НОБЭ

Мазаем и 20, мэрем
ЦIыхухэр зэхуэгъэдэным и дунейпсо махуэщ 
1975 гъэм Хьэуам зыщыхъумэжынымкIэ дзэхэм я махуэр ягъэуващ.
1940 гъэм Налшык къалэм IэфIыкIэ щащI фабрикэ къыщызэIуахащ.
1897 гъэм къалъхуащ адыгей тхакIуэ Теувэж Хьэбиб. 
1935 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессору щыта Гъащтэ Абдул. 
1942 гъэм къалъхуащ композитор, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтым и лауреат, жылагъуэ лэжьакIуэ ХьэIупэ ДжэбрэIил. 
1951 гъэм къалъхуащ генерал-лейтенант, экономикэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Москва и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгейм и щIыхь» медалыр зрата Дзыбэ Мусэ. 
1952 гъэм къалъхуащ Адыгэ Республикэм, КъБР-м щIыхь зиIэ я артисткэ БжэIумых Барисэт. 
1979 гъэм къалъхуащ «Iуащхьэмахуэ» журналым жэуап зыхь и секретарь, «Адыгэ псалъэ» газетым и къудамэм и редактор Истэпан Залинэ. 
Дунейм и щытыкIэнур 
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэфIу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 8 - 9, жэщым щIыIэр градус 0 - 3 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Уэшх блэкIам щIакIуэ кIэлъумыщтэж.
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

03.09.2026 - 09:30 НОБЭ
02.09.2026 - 12:00 НОБЭ
01.09.2026 - 09:00 НОБЭ
31.08.2026 - 14:15 НОБЭ
28.08.2026 - 12:10 НОБЭ