ауэ егъэлеяуэ адэ-анэфI, зэгурыIуэрэ зэрылъытэрэ я кум дэлъу, сиIащ. Илъэс тIощIрэ тхурэ сыхъуу арат си адэр дунейм щехыжам. Куэдрэ къэслъыхъуащ ар сэ, нобэми сыхуэныкъуэщ. Ауэ сыт пщIэн, гъащIэм и хабзэр аращ. Зэи къэхъуакъым папэ и макъыр къыщысхудришея, уеблэмэ щIалэ цIыкIухэми ящIэкIиертэкъым ар. Нэхъ гъэса, зэпIэзэрыт, цIыху лъагъугъуафIэ уигъэлъыхъуэну апхуэдэт.
Поделиться:
Читать также:
05.07.2026 - 13:00 →
Театр сурэтыщIым и IэдакъэщIэкIхэр
28.06.2026 - 12:00 →
ТхакIуэхэм я щIэнIуатэ
26.06.2026 - 13:00 →
Анэм и гъуапэр пхъум и пщампIэщ
18.06.2026 - 17:00 →
Гуащэ телъыджэхэр зи IэрыкI
17.05.2026 - 10:33 →
Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь
| ||





